Шылэм дыщэпскIэ хэдыкIауэ

Азербайджаным щыщ сурэтыщI Мамедзаде Тунзалэ и IэдакъэщIэкI телъыджэм муслъымэн дунейр итхьэкъуащ. Бзылъхугъэм шылэ хъа­рым дыщэпскIэ къурIэныр зэ­ры­щыту хидыкIащ.
Абы шылэу метр 50, дыщэ, дыжьын лэчу литрррэ ныкъуэрэ ихьащ. Тунзалэ а гукъэкI дахэр къы­щыхуэкIуар Истамбыл дэт Мармарэ Университетым тхыдэмрэ гъуазджэхэмкIэ я доктор щыхъуарщ. И интервьюхэм ящыщ зым абы щыжеIэ диссертацэр итхыху иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм КъурIэныр шылэм нэхъапэкIэ зыми къызэрыхимы­щIы­кIар къыщищIэу, абы зэрытегушхуар.
«Си япэ КъурIэныр шылэм къы­хэщIыкIащ, абы Iеягъэ лъэпкъ хэс­лъагъуэркъым, езы Тхылъ ЛъапIэма щэкIыр дурысу итщи», - жеIэ бзылъхугъэ IэпэIэсэм. ИлъэсищкIэ елэжьащ ар тхылъым. Абы хьэрыпы­бзэр фIыуэ зэрищIэм лэжьыгъэр щигъэпсынщIащ.
«Лэжьыгъэр нэхъ псынщIэу нэзгъэсыну сыщIэхъуэпсырт. Ар зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ си IэрыкIщ. Алыхьым фIыщIэ хузощI ар къызэ­рыздигъэпсынщIам папщIэ. Сына­сы­пы­фIэщ, шылэм къыхэщIыкIа япэ ­КъурIэныр схуэщIащи».
НапэкIуэцIхэм я бгъуагъыр см 29-рэ, лъагагъыр 33-рэ мэхъу. Ар тритхы­кIащ Тыркум дин IуэхухэмкIэ и комитетым егугъуу щахъумэ КъурIэным.

Инэрокъуэ Данэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.