Шэч хуащI
КъБР-м щыIэ МВД-м Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и управленэмрэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм и Тэрч щIыналъэ къудамэмрэ я лэжьакIуэхэм зэгъусэу ирагъэкIуэкIа оперативно-къэлъыхъуэныгъэхэм япкъ иткIэ яубыдащ Прохладнэ щIыналъэм щыщ зи ныбжьыр илъэс 39-м ит нэхъапэм суд зытращIыхьа цIыхухъур.
Ар федеральнэ къэлъыхъуэныгъэм щыIащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы Ставрополь щIыналъэм щIэпхъаджагъэ щилэжьыну хэтащ.
Яубыдар къэлъыхъуэныгъэр зэхэзыублахэм иратащ.
Экстремизмэмрэ терроризмэмрэ щахъумэ
Экстремизмэмрэ терроризмэмрэ къэмыгъэхъуным ехьэлIа зэIущIэхэр КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм Шэджэм къалэм и курыт еджапIэхэм щрагъэкIуэкIащ.
КъБР-м щыIэ МВД-м Экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и центрымрэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм и Шэджэм щIыналъэ къудамэм Балигъ мыхъуахэм ядэлэжьэнымкIэ и IэнатIэмрэ я лэжьакIуэхэм лекцэхэмрэ зэпсэлъэныгъэхэмрэ драгъэкIуэкIащ Шэджэм къалэм и СОШ №1-мрэ «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр коллледж» егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм и Шэджэм къудамэмрэ. Ахэр хеубыдэ щIалэгъуалэм экстремизмэм гущыкI хуегъэщIыным ехьэлIауэ къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм.
ЗэIущIэм хэтхэм зыхуигъэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м Экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и центрым и лэжьакIуэ полицэм и подполковник Геккиевэ Маринэ. НыбжьыщIэхэр абы щыгъуазэ ищIащ экстремизмэмрэ терроризмэмрэ зищIысым икIи апхуэдэ щIэпхъаджащIэхэм пэIэщIэ зыхуащIыну къыхуриджащ.
Хабзэм и хъумакIуэхэм еджакIуэхэм къыгурагъэIуащ социальнэ сетхэм щынагъуэ ин къазэры- пкъырыкIыр. Интернетыращ щIэпхъаджащIэхэм зыхашэнухэр нэхъыбэу къыщалъыхъуэр.
НыбжьыщIэхэм гурагъэIуащ экстремизмэмрэ терроризмэмрэ зылэжьхэм яхь тезырыр зыхуэдэр. ХьэщIэхэм ахэр къыхураджащ щIэныгъэм, спортым, гъуазджэм зыдрагъэхьэхыну.
ХьэщIэхэм еджакIуэхэм тыгъэ хуащIащ футболкэхэр, бейсболкэхэр, экстремизмэр щымыгъэIэным ехьэлIа къыхуеджэныгъэхэр къызытещ нэгъуэщI хьэпшыпхэр. Абы иужькIэ ныбжьыщIэхэм флешмоб къызэрагъэпэщащ, мамырыгъэм зэрителъхьэр къыхагъэщу.
Зи ныбжьыр илъэс 55-м щIигъуахэм папщIэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпащэ киберпцIыIуэпцIышэхэм япэщIэт «Ликбез выходного дня» Iуэхугъуэхэр. Ахэр нэхъыбэу яхуэунэтIащ зи ныбжьыр илъэс 55-м щIигъуахэм.
Полицэм и участковэ уполномоченнэхэм Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и пенсионерхэм гурагъаIуэ интернет пцIыIуэпцIышэхэм зэрызэщахъумэну щIыкIэр. Апхуэдэ лэжьыгъэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Тырныауз къалэмрэ Былым къуажэмрэ.
Хабзэхъумэхэм цIыхухэр къыхураджащ сакъыну. Щапхъэхэр къыхуахьыурэ, ирагъэщIащ пцIыIуэпцIышэхэм зэрапэщIэтыфыну Iэмалхэр. Къапщтэмэ, чэнджэщ иратащ ямыцIыхухэр телефонкIэ къэпсэлъамэ езыхэм ятеухуа, я банк картэхэм ехьэлIа хъыбархэр жрамыIэну.
Полицейхэм зэIущIэм хэтахэм буклет цIыкIухэр иратащ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ киберпцIыIуэпцIышэхэм нэхъыбэрэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ апхуэдэхэм зэрапэщIэтыну щIыкIэмрэ.