ЩIыналъэхэр зэпещIэ

ЕгъэджэныгъэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, Iуэху зэдэщIэнымкIэ урысей зэгухьэныгъэм (Истамбыл къалэм) щекIуэкIащ «Урысейм хыхьэ Кавказыр зыдогъэ­цIыху» ещанэ дунейпсо щIалэгъуалэ зэхыхьэм и презентацэр. 2020 гъэм «Урысейм хыхьэ Кавказыр зыдогъэцIыху» проектым текIуэныгъэ къыщихьащ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм къызэригъэпэщ урысейпсо зэхьэзэхуэм.
Проектыр къызэрагъэпэщащ Къэрал Думэм СНГ-м и Iуэхухэмрэ ди лъэп­къэ­гъу­хэм я зэпыщIэныгъэхэмкIэ и эксперт-чэнджэщакIуэ советым хэт Къаскъул Аслъэнрэ МГИМО-м политикэ теориемкIэ и кафедрэм и доцент Ваславская Янэрэ я жэрдэмкIэ. Ар ирагъэкIуэкI УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолий и дэIэпыкъуныгъэкIэ.
УФ-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и ми­нистр Лавров Сергей Быф Анатолий къы­хуитха тхыгъэм итщ: «Мыпхуэдэ Iуэху­гъуэхэр зэрыщхьэпэм сэри щыхьэт сыте­хъуэфынущ, псом хуэмыдэу Кавказ лъэп­къхэм щыщ куэд Тыркум зэрыщыхэхэсыр къэплъытэмэ. АдэкIи дыхьэзырщ апхуэдэ жэрдэмхэр вдэтIыгъыну».
Быфым къыхигъэщащ: «Проектым къэ­рал зэмылIэужьыгъуэхэм щеджэ студент куэдым Iэмал ярет Кавказ Ищхъэрэм къэкIуэну, ди щIыналъэ хъугъуэфIыгъуэхэм зыщагъэгъуэзэну, ди лъэпкъ щэнхабзэхэр зрагъэцIыхуну, апхуэдэуи еджапIэ нэхъыщхьэхэр я зэфIэкIхэмкIэ зэдэгуэшэну. ЩIалэгъуалэм езым я нэкIэ ялъэгъуа нэужь, Кавказыр нобэ зыхуэдэ хъуам теухуауэ я Iуэху еплъыкIэ яIэж мэхъу».
Видеоконференц мардэм тету екIуэкIа форумым хэтащ КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтымрэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетымрэ щIэсхэр. Iуэхум хэтахэр тепсэлъыхьащ Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэдэлажьэм ипкъ иткIэ къыхалъхьэ дунейпсо щIалэгъуалэ проектхэр къызэрызэрагъэпэщыпхъэмрэ зэрырагъэкIуэкIымрэ теухуа щхьэхуэныгъэхэм. Псори зэдэарэзы хъуащ Тырку Республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студенти 10 «Урысейм хыхьэ Кавказыр зыдогъэцIыху» ещанэ щIалэгъуалэ форумым хэтыну къызэрагъэлъэгъуам теухуауэ. Ар Налшык къалэм дыгъэгъазэм и пэм щекIуэкIынущ. Форумым и презентацэхэр зэман гъунэ­гъум щрагъэкIуэкIыну я мурадщ Сеул, ­Токио къалэхэми.

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.