Я гур дыхохъуэ

Мы лъэхъэнэм дэнэкIи щагъэлъапIэ ЕгъэджакIуэм и махуэр. Я IэщIагъэм ­ епха махуэшхуэмкIэ егъэджакIуэхэм йохъуэхъу я нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэр, ныбжьэгъухэр, благъэхэр. Я унэтIакIуэхэр ящыгъупщэркъым курыт школхэр нэхъапэIуэкIэ къэзыухахэми. Абы и щапхъэщ Налшык и зыгъэпсэхупIэ паркым тхьэмахуэ махуэм щыIа зэхуэзэр.
Урысейпсо ЦIыхубэ Фронтым (ОНФ) Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и лэжьыгъэм жыджэру хэт щIалэгъуалэр я егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ я IэщIагъэм епха махуэшхуэмкIэ, тыгъэ гуапэхэри ­хуащIащ. Абыхэм паркым ирагъэблэгъащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм илъэс 30-м щIигъуауэ пэрыт, курыт школхэм физкультурэр щезыгъэдж нэхъы­жьыфIхэр. ШколакIуэхэмрэ школыр нэ­хъапэIуэкIэ къэзыуха зи щIалэгъуэхэмрэ хьэуа къабзэм къыщызэрагъэпэщащ ­дерс зэIуха, я егъэджакIуэхэм далъэгъуа Iуэху ­зехьэкIэм тету. Дерсым хиубыдахэм ящыщщ илъэс 30-кIэ школым щылэжьа я егъэджакIуэхэм папщIэ 30-рэ ­етIысэ­хыныр, дэлъеиныр, нэгъуэщIхэри.
Я егъэджакIуэхэм фIыщIэ псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ ныбжьыщIэхэм, узыншэу иджыри куэдрэ лэжьэну яхуэупсэу.
-ФизкультурэмкIэ дерсхэм гулъытэшхуэ щыхуэдмыщIаи къэхъуагъэнущ дыщысабийм щыгъуэ, арщхьэкIэ иджыпсту дыщIохъуэпс апхуэдэ дакъикъэхэм икIи зэ­- ман зэрыдиIэу, ди узыншагъэр зэредгъэ­фIэ­кIуэным дыхущIокъу, - жиIащ Iуэхум и жэрдэмщIакIуэхэм ящыщ Мэкъуауэ ­Ислъам. - Физкультурэмрэ спортымрэ фIыуэ дэзыгъэлъэгъуа ди егъэджа­кIуэфIхэм фIыщIэ ин фхудощI щIэблэм ядевгъэкIуэкI лэжьыгъэ щхьэпэм пап­щIэ. Фи гъэсэнхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэм фи гур дыхэхъуэу куэдрэ Тхьэм фигъэлажьэ.
НыбжьыщIэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ гуа­пагъэ яку дэлъу зыгъэпсэхугъуэ зэманыр ягъэкIуащ. Iуэхум и кIэухыу фэеплъ сурэтхэри зытрагъэхащ.

Тамбий Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.