Мэзхэр къабзэу гъэ щIэгъэкIыным хуэунэтIауэ

Жыгхэр хъуа хъун, бэгъуэн пап­щIэ мэзхэм зэпымыууэ уи нэIэ ятетын зэрыхуейр зым и дежкIи щэхукъым. Аращи, республикэм и мэз IуэхущIапIэхэм агротехникэм къигъэув лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI.
Жыг хасагъащIэхэр тэмэму хэкIэн папщIэ сатыр зэхуакухэм техникэкIэ елэжьын, жыг зэхуакухэр IэкIэ дэпщIыкIын, гъэщэбэн хуей мэхъу. А псори хуэгъэзащ жыгхэм нэхъ псынщIэу заужьыным, мэзхэр уэру къызэщIэувэным.
Республикэм и мэз хозяйстви­бгъум илъэсым къриубыдэу псори зэхэту апхуэдэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIынущ гектар миным. А лэжьыгъэхэр мы зэманым зэфIагъэкI «Экология» лъэпкъ проектым хыхьэ «Мэзхэр хъумэн» къэрал ­проектым ипкъ иткIэ.
Лэжьыгъэхэм щIадзэ удз ежьужь­хэр къызэрызэщIэрыуэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ мэлыжьыхьым къы­щыщIэдзауэ щэкIуэгъуэ пщIондэ мэз хозяйствэхэм щызэпыуркъым абы теухуа лэжьыгъэхэр. ПсынщIэу зызыужь удзыжьхэм я зэранкIэ жыгыщIэр гъужынкIэ, хэмыкIэнкIэ хъунущ, абы къыхэкIыу хасагъащIэхэм набдзэгубдза­плъэу якIэ­лъоплъ. Жыгхэм я ныбжь елъыта­-уэ мэз кусэхэр зэкъым зэ­ра­гъэ­къабзэр, уеблэмэ удзыжь­хэр тхуэнейрэ къыщах къохъу.
Мэз лъабжьэхэр къабзэу гъэ щIэгъэкIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ жыгхэм заужьынымкIэ икIи абы къыхэкIыу мы зэманым а лэжьыгъэм гулъытэшхуэ хуащI.

ДЖАТОКЪУЭ Къантемыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.