ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу

Дызэрыщыгъуазэщи, КъБР-м и Iэтащхьэм 2014 гъэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, фокIадэм и 20-р Адыгэхэм я махуэу ди республикэм щагъэуващ. Абдежым къыщыщIэ­дзауэ ар ди лъэпкъэгъухэр зэрыс къэрал псоми щагъэлъапIэ.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм Псыгуэнсу къуажэм щиIэ и къудамэм и унафэщI Iэпщацэ Вадим упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- Адыгэхэм я махуэр Iэтауэ дгъэ­лъэпIэныр карантиныр кърамыхьэ­жьэ щIыкIи дигу итлъхьауэ щытащ. Пэжщ, абы хэтыну хуейхэм я бжыгъэр куэдкIэ дгъэмэщIэн хуей хъуащ. Къэд­гъэлъагъуэмэ, къуажэм дэт курыт еджапIищми щIэсхэр къетшэ­лIэн ди гугъати, уз къекIуэкIым ящытхъумэн хьисэпкIэ, ахэри къедгъэблэгъэжакъым. Шы зиIэу ди жылэм дэс щIалэхэм цIыхуипщI къудей къахэтшри, фокIадэм и 19-м гъуэгу дытехьащ. Iэпслъэпсхэмрэ адыгэ фащэ екIухэмкIэ зыкъэзыгъэщIэрэщIа гупыр Шэ­рэдж псыхъуэ дыдыхьэри, Аушыджэр къуажэм дыхуэкIуэу псым дызэп­рыкIащ. Абдежым, дыщрагъэблагъэу, дэ къыщытIущIащ, гъуси къы­щытхуэхъуащ бысымхэм ящыщу ­Слъон Алим зи пашэ шууейхэр. Шу 20-м щIигъу щызэрыгъэхъуахэр, фащэ зэщылыдыкIхэр тщыгърэ адыгэ ныпхэри тIыгъыжу, Аушыджэр къуа­жэм и уэрам нэхъыщхьэм дрикIуащ. Къуажэкум хуэзэу джабэм дыкIэ­ры­хьэри, шыкIэ дыдэкIащ.
- АбыкIэ щIэвгъэзам и гугъу къытхуэщIыт, Вадим.
- «Аушыджэрыщхьэ» зи фIэщыгъэу а лъэныкъуэмкIэ щыIэ лъагапIэ телъыджэу тхыдэм къыхэнам дыдэкIын щхьэкIэщ. ЖыпIэнур арамэ, къы­зэрыттехьэлъэ щымыIэу, а бгым и щыгум дихьащ шухэри ди гъуса машинэхэри. А щIыпIэр мэкъупIэщи, дэкI гъуэгури зэлъыIухащ. Мэзыншэ аранэр апхуэдизу щIыпIэ дахэщ, сэтейщи, укъытехута иужькIэ, ихъу­реягъ­кIэ къыщылъ Iэгъуэблагъэр, Налшык къали, Шэрэдж псыхъуи, жы­жьэу къыщыт къуршыжьхэри уи Iэгум илъым хуэдэу щыболъагъу. Дыздихьам, ди хьэщIэхэм «адыгэшым фIэкIа, къемыгугъуэкIыу мы лъагапIэм къынэсын щыIэу ди фIэщ хъуркъым» жаIэрт.
- Абдежыр къыщIыхэфхам къытхутепсэлъыхьыт.
- Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, зи гугъу тщIы бгым къедзауэ, а лъэны­къуэмкIэ тетащ пасэ лъэхъэнэхэм ­къащIэныжауэ чэщанэжь гуэр, ди лъэпкъэгъухэм лъапIэу къыщалъы­тэрэ тхьэрыIуэ папщIэу яIэу.
- Шухэм къищынэмыщIа, фи гъусахэр хэт сымэ?
- ХьэщIэу къытхуеблэгъахэм яхэтащ Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я зэгухьэныгъэм (федерацэм) и тхьэмадэ Вэрокъуэ Зэтий, «Къэбэрдей конгресс» зэщIэхъееныгъэм и уна­фэщI Бещто Аслъэн, «Эль–Фа» тхылъ тедзапIэм и редактор, литератор икIи лъахэдж Котляров Виктор, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Аруан къудамэм и тхьэмадэ КъущхьэтIу Хьэутий, Аушы­джэр къуажэм и Iимам Жылокъуэ Му­хьэмэдин, а жылэм дэс нэхъыжьыфI­хэр.
- ФщIыгъуахэм сытхэр зэхывагъэха?
- Я хъуэхъухэм, тхыдэм, хабзэм ехьэ­лIауэ жаIахэм дэ, нэхъыщIэхэр, тфIэфIу дедэIуащ. Уеблэмэ, Мухьэмэдин и псалъэм, «мыпхуэдэ махуэр сэзыгъэлъэгъуа Алыхьым фIыщIэ ин хузощI!» щыжиIэм, абдежым щытахэм ягухэр къызэфIигъэнат. Апхуэдизу и гуапэ хъуат, мо шу екIухэр, адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIарэ щэн дахи зэрахэлъыр къагъэлъагъуэу, къуа­жэм и уэрам нэхъыщхьэм зэрыри­кIуар, абы иужькIи, зэгурыIуэрэ зэдэ­Iуэжу, Iуащхьэм зэрыдэкIар. Аушы­джэ­рыщхьэ дыкъехыжа иужькIэ, къуа­жэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ дгъа­зэри, гъуэгубгъум пэмыжыжьэу къы­Iут Андемыркъан и Iуащхьэм ды­кIэрыхьащ. Абдежым Бещто Аслъэни Котляров Виктори, нэгъуэщIхэми а щIыпIэм теухуа хъыбархэр зэхыдагъэхащ, адыгэ­хэм дызэрыгушхуэ хъун ди тхыдэм и гугъу щащIащ.
- Ауэ сытми! МашинэкIэ блэжхэм къытхуагъэкIийрт, къэувыIахэм сурэтхэр къыттрахыу апхуэдэт. Мыдрейуэ, ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал зимыIэт щIалэгъуалэр зэхрагъэха хъыбархэм, я тхьэкIумэхэр тегъэхуауэ, зэредэ­Iуари, упщIэ гуэрхэмкIэ нэхъыжьхэм зэры­зыхуагъэзари. Уеблэмэ, уи тхы­дэм хэпщIыкIыу укъэхъунри, бзэр фIыуэ плъагъун зэрыхуейри, фащэри, шыгъэ-лIыгъэри - ахэр псори зэрызэпхыжар къагурыIуэу зэры­щытыр ядэтлъагъуу пIэрэ мыбыхэм жыуагъэIэрт.
- Аушыджэр къуажэм и админист­рацэр дапхуэдэу къыфпыкъуэкIа?
- И тхьэмадэ Урыс Аслъэни, «Аушыджэр» ООО-м и унафэщI, хьэрычэтыщIэ Къущхьэ Роберти, гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэ­жьа­кIуэ Зыгъэзэж Тимури яхузэ­фIэкI къамыгъанэу зыкъытщIагъэкъуащ ди зекIуэр екIурэ-ещхьу къызэгъэпэща зэрыхъуным ехьэлIауэ. Псори дыкъыщыувыIэжа щIыпIэм деж (Андемыркъан и Iуащхьэм и гъунэгъуу щыт зыгъэпсэхупIэм) Iэнэ къыщыт­хуагъэувыжри дыщызэхагъэсыжащ. Дэри, Псыгуэнсу икIахэм, къыздэтщта тыгъэ цIыкIухэр дызигъусахэм яхуэдгуэшащ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.