КIуэкIуэ Казбек республикэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэм яIуощIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырыным теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ  КIуэкIуэ Казбек КъБР-м Мэлбахъуэ Т. Къу. и цIэр зезыхьэ и Лъэпкъ библиотекэм ­фокIадэм и 22-м щаIу-щIащ республикэм и жы-лагъуэ зэгухьэныгъэхэм я уна­фэщI­хэм. Зэхуэсым щы­теп­сэлъыхьащ КъБР-р къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэ­си 100 зэрырикъуар 2022 гъэм  гъэлъэпIэным ехьэлIа Iуэхухэм.

ЗэIущIэм хэтащ жыла­гъуэ, дин Iуэ­ху­щIапIэхэм, лъэпкъ-щэн­хабзэ центрхэм ветеран, проф­союз, волонтёр зэгухьэныгъэхэм я лIы­кIуэхэр, еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм я уна­фэщIхэр.
Къызэхуэсахэр тепсэ­лъы­хьащ республикэм и со­циаль­но-экономикэ, со­циаль­но-политикэ зыу­жьы­ны­гъэхэм, лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм.
ЗэIущIэм хэтхэм защы­хуигъазэм, КъБР-м и Iэтащхьэр къытеувыIащ со­циаль­нэ, экономикэ, политикэ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэу, къалэнхэу 2019 - 2020 гъэхэм зрагъэхъулIахэм.
Республикэм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм дежкIэ нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIа Iуэхуу КIуэкIуэ Казбек къилъытащ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир 2019 гъэм  лэ­жьыгъэ IуэхукIэ республикэм къызэрыкIуар икIи Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ советым и зэIущIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщригъэкIуэкIар.
«Социально-экономикэ ­IэнатIэхэм къыщытпэщыт къалэнхэр гъэзэщIа зэры­хъум и IуэхукIэ. Мыбдежым къыщыхэгъэщыпхъэщ, сыт хуэдэ гугъуехьхэр къы­къуэмыкIами, республикэм зыужьыныгъэм хуэунэтIауэ иубзыхуа Iуэхухэм пищэн зэ­рыхузэфIэкIар. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджет зэгъэуIуар илъэситIым къриубыдэу сом мелард 15-кIэ нэхъыбэ хъуащ, дызэрыт илъэсым ар сом мелард 50-м нэсынущ. Абы къыдэкIуэу къэрал щIыхуэр сом меларди 4-м нэблагъэкIэ дгъэмэщIэнри тхузэ­фIэкIащ. ЩIыхуэ мащIэ фIэкIа къызэрыдмыгъэсэ­бэ­пам и фIыгъэкIэ къы­дэдгъэхуэфащ сом мелуан 250-рэ хуэдиз икIи ахэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  щыпсэухэр зыIууэ социальнэ гугъуехьхэр ­къы­зэ­нэкIыным хуэдутIыпщащ», - жиIащ КIуэкIуэ К. В.
КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ мылъку нэхъыщхьэм инвестицэу къыхалъхьэхэр, ар сыт хуэдэ лIэужьыгъуэуи щрырети, кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу: «2019 гъэм и закъуэ ахэр сом мелард 44-рэ хъуащ. Абы Iэмал къыдитащ, адрейхэм къадэкIуэу, экономикэм и унэтIыныгъэ нэ­хъыщ­хьэхэм инвестицэ ­проект зыбжанэ щыдгъэ­зэ­щIэнымкIэ. Апхуэдэ проектих мы илъэсми догъэзащIэ.
Социальнэ IэнатIэм и инфраструктурэм зегъэу­жьы­ным хэлъхьэныгъэу хуащIри хэпщIыкIыу нэхъыбэ хъуащ. 2018 - 2019 гъэхэм лажьэу яутIыпщащ спорт объекту 18, щэнхабзэмкIэ унэу 5, узыншагъэр хъумэным еп-ха IуэхущIапIэу 4, цIыху 2145-м ятещIыхьа школу 3-рэ зи школ кIуэгъуэ мы­хъуа цIыкIу 1260-рэ зыщIэ­хуэну сабий IуэхущIапIэу 23-рэ. ЗэфIагъэкIащ цIыхухэр псыкIэ, газкIэ къызэзыгъэ­пэщ, къагъэсэбэпа псыр зэ­рыIуаш  объекти 7-м я ухуэ­ныгъэхэр, зэIузэпэщ ящIащ къат куэду зэтет унэхэм я пщIантIэу 235-рэ, жылагъуэ зэхуэсыпIэрэ паркыу 53-рэ. Дызэрыт илъэсым хьэзыр хъунущ спорт ухуэныгъэ ­33-рэ, цIыху 750-рэ зыщIэ­хуэну еджапIищ,  зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIу минитIым щIигъум яхухэха сабий IыгъыпIэ 29-рэ, зыхуей хуагъэзэнущ къалэ пщIантIи 120-рэ, жылагъуэ зэхуэ­сы­пIэу 34-рэ».
А псори, къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и Iэтащхьэм, зэфIэдгъэкIынымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъуащ лъэпкъ проектхэр.
КъимыдэкIэ, Урысей Федерацэм и Президентым и унафэкIэ, нэхъапэм зэи ­къэ­мыхъуауэ,  цIыхухэм ­защIэгъэкъуэным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэ екIуэ­кIащ къэ­­ралым дежкIэ гугъуу щыта 2020 гъэм. Абы кърикIуахэм къызэрагъэ­лъа­гъуэщи,  республикэм и цIыхухэм мы гъэм соци­альнэ дэIэпыкъуныгъэу иратар сом мелард 11-рэ ме­л­уан 420-рэ хъунущ, ар 2019 гъэм и и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ зэрыщытам нэхъ­рэ хуэдищым щIигъукIэ нэхъыбэщ.
Лэжьыгъэшхуэ йокIуэкI гъуэ­гухэр ухуэным, зэгъэ­пэщыжыным хуэгъэзауи, къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек: «БлэкIа зэманым къы­зэIуахыжащ ирагъэфIэкIуа «Дейскэ - Курп Ищхъэрэ», «Дейскэ - Плановскэ», «Бабугент - Къарэ-Су», «Прохладнэ - Азау» гъуэгухэр. Илъэсым и кIэм ирихьэлIэу Налшык къалэм щызэ­фIэкIынущ Кировым, Къуэ­ныкъуейм, Вовчок Марко, Мэлбахъуэм я цIэхэр зе­зыхьэ уэрамхэм, ЩоджэнцIыкIум и уэрамым щыщ Iыхьэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр. Апхуэдэуи пащэ «Кавказ» федеральнэ ав­томобиль гъуэгум щыщ Iыхьэу километр 40 къызэ­щIэзыубыдэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэм. Псори зэ­хэту мы гъэм къриубыдэу щыIэ мардэхэм изагъэу, сыткIи зыхуей хуагъэзауэ къы­зэIуахыжынущ километр 230-рэ зи кIыхьагъ ­автомобиль гъуэгухэр, абыхэм ящыщу километр 73-р федеральнэ, километри 103-р республикэ, километр 54-р щIыналъэ гъуэгухэщ.
ЗэхъуэкIыныгъэфIхэр ап­хуэдэуи щокIуэкI республикэм и адрей IэнатIэхэми.
КIуэкIуэ К. В. къыхигъэщащ а псори  коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэ­тыным хуэгъэпса пандемие хабзэхэм щытетын хуей зэман гугъум зэрызрагъэ­хъулIэфар.
Республикэм адэкIи шэ­щIауэ зиужьынымкIэ, цIы­ху­хэм я псэукIэр егъэ­фIэ­кIуэ­нымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщ­хьэхэм ящыщ зыуэ щытщ, къыхигъэщащ КIуэкIуэ К. В.,  Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъхэм я къэкIуэнум дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэу жылагъуэ-политикэ мыхьэнэ зиIэхэм щIыналъэ властым и органхэмрэ жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ щызэдэлэжьэныр: «Апхуэдэ Iуэхухэм я нэхъыщхьэу щытынущ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэры­зэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъуар гъэлъэпIэныр. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум зы­хуэгъэхьэзырыныр екIуэ­кIын хуейщ ди цIыхубэ зэ­къуэтыныгъэм и быдагъыр и дамыгъэу, ди жылагъуэр нэхъри  зэкъуэувэным хуэ­гъэп­сауи щытыпхъэщ».
«НобэкIэ ди лъэпкъхэм я етхуанэ лIакъуэхэр зыуэ щыт Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэдопсэу, къуэшыгъэм, гъунэгъугъэм епха хабзэхэм лIэщIыгъуэ куэд я ныбжьщ. Фэрэ дэрэ ди ­къалэныр ди зэкъуэтыныгъэм и мыхьэнэр республикэ дахэм щыпсэу дэтхэнэ зыми и деж нэхьэсынырщ, ди республикэр зэфIэувэ­ным, абы зиужьыным зи гуа­щIэрэ фIэщхъуныгъэкIэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзы-щIа дэтхэнэ лIакъуэми яхуэфащэ пщIэ яхуэтщIынырщ. ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм зыхуэгъэхьэзырынымрэ а­хэр егъэкIуэкIынымрэ хуэу­нэ­тIауэ дубзыхуахэр республикэм и жылагъуэ-политикэ зэгухьэныгъэхэм я нэхъы­бапIэм къызэрыддаIыгъынум шэч къытесхьэркъым.
ДызэзышалIэ лъабжьэ ­нэхъыщхьэу щытын хуейщ ди цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр. А мурадым хуэгъэпса сыт хуэдэ жэрдэмхэри Iуэ­хухэри дэ сыт и лъэныкъуэ­кIи дэтIыгъынущ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и властыр зэхуэдэу зэIухауэ щытынущ сыт хуэдэ жылагъуэ-политикэ зэгухьэныгъэми и дежкIэ, абы папщIи щхьэусыгъуэу къэдгъэуври зыщ - ар республикэм гукIи псэкIи хуэпэжынырщ. Ди адэхэм, ди адэшхуэхэм, абыхэм я адэжхэм  дэ ­къытхуагъэнащ гупсэхугъуэ щыб­гъуэт унэ быдэ, «Къэ­бэр­дей-Балъкъэр» фIэщIыгъэ дахэр зиIэр. Абы  мамыру, зэгурыIуэу, зэкъуэту щызэдопсэу лъэпкъ куэдым къыхэкIахэр зэрыс уна­гъуэшхуэ. Зэкъуэтыныгъэм хуэгъэпса сыт хуэдэ Iуэхури дэ дэтIыгъынущ», - жиIащ КIуэкIуэ К. В.
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ зэIущIэр Мэл­бахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэм и цIэр зезыхьэ республикэ библиотекэм зэрыщекIуэкIми мыхьэнэ хэха зэриIэр, сыту жыпIэмэ абы и гъащIэ псор хуигъэпсащ фIы дыдэу илъа­гъуу щыта Къэбэрдей-Балъкъэрым ифI зыхэлъхэм, ар ефIэкIуэным икIи къэкIуэну щIэблэхэм уэсяту къытхуигъэнащ, абы ис лъэпкъхэм лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ яку дэлъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэшыгъэмрэ, нэр напIэм зэрихъумэм хуэдэу, тхъумэну.
«Республикэр къызэ­ры­зэ­рагъэпэщрэ илъэси 100 зэ­рырикъур гъэлъэпIэным зы­­­хуэ­гъэхьэзырынымрэ гу-фIэгъуэ дауэдапщэхэр ­егъэкIуэ­кIынымрэ хуэгъэп­са Iуэ­хухэм яужь дыщиткIэ, дэ къэралми дуней псоми едгъэлъагъун хуейщ Урысейм дыхэту ди зэхуэдэ унэ ухуэным хуэгъэзауэ дяпэ итахэм къыхаха гъуэгум, Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыуэ, зэкъуэту щытыным хуэгъэза мурадхэм дазэ­ры­хуэ­пэжыр, ди тхыдэмрэ хабзэхэмрэ, щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэ къулеигъэхэмрэ лIэщIыгъуэ­хэр зи ныбжь щэнхабзэ­хэмрэ пщIэ зэрахуэтщIыр. ЛIакъуэхэм я апхуэдэ зэ­пы­щIэныгъэхэрщ ди цIыхубэм я псэкупсэ джэлэсым и лъабжьэр, арыншамэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэну фIыкIэ дызыхуэхъуап- сэр къыпхузэгъэпэщынукъым», - жиIащ КIуэкIуэ           К. В. и псалъэр щиухым.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.