Кlуэкlуэ Казбек жылагъуэ лэжьакlуэхэм яхуозэ

КъБР-м и lэтащхьэ Кlуэкlуэ Казбек Правительствэм и унэм щахуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт Хьэфlыцlэ Мухьэмэд, ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан сымэ.
Сэхъурокъуэ Хьэутий КъБР-м и lэтащхьэм хуиlуэтащ ДАХ-м и Хасащхьэм и зэlущlэу мэрем кlуам зэхэтам зи гугъу щащlахэр, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я деж щэнхабзэр, бзэр, хабзэр хъума щыхъунымкlэ хасэшхуэм иджыпсту зэфlигъэкl lуэхухэмрэ хэхэс адыгэхэр адэжь хэкум нэхъри къыпыщlа хъужынымкlэ ялэжьхэмрэ.
Лlыщхьэхэр щызэпсалъэм къыхагъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщlэ­хъуэ щlэблэр хэкупсэу гъэсэным, зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ гъэ­бы­дэным, хамэ lуэху еплъыкlэ нэпцlхэм демыгъэхьэхыным теухуауэ зэдэлэ­жьэ­ным мыхьэнэшхуэ зэриlэр.
Кlуэкlуэ Казбек и деж еблэгъахэм фlы­щlэ яхуищlащ пандемием и лъэхъэ­нэм унагъуэ хуэмыщlахэм зэрызыщlагъэ­къуам папщlэ икlи Адыгэхэм я дунейпсо махуэмкlэ ехъуэхъуащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.