Арутюновым адыгэхэм я тхыдэр фIыуэ ещIэ

Арутюнов Сергей Урысейм пщIэ хэIэтыкIа зыщыхуащI тхыдэджу, этнографу зэрыщытым къыдэкIуэу, Налшык щIэх-щIэхыу къеблагъэ академикхэм ящыщщ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ апхуэдэ щIэныгъэлI зекIуэхэм я зым и фIыгъэкIэ дэ Iэмал диIащ а зэманым телевиденэм щылэжьа, нобэ Къармэхьэблэ дэт курыт еджапIэм и унафэщI Щоджэн Мурат абы дригъэкIуэкIа интервьюм дедэIуэну. ЩIэупщIэр зэрыкуэдым и хьэтыркIэ, а нэтыныр адыгэбзэм къидгъэзэгъауэ ди щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ къыдолъхьэ.
Адыгэхэр ныбжьышхуэ зиIэ лъэпкъщ
Сэ си IэщIагъэкIэ хэхауэ сызэлэжьыр щIэныгъэм и нэгъуэщI къудамэщ, нэхъ нэгъэсауэ Iуэхум тепсэлъыхьыфын щIэныгъэлIхэри, шэч хэмылъу, щыIэщ. Ауэ лъэпкъ щхьэхуэхэм я тхыдэм сыщелэжьым сызрихьэлIахэм япкъ иткIэ зыгуэрхэр схужыIэнущ. Совет Союзым къыщымынэу, дуней псом щыцIэрыIуэ антрополог щIалитIым садэлэжьащ, ди зэхуакум ныбжьэгъугъэ куу дэлъу; абыхэм я къэхутэныгъэхэми сыщыгъуазэщ. Зыр СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ академием АрхеологиемкIэ и институтым щылэжьа Алексеев Валерийт, адрейр дуней псом щыцIэрыIуэ бзэ антрополог Абдушелишвили Малхазт, ар Куржым щIэныгъэхэмкIэ и академием щылэжьащ. Дэ щыри - сэри а цIыху телъыджитIри - дызэныбжьэгъуащ. Хамэ къэралхэм щекIуэкI щIэныгъэ конференцхэм зэгъусэу дыхэтащ, Японием, Америкэм щекIуэкI щIэныгъэ зэIущIэхэм щIэх-щIэхыу дыщызэхуэзэрт. Мазэ зыщыплIкIэ зы проектым делэжьу Индием дыщыIащ. Дызэлэжьыр инд лъэпкъхэм я къежьапIэрат, ауэ Азие Гупэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ щыпсэу лъэпкъхэми далъэIэсырт.
Адыгэхэр дуней псом нэхъ пасэрейуэ тет лъэпкъхэм язщ. Иныкъуэхэм деж нобэрей лъэпкъымрэ абыхэм я адэжьхэр зыщыща пасэрей лъэпкъыжьымрэ зыуэ зэрыщытым щыхьэт ущытемыхъуэф къохъу, тхылъ фэеплъ щымыIэмэ. Ауэ адыгэхэм щхьэкIэ шэч щыIэкъым, абыхэм епха тхыдэ щыхьэтхэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, алыдж-урымхэм я тхыдэм къыхэнащ. Кавказым и археологиери хъарзынэу джа хъуащи, псалъэм папщIэ, Кобан, Мейкъуапэ щэнхабзэхэр нобэрей адыгэхэр къызытехъукIахэм къащIэнауэ зэрыщытым шэч къытрахьэркъым.
Илъэс 8000 хуэдиз ипэкIэ кавказ лъэпкъ псоми зэдайуэ зы бзэ щыIауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Дэтхэнэ бзэми хуэдэу, ар зэблагъэ диалект зыбжанэу зэхэтагъэнщ, а зэманым иджыри фIыуэ зэпэгъунэгъухэу. Дэнэ ар щекIуэкIар? Мис ар жыпIэну нэхъ гугъущ. ЩIыпIэкIэ Азие Гупэм, зэманкIэ - палеолитым (пасэрей мывэ лъэхъэнэм) и кIэуххэм, е неолитым (иужьрей мывэ лъэхъэнэм) и пэщIэдзэм ирихьэлIауэ хуагъэфащэ. ЦIыхум Iэщышхуэ гуэрхэр, Iэщ цIыкIу псори къыщигъэIэса, къигъэсэбэпу щыхуежьа, гъавэр къигъэкIын щыщIидзам щыгъуэ. Псалъэм папщIэ, гуэдзыр, хьэр. Хугур нэхъ кIасэущ Кавказым къыщысар, ар къуэкIыпIэмкIэ кърахауэ къыщIэкIынщ. Си фIэщ хъуркъым хугур езы Кавказым къыщыхъуауэ, ар КъуэкIыпIэ-Азие лъэныкъуэхэмкIэ къикIауэ хузогъэфащэ. Ауэ Iэщ гъэсэнри, япэу къагъэкIыу зызрагъэса гуэдзри Кавказым къыщежьауэ жыпIэ хъунущ.
Теплъэм и гугъу пщIымэ, мыбдежми шэч къытумыхьэу пхужыIэнущ Кавказ щылъхур зэрыщытыр. «Кавказ лъэпкъхэр» щыжысIэм деж, абы зы лъэныкъуэкIэ абхъаз-адыгэхэр хызогъэубыдэ, адреймкIэ – нохчи-дагъыстэнхэр. А лъэпкъ гупитIыр зэблагъэщ, фIыуэ зэпэжыжьэу щытми. Ауэ гуп къэс и кIуэцIым ит лъэпкъхэр зэIыхьлы дыдэщ.
Абхъаз-адыгэхэм я гугъу пщIымэ, абыхэм я расэ зэхэлъыкIэр палеолитым щызэфIэувауэ жыпIэ хъунущ. Сыт «расэ зэхэлъыкIэм» къикIыр? Нэм, щхьэцым, щIыфэм я фэм я гугъу тщIыркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ахэр къызэтенэркъым (щIым щIокIуадэ, жыхуиIэщ). Ауэ къупщхьэр зэрыщыту къонэ. Аращи, нэпкъпэпкъым и зэхэлъыкIэм, щхьэкъупщхьэм и ухуэкIэм фIыуэ дыщыгъуазэщ. А пасэрей цIыхухэм я нэпкъпэпкъыр нобэрейхэм ейм хуэдэ дыдэщ.
Псом япэ зи гугъу щIыпхъэр кавказ щылъхум ибгъумкIэ укъыщеплъмэ, пэпкъ пышиикIа иIэу зэрыщытращ («резко профилированный лицевой скелет»). Дауэ ар къызэбгурыIуэнур? Мис, мыпхуэдэу щхьэкъупщхьэр и бгъуагъкIэ зэгуэтхрэ, (и пэбгым йоIусэ) ищхьэмкIэ дыкъыщеплъмэ, кавказ лъэпкъым щыщ цIыхум и пэпкъыр кхъухьым и пэм ещхьу пышиикIащ. Абы «резкая профилировка» хужаIэ. Кавказ лъэпкъхэм, дуней псом щыIэ лъэпкъхэм елъытауэ, пэпкъ нэхъ хэгъэщхьэхукIа яIэу пхужыIэнущ. Монгол лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, я нэпкъпэпкъыр нэхъ теупIэщIауэ щытщ, Кавказым къыщалъхуахэм емыщхьыххэу.
Старостин Сергей хуэбгъэдэфыну дунейм бзэ щIэныгъэлIипщI хуэдиз тетми арат. Ди жагъуэ зэрыхъущи, бзэ щIэныгъэлI куэд щIалэу дунейм ехыжащ, псом хуэмыдэу Кавказымрэ Азие Гупэмрэ щыпсэу лъэпкъыбзэхэр зыджахэр. Старостиным зэрыжиIэмкIэ, Китай-тибет лъэпкъхэм я пасэрей бзэжьыр зы лъэныкъуэкIэ, кавказ лъэпкъхэм я пасэреибзэр мыдрей лъэныкъуэкIэ зэбгъапщэмэ, тIуми зы къежьапIэ яIэу къыщIокI. Ауэ ахэр зэтехуэу щыщытар илъэс 15000-кIэ узэIэбэкIыжмэщ. Нэрылъагъу зэрыхъуамкIэ, а бзэ къудамитIми Азие Гупэм зыщаужьащ, Кавказри яхэту, иужькIэ КъуэкIыпIэмкIэ заубгъун щIадзащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Китаймрэ Кавказымрэ я зэхуакум благъагъкIэ зэпыщIа бзэ лъэмыжышхуэ ирокIуэ, Пакистан Ищхъэрэм, Таджикистаным, Афганистаным щызекIуэхэри хыхьэу. Дауэ хъун ар? Китайхэмрэ Кавказ щылъхухэмрэ жыжьэрэ гъунэгъуу зэбгъэдыхьэркъым теплъэкIэ. Абыхэм бзэ зэщхь яIурылъынкIи хъуну?
Мыпхуэдэуи ущIэупщIэ хъунущ: тыркухэр тувинхэм е якутхэм ещхь? Псалъэм папщIэ, тыркубзэ, азербайджаныбзэ, балъкъэрыбзэ е къумыкъубзэ зыщIэм зыхуейр тувиным е якутым зыгуэрурэ къыгуригъэIуэфынущ. «Мы гъуэгур захуэу кIуэрэ, хьэмэ зигъэшрэ? Абы псы щыIэ?» псалъэухахэм ещхь жыIэгъуэ кIэщIкIэ.
Кавказыбзэхэмрэ китаибзэмрэ егъэлеяуэ зэпэжыжьэщ. ЩIэныгъэлI IэмалкIэ фIэкIа улъэIэсыжынукъым ахэр зэблагъэу зэрыщытым. Ауэ ахэр зэрызэпэгъунэгъур куэдщ. Тхыдэм къыбгурегъаIуэ абы и щхьэусыгъуэр. Иджырей тырку лъэпкъхэр (тюркхэр) Монголием къыщежьэри, къухьэпIэмкIэ заубгъуурэ кърикIуащ, я гъуэгу телъ щIыналъэхэм щыпсэухэм яхэзэрыхьурэ. Абы къыхэкIкIэ, нобэрей тувинхэри якутхэри эвенкхэм е нанайхэм теплъэкIэ къащхьэщыкIыркъым. Апхуэдэ дыдэу, балъкъэрхэри къумыкъухэри тыркухэмрэ азербайджанхэмрэ къазэрыщхьэщыкIышхуэ щыIэкъым.
Сино-Кавказ (Китайм щызекIуэ бзэхэмрэ Кавказым щызекIуэхэмрэ къызэщIиубыдэу) пасэреибзэ щыIауэ къыщIокI. Ар зэрыщыIам щIэныгъэр щыхьэт тохъуэ. Ауэ ар куэдкIэ нэхъ пасэжущ щыщыIар, кавказ бзэжьыр къыхэкIын ипэкIэ. Кавказ бзэжьым иужькIэ Шэшэнымрэ Дагъыстэнымрэ щызекIуэ нохчи-дагъыстэныбзэхэр къыхэкIащ, мыдрей лъэныкъуэмкIэ – мыбы щызекIуэ абхъаз-адыгэхэм я бзэхэр.
Пасэ зэманым кавказыбзэхэм я къудамитIми нэхъ заубгъуауэ щытащ, сыту жыпIэмэ, куржыбзэри ермэлыбзэри кавказыбзэхэм яхыхьэркъым. Ахэр «ностратическэ бзэхэр» жыхуаIэм хеубыдэ: ермэлыбзэр - индоевропейскэ бзэ гупым, куржыбзэр – картвел бзэ гупым хохьэ, ауэ езы тIур зэрызэпэгъунэгъур нэхъыбэщ, кавказыбзэхэм зэрапэгъунэгъум нэхърэ.
Ахэр (куржыбзэмрэ ермэлыбзэмрэ) иджырей Кавказым зыщиубгъуа щIыналъэракъым щызэфIэувар. Ахэр щызэфIэува щIыпIэ жыжьэр иджырей КъуэкIыпIэ Тыркум хуозэ. Пасэрей Куржымрэ Пасэрей Армениемрэ нэхъ щызэфIэувауэ жыпIэ хъунущ а бзэхэр. Тыркум къинэжаишхуэ щыIэкъым ахэр зыIурылъ, Кавказым закъуэтIакъуэ ущрохьэлIэ.
Нохчи-дагъыстэныбзэхэм Дагъыстэнымрэ КъуэкIыпIэ Кавказымрэ нэмыщI, зэры-Азербайджану, КъуэкIыпIэ Куржыр зэрыщыту, иджырей Армениер, Ираныр зэлъагъэIэсу щытагъэнущ. Абхъаз-адыгэбзэхэр щызекIуар дэнэ жыпIэмэ, шэч къытумыхьэу пхужыIэнущ абы Краснодар крайр, Абхъазыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым уфIэкIмэ, иджыри КъухьэпIэ Куржыр, абы къыбгъэдэлъ Ищхъэрэ-КъуэкIыпIэ Тыркур къызэщIиубыдэу щытауэ. Дэнэ ар щытщIэр?
Япэрауэ, хьэтыбзэкIэ тхыгъэхэр къэнащи, абы щыдолъагъу пасэрей хьэтыбзэм и зэхэлъыкIэр абхъазыбзэм, абхъаз-адыгэбзэ псоми зэрещхьыр. КъухьэпIэ Куржым «гидроним» жыхуаIэ псыцIэхэм дыщрохьэлIэ «псы» псалъэр лъабжьэ яхуэхъуу. Псалъэм папщIэ «Супсэ» - псыежэхми абы бгъэдэлъ къуажэми я цIэщ. Абы и закъуэкъым, псыцIэ куэд щыIэщ «псы» псалъэр хэту, ар абхъаз-адыгэбзэм къызэрыхэкIар гурыIуэгъуэщ. Абы къикIращи, зэгуэр КъухьэпIэ Куржым мегрелхэм, имеретинхэм, сванхэм япэ адыгэхэр исауэ аращ. Ар ямыдэу дэуэн гуэрхэри щыIэнущ, ауэ ахэр щоуэ, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ щыхьэтхэр шэч зыхэмылъ, уи фIэщ хъу щыхьэтхэщ.
Апхуэдэ щIыкIэу абхъаз-адыгэбзэхэр псоми я зэхуэдэ кавказыбзэжьым къыхэкIащ. Куржыбзэри, ермэлыбзэри, осетиныбзэри, тюрк лъабжьэ зиIэ балъкъэрыбзэри, къумыкъубзэри, азербайджаныбзэри нэхъ кIасэу Кавказым къыщыхута лъэпкъыбзэхэщ.
Адыгэбзэмрэ китаибзэмрэ зэблагъэу къызэрыщIэкIар
Адыгэбзэмрэ китаибзэмрэ зэблагъэу къызэрыщIэкIар гъэщIэгъуэнщ. Ар къызэращIар мыпхуэдэущ. Зи гугъу сщIа Старостин Сергей академик цIэрыIуэщ, щIэныгъэлIышхуэщ. Абы езым иригъэджа гъэсэнхэр иIэжт, мурад щхьэхуэхэм елэжьу. Арати, бзэ щIэныгъэлI гупитI зэригъэпэщащ. Бзэхэр зэралъытурэ зыдж щIэныгъэр – «сравнительная лингвистика» жыхуаIэр - есэп щIэныгъэущ къэлъытэн зэрыхуейр. Абы езым и хабзэхэр, къэхутэкIэ Iэмалхэр иIэжщ, есэпым ещхьу, шэч зыхэмылъ щыхьэтхэр къигъэнаIуэу. Иджырей бзэхэр зэрагъапщэурэ, зэрызэтехуэр, зэрызэщхьэщыкIыр зэхагъэкIыурэ, ахэр къызытехъукIыжа бзэжьыр къызэфIагъэувэжыф. Арати, щIэныгъэлI гупитI къызэрагъэпэщри, зы гупым къалэн щащIащ пасэрей кавказыбзэжьыр зэфIагъэувэжыну, етIуанэм – тибет-китай бзэжьыр. А гупитIыр щхьэхуэ-щхьэхуэу лажьэу, къахутар къыщагъэнаIуэм, Старостиным абыхэм кърахьэлIа лэжьыгъэр зэрилъытыжащ. ГупитIми зэфIагъэувэжа бзэжьхэр зыуэ къыщIэкIащ. ЯпэщIыкIэ и фIэщ хъуакъым. Зэи, тIэуи, аргуэруи еплъыжахэщ, щыуагъэ хэттэкъым. ИкIи гурыIуэгъуэ хъуащ нобэрей кавказыбзэхэр зыIурылъ лъэпкъхэм я адэжьхэмрэ нобэрей китай-тибет бзэхэм ирипсалъэ лъэпкъхэм я адэжьхэмрэ илъэс 15000 ипэкIэ зы бзэкIэ псалъэу зэрыщытар.
«Адыгэм» къикIыр сыт?
Кавказым щыщ псори теплъэкIэ дызэщхьщ. Сэ куржылъ зыхэт ермэлыуэ сыщытщи, псалъэм папщIэ, фэрэ дэрэ теплъэкIэ дызэхуэдэщ. Мис а пэпкъ къыхэщымкIэ. Хьэрып къэралхэм, Ираным, КъухьэпIэ Европэм я гугъу умыщIыххэ, е Азие Курытым щыщхэм дазэрещхьым нэхърэ, дэ нэхъ дызэщхьщ. Бзэхэм захъуэжми, теплъэр къызэтонэ.
Дэ псоми бзэ зэмылIэужьыгъуэ зыIурылъа адэжьхэр диIэнкIи хъунущ, абыхэм кавказыбзи мыкавказыбзи яхэту. Ауэ лъэпкъыцIэри лъэпкъ щхьэхуэу зозыгъэбжыж гупсысэкIэри къыкIэлъыкIуэ ныбжьым зэрыIэрыхьэр бзэкIэщ. Мыбдежым теплъэм мыхьэнэуэ иIэр нэхъ мащIэщ.
Адыгэ тхыдэм и гугъу тщIыну дыхуежьэмэ, илъэс минищкIэ дикIуэтыжын хуей хъунущ, «адыгэ лъэпкъхэр» жыхуаIэхэм я деж: керкетхэм, джикхэм, пасэрей кашкэхэм, пасэрей зиххэм. Нобэрей куржыбзэм шэрджэс лъэпкъ фIэщыгъэу щызокIуэ джикхэмрэ джикетхэмрэ. А цIэхэр ТIуапсэ и Iэгъуэблагъэращ къыщежьар. Иджыри кашагхэр, кашакхэр. Аращ куржыхэр адыгэхэм къызэщIэубыдауэ зэреджэр. А фIэщыгъэхэр алыдж-урым фIэщыгъэхэми ятохуэ. Сэ шэч къытызохьэ «адыгэ» лъэпкъыцIэр къыздикIам, ар къыщыхъуа щIыпIэмрэ лъабжьэ хуэхъуа мыхьэнэмрэ. «Дыгъэ» псалъэм къытекIагъэнри хэлъщ, кавказ лъэпкъ куэдым зы мыхьэнэщ абы кърагъэкIыр. КуржыбзэкIэ «дыгъэ» жиIэмэ «махуэ» къокI. Ари дыгъэу аракъэ? Ар хуэгъэфэщэныгъэхэм язу аркъудейщ. Мыр зэкIэ куэзырыдзым ещхьщ, куууэ джыпхъэщ «адыгэ» лъэпкъыцIэр къыздикIар. Дапщэщ ар лъэпкъыцIэ щыхъуар? Шэч хэмылъу, куэд щIащ. Сыт хуэдэ лъэпкъым и деж къыщежьар? Ари шэчыншэу пхужыIэну щыткъым.
Абхъаз-адыгэхэм яубыду щыта щIыналъэр
Абхъаз-адыгэхэм зэгуэр щIыпIэ абрагъуэ яубыду щытащ: Тырку Ищхъэрэм, КъухьэпIэ Куржыри хэту, къыщебгъажьэмэ, иджырей Кубань Iэгъуэблагъэри, уеблэмэ Тэн (Дон) и егъэзыхыпIэм нэс къызэщIиубыдэу.
ИужькIэ, Iэпхъуэурэ псэу лъэпкъхэм бгы лъапэхэм зыщаубгъуа нэужь, адыгэхэм ей дыдэу щыт щIыхэм нэхъ зызыщIакъуэу хуежьащ. Монголхэм алан къэралыгъуэр зэтракъута нэужь, аланхэм я лIэужь дыдэу щыт осетинхэр Осетие Ищхъэрэм иубыд щIыпIэ мащIэращ къыщызэтенар. Хуит хъужа щIыпIэхэм адыгэхэм зыщаукъуэдиижурэ, иджы аланхэм ящыщ гуэрхэри, тюрк щылъхухэу балъкъэр, къумыкъу, къэрэшей хъуахэри, абыхэм ящыщу адыгэхэм къахэшыпсыхьахэри яхэту, аргуэру Темэнрэ Мэздэгурэ я зэхуакум зыщаубгъуащ.
Курыт лIэщIыгъуэхэм щыIа Шэрджэсейм и щIыналъэр ипэжыпIэкIэ Темэнрэ Мэздэгурэ я зэхуаку дэлъ щIыхэращ. Ар зыхуэзэр XIV, XV, XVI лIэщIыгъуэхэрщ. АдэкIэ къэхъуар псоми ящIэ. Къэбэрдейр Урысейм гурыIуэну зэрыхуежьар фIыкIэ узыщыгугъ хъун Iуэхут, ауэ политикэ щхьэусыгъуэ гуэрхэм ар къагъэхъуакъым, зиужьакъым. АдэкIэ чыристан диным и пIэ ислъамыр къиуващ. КIуэ, ислъамми чыристаныгъэми япэжкIэ зэрахьэу щыта тхьэ хуэпщылIыкIэ щапхъэ гуэрхэри къанэу. Аракъэ диным хуэерыщхэм ягу темыхуэр. Ауэ ар, ухуей-ухуэмейми, тхыдэм щыщщ.
Адыгэхэм я щэнхабзэм и тхыдэм журтхэми, чыристанхэми, муслъымэнхэми япэж зекIуэу щыта «мажусий хабзэ» зыфIаща лъэпкъ дауэдапщэхэми ущрохьэлIэ. ИпэжыпIэкIэ ар мажусиигъэкъым, абы пэжу зэреджапхъэр «анимистическэ» дуней еплъыкIэщ.
Адыгэхэм я лъэпкъ гузэвэгъуэм ещхь дунейпсо тхыдэм хэткъым
Аращ адыгэхэм я тхыдэм теухуауэ пхужыIэнур, XIX лIэщIыгъуэм къэхъуа лъэпкъ гузэвэгъуэм унэсыху. Абыи псори щыгъуазэщ. Абы хуэбгъэдэфын гузэвэгъуэ, уеблэмэ, дунейпсо цIыхубэр къызрикIуа гъуэгуанэм къыщыпхуэгъуэтынукъым. Ебгъэпщэфынущ, псалъэм папщIэ, Иудеемрэ Палестинэмрэ иса журт лъэпкъыжьым я хэкур зэрафIэкIуэда щIыкIэр. Иерусалимыр якъутэри зэфIагъэувэжащ, япэщIыкIэ урым къалэ хуэдэу, иужькIэ хьэрып къалэу, журтхэм я процент 95-р Мароккэм щегъэжьауэ Азие Курытым, Индие Ипщэм нэс щызэбгрыдзауэ.
НэгъуэщI щапхъэу Ирландиер къыпхуэщтэнущ. Ирландиер щэнхабзэ лъагэ зиIэ къэралыгъуэ щIэращIэу щытащ, инджылыз зэрыпхъуакIуэхэр ятеуэху. Инджылызхэм Ирландием и зы Iыхьэр зэтракъутэри, адрейхэр хагъэзыхьурэ Шотландием, езыхэм яубыда нэгъуэщI щIыналъэхэм ягъэIэпхъуащ. Ар адыгэ мухьэжыр Iуэхум и пэ къихуэу къэхъуа си гугъэжщ, 1847 гъэхэм. Инджылызыр гъаблэм зэщIищта нэужь, Ирландием гуэдзу иIэр абы ирагъэшат, езы ирландхэм кIэртIоф фIэкIа яшхын ямыIэу. Арати, гъэ гуэрым кIэртIофым уз къыхыхьэри езы Ирландиер гъаблэм иубыдащ. ХэкIуэдар хэкIуэдауэ, Америкэм, адрей къэралхэм Iэпхъуэн хуей хъуахэщ ирландхэр. Иджыпсту Ирландием ирланд лъэпкъым щыщу мелуанищ хуэдиз исми аращ, адрей мелуан тIощIыр дуней псом тепхъащ. Ауэ ар зауэм къихьа Iэпхъуэкъым, гъаблэрщ къызыхэкIар. Урым империем щызэбгрыдза журтхэри, Британ империем щызэбгрыдза ирландхэри куэдкIэ нэхъ мащIэщ, Урыс империем и адрыщIкIэ къыщыхута адыгэхэм я бжыгъэм нэхърэ. Адыгэхэм я процент 85-90-р нобэ адыгэ щIыналъэм пэIэщIэу мэпсэу. Зэры-Кавказ Ищхъэрэу къапщтэми, Темэнрэ Мэздэгурэ я зэхуакум иджыпсту адыгэу 700 000 хуэдиз исми аращ. Адрей мелуанибл (нэхъ мащIэ дыдэу хуэбгъэфащэмэ) къэрал 50-м щыIэщ. Аращ адыгэхэм я тхыдэр.
Ар псоми ящIэ, ауэ мыхьэнэуэ иратыр зэщхькъым. Политикэ и лъэныкъуэкIэ зыхыхьэ лъэныкъуэм елъытауэ, а адыгэхэм я тхыдэр еплъыкIэ зэхуэмыдэкIэ зэпаплъыхь. Ауэ мыхьэнэ зиIэу пхужыIэнур мыращ. Нэхъ мащIэ дыдэу илъэс 3000 хъуауэ адыгэхэр Кавказым щопсэу. Илъэс 3000 и пэкIэ абыхэм я хэкум Трабзон щегъэжьауэ Ростов нэс къызэщIиубыдэрт, КъухьэпIэ Куржыри хэтыжу. «Адыгэхэр» щыжысIэм деж абы хызогъэубыдэ абхъаз-адыгэхэри, абхъаз-абазэ лъэпкъхэри.
Трабзон щегъэжьауэ Ростов нэс, КъухьэпIэ Куржыри хэту, япэрей адыгэ лъапсэу щытащ. Нобэрей адыгэ щIыналъэ хъур зыхуэдэр фощIэ. Адыгей Республикэ цIыкIур, Шапсыгъ район цIыкIу дыдэр, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ шэрджэс щIыпIэхэр. Абыи мыбыи адыгэхэр а щIыпIэхэм щыпсэу адрей лъэпкъхэм нэхърэ щынэхъ мащIэщ.

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.03.2024 - 09:17

КУШЫКРЭ МЭТРЭ Я ЖЭУАП

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алий адыгэм и щэнхабз

19.03.2024 - 09:16

КЪУАЖЭ УЭРАМХЭР ЗЫХУЕЙ ХУАГЪАЗЭ

 Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Тэрч щIыналъэм щыщ Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур мы ма

19.03.2024 - 09:16

ДЭТХЭНЭМИ ХЭПЛЪЭНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурор Хабаров Николайрэ Налшык гарнизоным и дзэ прокурор Васильцов Александррэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъынымкIэ «Хэкум и ХъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэм и Iуэху

18.03.2024 - 14:28

ДЫЩЭ МЕДАЛУ ПЛIЫ

Мейкъуапэ къалэм и «Уэщтын» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Галстян Арсен и саугъэтхэр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ.

18.03.2024 - 14:27

ШХАПIЭХЭМ Я ХЭХЪУЭР

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и шхапIэхэм псоми зэхэту фейдэуэ кърагъэщIам и куэдагъымкIэ къэралым и щIыналъэ нэхъыфIипщIым яхыхьащ.