Трутнев Юрий Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ

ШыщхьэуIум и 6-м Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ - Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ округым щыIэ Трутнев Юрий.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Правительствэм хэтхэр, республикэ унафэщIхэр и гъусэу, хьэщIэм зыщиплъыхьащ Iуащхьэмахуэ лъапэ. Ар щагъэгъуэзащ зыгъэпсэхупIэм зэрызрагъэужьыну инвестицэ Iуэхухэр зэрагъэзащIэм, апхуэдэуи хэплъащ дунейпсо мыхьэнэ абы зэригъуэтыну Iэмалхэм.
«Ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къызолъытэ бгым лыжэкIэ къежэхынымкIэ дуней псор зэкIуалIэ зыгъэпсэхупIэ ­Iуащхьэмахуэ тщIыныр, - жиIащ Трутнев Юрий. - Зыужьыныгъэм тещIыхьа Iуэхур къыщыхэтлъхьэкIэ, зыщыдгъэгъупщэ ­хъунукъым щIыналъэм щыпсэухэм я еплъыкIэри къэтлъытэн зэрыхуейр. ЦIыхухэм лэжьыгъэ IэнатIэ къахуз­э­Iухыным, зыгъэпсэхуакIуэхэр нэхъыбэу къызэретшэлIэным, хэхъуэ дызэриIэным дызэрелэжьыр абыхэм къагурыдмы­гъаIуэмэ, мурадхэр къыддамыIыгъмэ, ди пщэрылъхэри къыдэхъулIэнукъым».
Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрызрагъэужьынум теухуа проектыр щызэхагъэувэкIэ зыгъэпсэхуакIуэхэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм къищынэмыщIа, гулъытэ ин ­хуащIын хуейщ щIыуэпсым и теплъэри зэрахъумэным. ХьэщIэм къызэрыхигъэщамкIэ, ухуэныгъэхэр зэхэтхъуауэ, зэбгрыдзауэ ирагъэщIынкIэ Iэмал иIэкъым.
- Урысейм щыпсэу дэтхэнэми и дежкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ хъугъуэфIыгъуэу щытыпхъэщ, апхуэдэ дыдэуи дунейпсо зыгъэпсэхупIэ ар хъун хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къэрал унафэщIхэм ягъэбелджыла къалэнхэр тхуэгъэзащIэмэ, а мурадыр къыдэхъулIэнущ. Апхуэдэ зыужьы­ныгъэм зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ищIынущ, цIыхухэм хэхъуэ къызыпэкIуэну IэнатIэ яIэригъэхьэнущ икIи бюджетым кIуэну налогыщIэхэр убзыхуа хъунущ. А псом, шэч хэмылъу, республикэм исхэм я псэукIэр нэхъыфI ищIынущ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
ХьэщIэмрэ бысымхэмрэ къыкIэлъы­кIуэу щыIащ Бахъсэн къалэм щаухуэ пхъэ­щхьэмыщхьэ хъумапIэм. «Агрохолод» ООО-м зэуэ мыIэрысэ тонн мини 7 ­ихъумэфынущ. Инвестицэ проектым сом мелуан 578-рэ текIуэдэнущ икIи 2020 гъэм и жэпуэгъуэм лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIыну траухуэ. Мы зэманым пхъэ­щхьэмыщхьэ хъумапIэм и ухуэныгъэр ­яухащ, щIыIалъэхэмрэ ашыкхэмрэ зэрагъэпэщащ.
КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и ми­нистр Сыжажэ Хьэсэн хьэщIэм зэрыжри­IамкIэ, республикэм апхуэдэ пхъэщхьэ­мыщхьэ хъумапIэу 31-рэ щыIэщ, псоми зэхэту тонн мин 210-рэ щIэхуэу. «2020 гъэм и кIэ пщIондэ иджыри пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэу 8, тонн мин 30 хуэдиз къызэщIаубыдэфыну, духуэну ди мурадщ», - къыхигъэщащ Сыжажэм.
Трутнев Юрий хагъэгъуэзащ Кыщпэк къуажэм дэт «СтройМаш» IуэхущIапIэм и лэжьыгъэми. Абдеж ар щеплъащ IуэхущIапIэм пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэ­хэкIхэмрэ папщIэ къыщIигъэкI, пластмассым къыхэщIыкIа контейнерхэр зэращIым. ООО-м зы илъэсым апхуэдэ илъхьэпIэу мини 180-рэ къыщIегъэкI. ХьэщIэр зэрыщагъэгъуэзамкIэ, ахэр иролажьэ Австрием щащIа Iэмэпсымэхэм икIи мардэ псори къэлъытауэ лэжьыгъэр зэтеублащ.
Трутнев Юрий зыщрагъэплъыхьащ Налшык къалэм ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ и жыг хадэми. Ар хагъэгъуэзащ «Налшык» зыгъэпсэхупIэм федеральнэ мыхьэнэ зэрырагъэгъуэтыжынум теухуауэ зэхагъэува «ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэ» проектым. КъызэрыхагъэщамкIэ, мы зэманым республикэм и санаторэ-курорт зыгъэпсэхупIэхэм я нэхъыбэр жьы хъуащ икIи я Iуэхутхьэбзэхэр адрейхэм ехьэехуэу къызэрагъэпэщынымкIэ ар лъэпощхьэпо яхуохъу. Проектыр ягъэ­зэщIэну я мурадщ къэралымрэ инвесторхэмрэ зэрызэдэлажьэ щIыкIэм тету.
А махуэ дыдэм Трутнев Юрий иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, псом хуэ­мыдэу экономикэм дэIэпыкъуэгъу хуэхъуну Iэмалхэмрэ щIыналъэм инвесторхэр къешэлIэнымрэ.
-Коронавирусым къэралым зыщимыубгъун щхьэкIэ Iэмал къэдгъэсэбэпахэм емылъытауэ, Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу зи экономикэм хэхъуэ иIа щIыналъэ мащIэхэм хабжэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр. 2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм КъБР-м и промышленностым къыщIигъэкIам процент 20,8-кIэ хэхъуащ. АбыкIэ республикэр ещанэ увы­пIэм щытщ, - къыхигъэщащ Трутневым.
ХьэщIэм зыщигъэгъуэзащ «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и зыужьыныгъэр» Урысей Федерацэм и къэрал программэм и «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социально-экономикэ зыу­жьыныгъэр 2016 - 2025 гъэхэм яте­щIы­хьауэ» программэ къуэдзэм хыхьэ ин­вестицэ проектхэр зэрагъэзащIэми.
Трутнев Юрий жиIащ апхуэдэ Iуэхухэм я мылъку къыхалъхьэну кърагъэблэгъэн хуейр зыужьыныгъэм телажьэ IуэхущIапIэ нэхъ инхэр зэрыарар. Абыхэм ящыщу хьэщIэм къигъэлъэгъуащ ИнвестицэхэмкIэ Урысей фондымрэ КъуэкIыпIэ Жыжьэмрэ Арктикэмрэ зегъэужьынымкIэ IуэхущIапIэмрэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.