Хъыбар нэпцIхэм ятеухуауэ

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм «Зи щхьэ хущыт жылагъуэ мониторинг» зэгухьэныгъэр и гъусэу видеоконференц жыпхъэм иту иригъэ­кIуэкIащ Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуа IэIэтым ехьэлIауэ зэбграгъэкI хъыбар нэпцIхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.

А Iуэхум кърагъэблэгъат щIыналъэм и Жылагъуэ палатэм хэтхэр, профсоюз зэгухьэныгъэхэмрэ политикэ партхэмрэ я лIыкIуэхэр, КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщIыр, волонтёрхэр, журналистхэр.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий жиIащ: «УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэ­хъуэкIыныгъэхэм икъукIэ гулъы­тэ­ш­хуэ щигъуэтащ Урысейм и жыла­гъуэ-политикэ гъащIэм. Ауэ абы къыщыгъэлъэгъуахэм я сэбэпынагъым мыхьэнэ зэриIэм зэрытепсэ­лъыхьым къыдэкIуэу, хъыбар нэпцI куэди зэбграгъэкIащ. Абы и щхьэусыгъуэр Iуэхум и пэжыпIэм зэрыщымыгъуа­зэрщ, языныкъуэхэм дежи зэрыщIауфэрщ», - жиIащ Бердым.
«Жылагъуэ мониторинг щхьэхуит» зэгухьэныгъэм и унафэщI Лукаш Антон тепсэлъыхьащ нэхъыбэрэ зэбграгъэкI хъыбар нэпцIхэм. Абыхэм ящыщщ IэIэтыр зэIухауэ ирамыгъэкIуэкIын мурад яIэу къэрал унафэщIхэм цIыхухэм я хуитыныгъэхэр ягъэмащIэ хуэдэу зэрагъэIур. Апхуэдэ хьэгъэщагъэхэм я лъабжьэр УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэ­хъуэкIыныгъэхэм я фIагъыр цIыхум я фIэщ ирамыгъэщIынырщ. Къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэм гулъытэ ин щызыгъуэт лъапIэныгъэхэр - цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI хъуным, уна­гъуэхэм защIэгъэкъуэным, нэгъуэщI­хэми ехьэлIауэ абы къыщыгъэлъэ­гъуахэр - лъэныкъуэ ирагъэзри, зи гугъу ящIыр президентыр тетыну щыхуит пIалъэм зэхъуэкIыныгъэ ­халъхьэну иужь зэрит закъуэрщ. Апхуэдэ хъыбар нэпцIхэр зэбгрызыгъэкI гуп щхьэхуэ къэунэхуащ - Урысейр пандемием пэмылъэщыну, абы къыхэкIыу IэIэтыр шынагъуэншэу къызэрамыгъэпэщыфын хуэдэу къэ­рал псом хэIущIыIу щащIыныр я щхьэусыгъуэу. А псори зыхуэунэтIар IэIэтыр щекIуэкI махуэхэм цIыхухэм я узыншагъэр хъума хъуным шэч къытрырагъэхьэнырщ.
- Апхуэдэ хъыбар нэпцIхэм мызэ-мытIэу дрихьэлIащ икIи хъыбарегъащIэм епхауэ лажьэ ди IэщIагъэлIхэр щхьэхуэу хуеджащ абы зэрыпэщIэтыну Iэмалхэм. УФ-м и Конституцэм ­халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм ятеухуауэ мэкъуауэгъуэм и 25-м къыщыщIэдзауэ бадзэуэгъуэм и 1 пщIондэ екIуэкIыну урысейпсо IэIэтым зыри зэран хуэмыхъун щхьэкIэ жылагъуэ IуэхущIапIэ псори дызэкъуэувэн хуейщ, - жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и профсоюз IуэхущIапIэхэм я зэгу­хьэ­ныгъэм и унафэщI Амщыкъуэ ФатIимэт.
«Захуагъэ здэщыIэ Урысей» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Токъу Руслан къы­­хигъэщащ зэхъуэкIыныгъэ 40-м хуэдиз къагъэлъэгъуауэ зэрыщытар, абы щыщу 13-р къызэращтар. «Мы Iуэ­хум и мыхьэнэр зыхэтщIэу лэжьыгъэм дэри дыкъыхыхьащ. Иджы ди къалэныр жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэр къызэдгъэпэщынырщ», - жиIащ абы.
«КъБР-м волонтёр Iуэхум зыщезыгъэужь щIыналъэ центр» зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Алексейчик Татьянэ жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр жыджэру зэрыхэтыр «Конституцэм и волонтёрхэр» урысейпсо хъыбарегъащIэ Iуэхум. Ахэр хущIокъу Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэм цIыхухэр нэхъ куууэ хагъэгъуэзэну.
ЗэIущIэр щызэхуищIыжым, Берд Хьэзрэталий къыхигъэщащ цIыхухэр хъыбар нэпцIхэм щахъумэн папщIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ со­циаль­нэ сетхэмрэ къагъэсэбэпын зэры­хуейр, республикэм щызэхэт политикэ партхэм, жылагъуэ, профсоюз IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ лэжьа­кIуэхэмрэ абы и лъэныкъуэкIэ бэм зэрадэлэжьапхъэр.
- УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэ­хъуэкIыныгъэхэм ятеухуа IэIэтыр политикэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэшхуэщ, къэкIуэну зэманым къэралым игъуэ­тыну псэукIэр зыхуэдэр и лъабжьэу, - дыщIигъуащ Бердым.

 

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.