ЩIыналъэхэр зэрызэдэлэжьэнур яубзыху

КъБР-м и Правительствэм хэтхэр фокIадэм и 28-м яIущIащ Тулэ областым и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­- дзэ - мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Миляев Дмитрий зи пашэ лIыкIуэхэм. ЗэIущIэм хэтащ республикэ унафэщI­хэмрэ республикэм и сату-промышленнэ Iуэхухэм елэжьхэмрэ.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Мусуков Алий жиIащ лэжьыгъэ IуэхукIэ иджы япэу Тулэ щIыналъэм къикIахэр къазэрыхуеблэгъар.
- Урысейм экономикэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ зызыужьа и щIыналъэхэм ящыщщ Тулэ областыр. Псом хуэмыдэу ар лъэщщ промышленностым къыщIигъэкIымкIэ, - жиIащ Мусуковым. - Апхуэдэуи къыхэгъэ­щыпхъэщ иужьрей илъэситIым къриубыдэу щIыпIэм зезыгъэужьыну инвестицэ Iуэху­хэмкIэ абы ехъулIэныгъэфIхэр зэриIэр. Апхуэдэ щIыналъэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рыр сыт зэрыдэлэжьэфынур жыпIэмэ, ар мэкъумэш IэнатIэмкIэ, промышленностымкIэ, уеблэмэ туризмэмрэ зыгъэпсэху­пIэ­хэм­рэ зэрызаужьынымкIэ зэфIэкI дызэ­риIэрщ.
Мусуков Алий къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэр къэзыIэт унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм мэкъумэш ­хозяйствэр зэращыщыр, къапщтэмэ валовэ щIыналъэ продуктым и Iыхьэ щанэр абы къызэрызэригъэпэщыр. Апхуэдэуи Пра­вительствэм и УнафэщIым дыщIигъуащ ­республикэм и промышленнэ IуэхущIапIэ зыбжанэ Урысейм щыпашэхэм зэращы­щыр. Абыхэм налмэсым къыхэщIыкIа Iэмэ­псымэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIагъэкI, радиолектроникэ хьэпшыпхэр, медицинэ техникэ нэхъ гугъухэр, светодиод зыхэлъ светофорхэр, нэгъуэщI куэди ящI.
- Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ IуэхущIапIэхэм Тулэ областым ирагъашэ къыщIагъэкI рентген Iэмэ­псымэхэмрэ кабель кIапсэхэмрэ. Дэ ды­хьэзырщ абы и хьэрычэтыщIэхэми дадэ­лэжьэну, псом хуэмыдэу зыгъэпсэхупIэхэр, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ центрхэр а щIыналъэм щыухуэнымкIэ, мэкъумэш­хэкIхэр щахъумэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэтеублэнымкIэ, - жиIащ республикэ унафэщIым. - Къыхэзгъэщыну сыхуейт, дэт­хэнэ щIыналъэми дежкIэ нэхъыщхьэр абы зегъэужьыным ахъшэ хэзылъхьэфынухэр къызэрыришэлIэн Iэмалхэр зэрыарар. Къэбгъэлъагъуэмэ, иужьрей илъэси­щым къызэрапщытамкIэ, Къэбэрдей-­Балъкъэрыр яхыхьащ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу инвестицэ Iуэхухэм зыщызыужьа нэхъыфIи 10-м. Абы къы­хэкIыу мэкъумэш хозяйствэм, промыш­ленностым, туризмэм епхауэ инвестицэ проекти 5 Тулэ областым къыхуэдгъэлъэ­гъуэ­фынущ. Сыщогугъ купщIафIэу дызэ­дэлэжьэну.
Тулэ областым и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ - мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Миляев Дмитрий бысым-      хэм фIыщIэ яхуищIащ къызэрырагъэблэгъам папщIэ. «Ди гуапэщ нэхъ гъунэгъуу Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрытцIы­хуар. Ди гупым хэтщ хьэрычэт Iуэхум, узыншагъэр хъумэным, туризмэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми щылажьэхэр. Си гугъэмкIэ, ди ­щIыналъэхэр сыт хуэдэ унэтIыныгъэкIи дызэдэлэжьэфынущ. Зэдгъэлъэгъуащ Нал­шык къалэм дэт Сабий творчествэмкIэ «Дыгъэпс къалэ» академиемрэ Перина­тальнэ центрымрэ икIи жысIэфынущ ахэр зэрыдгъэщIэгъуар. СызэреплъымкIэ, лъэ­ныкъуитIми ди къалэн нэхъыщхьэр щIы­налъэхэм я социально-экономикэ зыужьы­ныгъэр зэредгъэфIэкIуэнырщи, абы дегугъунущ», - жиIащ Миляевым.
ХьэщIэхэр ирагъэплъащ Къэбэрдей­-Балъкъэрым щызэфIагъэкI инвестицэ Iуэхухэм теухуауэ ягъэхьэзыра видео кIэ­щIым. Абы и ужькIэ, КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ - ­мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Говоров Сергей щхьэхуэу тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэшыщIэм зэ­рыщызрагъэужь Iэмалхэм. Абы жиIащ 2017 гъэм а IэнатIэм сом мелард 46,2-рэ и уасэ къызэрыщIигъэкIар, ар 2014 гъэм елъытауэ процент 13-кIэ зэрынэхъыбэр. Ап­хуэдэуи къэпсэлъам къыхигъэщащ илъэситI хъуауэ гъавэу тонн зы мелуаным ­щIигъу къызэрытрахыр. Абы дыщIигъуащ жыг хадэ гъэкIынми республикэр зэрехъу­лIэр.
Тулэ областым и Сату-промышленнэ палатэм и унафэщI Агафонов Юрий жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыщIагъэкI Iэмэпсымэхэр гъэщIэгъуэн зэращыхъуар, апхуэдэуи нартыху гъэкIыным ехьэлIауэ я зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэжэну зэрагуапэр. Абы къыхигъэщащ я щIыпIэм нартыхур зэры­рагъэшэнум теухуауэ зэгурыIуэныгъэ зэ­рыщыIэр.
Тулэ областым узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Третьяков Андрей къыхигъэщащ я губернатор Дюмин Алексей пщэрылъ къыщищIу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Республикэ сабий клиникэ сымаджэщым ­папщIэ медицинэ Iэмэпсымэ къызэращэхуну сертификат къызэригъэхьар, ар и гуапэу бысымхэм зэраритыр.
Мусуков Алий абы фIыщIэ хуищIащ, тыгъэ лъапIэ къызэрыхуащIар къыхигъэщу. «ЗэрыжысIащи, икъукIэ лъэныкъуэ куэдкIэ ди щIыналъэхэр зэпыпщIэфынущ. Къапщтэмэ, ди республикэмрэ Тулэ областым­-рэ зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ мы гъэм Сочэ къалэм Iэ зэрыщыщIэддзрэ унэтIы­ныгъэ куэдым зэгъусэу зедгъэужьыну ­Iэмал дызэриIэр нэрылъагъу хъуащ», - жиIащ Правительствэм и УнафэщIым.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.