Узыфэр къыщежьа Китайм мы зэманым Iуэхур зэрыщыщытыр

КНР-м и унафэщI Цзиньпин Си COVID-2019 вирусым пэщIэтынымкIэ шта­­­бым и Iэтащхьэщ икIи и нэIэ щIэтщ абы теухуауэ къэ­ралым щекIуэкI Iуэ­ху­хэр.

Иджыблагъэ ар щыIащ Ухань къалэм - узыфэр къыщежьа щIыпIэм икIи зригъэлъэгъуащ вирусым ебэ­ны­ным хуэунэтIауэ абы щы­зэ­фIагъэкIхэр.
- Иджыпсту дэ шэч къы­тетхьэ хъунукъым мы зауэм дызэрыщытекIуэнум икIи абы папщIэ тлъэкI къэдгъэ­нэнукъым.
Цзиньпин къыхигъэщащ, къэралым узыншагъэр ­хъу­мэнымкIэ и IэнатIэм и мы­закъуэу, Китайм щыпсэу дэтхэнэ зым и дежкIи ­гъэу­нэхупIэ хьэлъэу зэ­ры­щы­тар илъэс кIуам и кIэм къатепсыха а гузэвэгъуэр.  А щытыкIэм къикIыным цIыху псори яужь итащ -        зауэ ­гуащIэм Iут пэлъытэу ебэнащ узыфэ шынагъуэм. Дохутырхэр, абыхэм я дэ­- Iэ­пыкъуэгъухэр, щIэны­гъэлI­­хэр вирусыр зищIысыр къэ­хутэным, цIыхухэр абы къе­гъэлыным яужь итыху, къэралым ис псори ­егугъуащ зэрызахъумэ­жы­ным - я унэхэм къыщIэ­­-    мы­кIыу щIэсащ, лэжьапIэхэри зэхуащIри, нэгу­зыужь зэ­хы­хьэхэри ирагъэкIуэкIакъым. А псоми зэхъуэкIыныгъэфI­хэр ­къа­­дэкIуащ - къэралым и щIыналъэхэм я нэхъыбапIэм махуэ зыбжанэ хъуауэ къыщахутакъым сымаджэ­щIэхэр. Уеблэмэ Ухани щы­тыкIэм фIыкIэ зыщи­хъуэжащ - цIыху мин 30 ­хъужри, сымаджэщхэм къыщIатхы­кIыжащ, пIащIэ­рыщIэу къызэрагъэпэща медицинэ IуэхущIапIэ псори зэхуа­щIыжащ.
Ухань къалэм сымаджэщу 86-рэ щыхухахат, абыхэм ирашалIэхэм щеIэзэну; тхьэ­махуитIым къриубыдэу цIыху мин бжыгъэхэм ятещIыхьа сымаджэщитI щау­хуат; выставкэхэр, спорт ­зэпеуэхэр щрагъэкIуэкI пэ­шышхуэу 16 госпиталхэм ­хухахат. Зы махуэм къриу­быдэу цIыху мин 60-м зэуэ щеIэзэну щIыпIэхэр яубзыхури, ахэр зыхуей Iэмэ­п­сы­мэхэмкIи нэсу къызэрагъэпэщат.
«Узыфэр къызэтедгъэувыIэн тхузэфIэкIами, дя­пэ­кIи абы дыхуэбэлэрыгъ хъунукъым», - къыхигъэщащ КНР-м и унафэщIым икIи цIыхухэр сакъыну къыхуриджащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.