«Урысей зэкъуэт» политикэ партымрэ «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ мурад ящIащ ветеранхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм исхэмрэ коронавирус узыфэм пэщIэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну. Абы теухуауэ иджыблагъэ къэпсэлъащ «Урысей зэкъуэт» партым и Совет Нэхъыщхьэм и секретарь Турчак Андрей.
- Дэ жыджэру дыдолажьэ «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм. Зэгухьэныгъэм и къудамэхэр Урысейм и щIыналъэ псоми щыIэщ икIи ветеранхэм я псэукIэм, я Iуэху зытетым ахэр зэпымыууэ щыгъуазэщ. Абы къыхэкIыу тфIэкъабылщ къэрал куэдыр нобэ зыгъэгузавэ коронавирусым зэгъусэу дыпэщIэувэныр, - къыхигъэщащ Турчак Андрей.
Партым и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым хэт, «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм и унафэщI Амельченковэ Ольгэ жиIащ я IуэхущIапIэм и резервым волонтёр мин 25-рэ зэриIэр.
- Ди къалэныр ветеранхэм зэпымыууэ дапыщIауэ щытынырщ - я узыншагъэм зыщыдгъэгъуэзэн, зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр зыхуэдэр тщIэн щхьэкIэ, махуэм тIэу-щэ абыхэм я деж дыпсэлъэн хуейщ. Хущхъуэ, шхын яхуэхьын хуей хъумэ, ари къызэдгъэпэщыпхъэщ, - жиIащ къэпсэлъам.
Апхуэдэ лэжьыгъэр зэрызэтраублэнум теухуауэ егъэджэныгъэ курс зэхагъэуващ. Волонтёрхэм абы зыщагъэгъуэзэфынущ, телефоным и гуэдзэну щытынущи.
Апхуэдэуи къэпсэлъахэм къыхагъэщащ волонтёрхэр дохутырхэми щIэгъэкъуэн зэрахуэхъуфынур.
- Лэжьыгъэшхуэ къапэщылъщ медицинэм и лэжьакIуэхэм, сымаджэщхэмрэ поликлиникэхэмрэ цIыху куэд екIуэлIэнущи. Iуэхугъуэ щхьэхуэхэмкIэ абыхэм ядэIэпыкъуфынущ волонтёрхэр. Псалъэм папщIэ, поликлиникэм псалъэ цIыхухэм абыхэм телефонкIэ жэуап кърату бублэ хъунущ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр сэбэп хъунущ медицинэм и лэжьакIуэм и къалэнхэр нэхъ мащIэ хуэщIынымкIэ, - дыщIигъуащ Турчак Андрей.
«Урысей зэкъуэтым» къыхилъхьащ чат мин 90 къызэригъэпэщыну, коронавирусым ехьэлIа Iуэхухэм цIыхухэр щигъэгъуазэу. А лэжьыгъэр къызэрагъэпэщынущ щIыналъэхэм я гъэзэщIакIуэ комитетхэмрэ депутатхэмрэ. КъищынэмыщIауэ, узыфэр зи ныбжь хэкIуэтахэмкIэ нэхъ шынагъуэу зэрыщытыр къэлъытауэ, зи закъуэу псэухэм, жьы хъуахэм, ветеранхэм я деж махуэ къэс псэлъэнущ.
- Дэ цIыху мин 90 дохъу, муниципальнэ щIыналъэхэм депутат мини 180-м щIигъу щыдиIэщ. Партым хэт дэтхэнэри щыгъуазэщ я щIыпIэм гулъытэ хуэныкъуэу щыпсэухэр. ЖысIэнуращи, зи ныбжь хэкIуэтахэм псоми далъэIэсыну Iэмал диIэщ, - жиIащ Турчак Андрей. - Тыкуэнхэм телъ ерыскъыр зэрырикъум, хущхъуэхэр аптекэхэм зэрыщIэлъым щIэх-щIэхыурэ дыкIэлъыплъынущ, псом хуэмыдэу абыхэм я уасэхэр драмыгъэуеиным ди нэIэ тедгъэтынущ. Иджыпсту гулъытэ ин хуащI тыкуэнхэм ерыскъымрэ псом нэхърэ нэхъыщхьэу къэдгъэсэбэп хьэпшыпхэмрэ зэрырашалIэми.