Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мазаем и 15-м илъэс 31-рэ ирикъуащ. А махуэм ирихьэлIэу республикэм и къалащхьэм, щIыналъэхэм щекIуэкIащ абы теухуа Iуэхухэр.
Урысей МВД-м Аруан щIыналъэм щиIэ къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм и кадет классым щеджэхэмрэ Нарткъалэ и курыт еджапIэ №6-м и «НыбжьыщIэ армэ» зэщIэхъееныгъэм хэтхэмрэ папщIэ къызэрагъэпэщащ «Афганистан - мыкIыж уIэгъэ» зыфIаща лIыгъэм и дерс.
Iуэхум кърихьэлIащ Афганистаным щекIуэкIа зауэм и ветеранхэу, лейтенант нэхъыжьу полицэм къыхэкIыжа Бекъул Аслъэн, Зыхьэ Арсен, Iусен Мустэфа, Жылэтеж Мухьэмэд сымэ.
Дзэм хэтахэм школакIуэхэр щагъэ- гъуэзащ а зэман мытыншым, ядэгуэшащ зэхэуэхэм щыIам ягъуэта гъэунэхуныгъэмкIэ, тепсэлъыхьащ Афган зауэм и мыхьэнэм. Абыхэм къытщIэхъуэ щIэблэр къыхураджащ мамырыгъэм папщIэ зи гъащIэр зыта зауэлIхэм я фэеплъым пщIэ хуащIыну.
Къызэхуэсахэр едэIуащ «Голубые береты» гупым игъэзэщIа уэрэдым. Кадет классым и унафэщI Рябкинэ Татьянэ еджакIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ яхутепсэлъыхьащ 1985 гъэм Афганистаным къыщызэрагъэпэща 350-нэ полкым и десантхэр зыхыхьэ «Голубые береты» гупым, ар цIэрыIуэ зэрыхъуам.
Ветеранхэм я дежкIэ а зэхыхьэр хъуат гукъэкIыжхэм я махуэ Къызэхуэсахэм фIыщIэ хуащIащ Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ, полицэм и майорхэу ЛIыжьыкъуэ Азнауррэ Къармэ Натальерэ.