КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм автомашинэщIэ 28-рэ къаIэрыхьащ. Абыхэм я IункIыбзэхэр полицейхэм яритащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Павлов Василий.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къигъэсэбэпыну автомашинэщIэ 28-р иратащ. Ахэр хуагуэшащ КъБР-м щыIэ МВД-м, Урысей МВД-м республикэм щиIэ щIыналъэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьакIуэ-хэм.
«УАЗ-Патриот», «Лада-Гранта», «Лада-Веста» автомашинэщIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьащ 2019 - 2022 гъэхэм тещIыхьа къэрал программэм ипкъ иткIэ.
Транспортым хигъэхъуэнущ IэнатIэ 17-м я автопаркыр икIи мыгувэу къэгъэсэбэпын щIадзэнущ. Нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм занщIэу къыIэрыхьащ автомашини 4. Абыхэм ящыщу 2-р иратащ 2019 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэмкIэ щIыналъэ орган нэхъыфIу къалъытэхэм.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Павлов Василий Iуэху гуапэмкIэ лэжьакIуэхэм ехъуэхъури, къыхигъэщащ транспортыщIэхэм лэжьакIуэхэм я лэжьыгъэр зэрырахьэкI щытыкIэр зэрыригъэфIэкIуэнур, жылагъуэ хабзэмрэ цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ хъумэнымкIэ сэбэп зэрыхъунур.