ХэкIуадэхэр нэхъ мащIэ мэхъу.

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ УГИБДД-м 2019 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм теухуа зэIущIэ. Управленэм административнэ законодательствэр гъэзэщIэнымкIэ и къулыкъум и ДПС къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и полковник Махиев Заурбэч журналистхэр щы­гъуазэ ищIащ я IэнатIэхэм зэфIагъэкIам. Ар тепсэлъыхьащ гъуэгу насыпыншагъэхэр гъэмэщIэным, гъуэгум щызекIуэхэм хабзэр ягъэ­зэщIэным теухуауэ къагъэсэбэп Iэмалхэм.
-2019 гъэм къэхъуащ гъуэгу насыпыншагъэ 644-рэ, ипэ ита илъэсым еплъытмэ, проценти 5,9-кIэ нэхъыбэ. Абыхэм хэкIуадэхэр процент 25-кIэ ехащ (цIыхуи 123-рэ). ИтIанэми, фэбжь зыгъуэтахэр проценти 6,7-кIэ нэхъыбэщ (776-рэ). Аварие нэхъыбэ къыщыхъуащ Iуащхьэмахуэ, Аруан районхэм, фэбжь хэзыхахэр щынэхъыбэщ Бахъсэн, Прохладнэ щIыналъэхэм. Нэхъ мащIэ хъуащ рулым чэфу дэтIысхьэхэм я зэранкIэ къэхъу насыпыншагъэхэр - жиIащ Махиев Заурбэч.
Къэрал автоинспекцэм и лэ­жьа­кIуэхэм блэкIа гъэм къыщIагъэщащ гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр 904 027-рэ къызэпаудауэ. Абыхэм ящыщу 274648-р ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм, 629379-р - зытх Iэмэпсымэхэм наIуэ къащIащ.
Административнэ Iуэху зыхэплъахэм кърикIуахэмкIэ Къэрал автоинспекцэмрэ суд органхэмрэ унафэ 887416-рэ къащтати, абыхэм ящыщу 475291-р ягъэзэщIащ. Къуэдыуэ сом 605110100-рэ тралъхьащ, япшынащ сом 385766700-рэ.
-Илъэс кIуам и щIышылэм ебгъапщэмэ, нобэкIэ гъуэгу къэхъукъащIэ­хэмрэ абыхэм фэбжь щызыгъуэтахэмрэ я бжыгъэр ехащ, ауэ щыхъукIи хэкIуэдахэр процент 80-кIэ нэхъыбэщ. Федеральнэ гъуэгухэм къыщыхъуащ авариеу 8, фэбжь хахащ цIыху 18-м. Аварие нэхъыбэ къохъу сыхьэти 18-м къыщыщIэдзауэ сыхьэт 22-м къриу­быдэу, - къыхигъэщащ Махиев Заурбэч.

УаРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.