Дэрэжэгъуэм и махуэ

ФокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэм и махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэмрэ. А гуфIэ­гъуэ дауэдапщэ­хэм хэтыну ди лъахэм къеблэгъащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ, Урысейм и ЛIыхъужь Матовников Алек­сандр.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ Матовников Александррэ пщэдджыжьым щыIащ Шэджэм къалэ дэт курыт еджапIэ №1-м. Гъэ еджэгъуэщIэм щыгуфIы­кIыу къызэхуэса еджакIуэхэм, егъэджа­кIуэхэм, адэ-анэхэм я дэрэжэгъуэр нэхъри къаIэтащ хьэщIэхэм.

ЕджапIэм и унафэщI Бекъул Маритэ фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ кзэIущIэм хэтахэм. Матовников Александр къызэ­хуэсахэм ехъуэ­хъуащ икIи жиIащ фокIадэм и 1-м школакIуэ минхэр еджапIэм зэрекIуэлIэжыр, етIанэгъэ илъэ­­сищэ ирикъуну Шэджэм курыт школми и бжэхэр ­гуапэу зэрызэIуихар.

- Нобэ мы еджапIэм къэкIуа ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ ехъулIэныгъэхэр зиIэн, къэхутэныгъэ ехьэжьахэр зыщIын цIыху къазэрыхэкIынум шэч къытесхьэркъым, - жиIащ Матовниковым. - Хэти ­дохутыр, инженер, дзэлI, журналист ­хъунущ. Нэхъыщхьэр, сыт хуэдэ IэщIагъэ къы­хэфхми, ди хэкушхуэм - Урысейм - и зыужьыныгъэм фыхуэлэжьэнырщ.

Матовников Александр курыт еджа­пIэм тыгъэ хуищIащ зы класс унэлъащIэрэ компьютеррэ. КIуэкIуэ Юрий къыщыпсалъэм жиIащ зи ­сабий, къуэрылъху-­пхъурылъху нобэ еджапIэм зыгъэкIуэжа псоми я насыпу къызэрилъытэр. «Сыт щхьэ­кIэ жыпIэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щылажьэхэр я IэнатIэм зи IэщIагъэм хуэIэзэ, гурэ псэкIэ лэжьыгъэм пэ­рыт егъэджакIуэхэщ. Абыхэм сохъуэхъу шы­Iэныгъэрэ ехъу­лIэ­ныгъэрэ яIэу гъэ еджэгъуэщIэр кърахьэ­лIэну», - къыпищащ КIуэкIуэм.

Школ пщIантIэм хьэщIэхэм щрагъэлъэгъуащ сабийхэм я къэфэ­кIэр, уэрэд жы­IэкIэр икIи махуэш­хуэм къахилъхьэ дэ­рэжэгъуэм зэIущIэр игъэдэхащ.

КIуэкIуэмрэ Матовниковымрэ нэгъуэщI къулыкъущIэхэр я гъусэу адэкIэ щыIащ Налшык къалэм и зыгъэпсэхупIэ Хьэ­тIохъущо­къуэм и жыг хадэм. Абы и лъэс ­лъагъуэ нэхъыщхьэм тет псыутхыр къагъэщIэрэщIэжри щIэуэ къызэ­Iуахы­жащ. Къалэдэс нэжэгужэхэр щызэхуэса утыкум концерт мыин щатащ сабийхэм икIи КIуэкIуэмрэ Матовниковымрэ я гъу­сэу псыр яутIыпщащ. Илъэс 70 нэблагъэ ипэ яухуа псыутхыр жьы хъуат, и архитектурэ ­теплъэми зи­хъуэжат. Республикэм къы­дэгъуэгуры­кIуэ, ди цIыху мин бжыгъэхэм я сурэтхэм дахэу къищ псыутхыр фе­деральнэ программэм щыщ лэжьыгъэу къагъэ­щIэ­рэщIэжащ, и хъуреягъыр ­ягъэ­дэхащ. Хьэ­щIэхэмрэ къалэдэсхэмрэ кIуэцI­ры­кIащ аттракционхэр зэрыт паркым. Абыи щыкуэдт цIыху нэфIэгуфIэхэр.

А махуэм къызэIуахырт зыплъыхьыпIэ шэрхъыр. 1956 гъэм ягъэувауэ щытар жьы хъуати, метр 50-кIэ узыIэт, Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ лъагэ дыдэ и пIэ ирагъэуващ. КIуэкIуэмрэ Матовниковымрэ япэу итIыс­хьэри, зрагъэлъэгъуащ метр 50-кIэ удрихьея нэужькIэ уи нэгу къыщIэувэ дахагъэхэр.

Студент гъащIэм пызыщэну, щIэныгъэ зэзыгъэ­гъуэтыну зи нэ къикI щIалэгъуалэми я IутIыжт а махуэм. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэр зрагъэлъагъуну абыхэм яхы­хьащ полномочнэ лIы­кIуэмрэ республикэм и Iэтащхьэмрэ. Матовниковым щIалэгъуалэм защыхуигъа­зэм къыхигъэщащ сту­ден­ты­гъуэ илъэсхэр гъащIэм и нэхъ IэфIыпIэу зэрыщы­тыр, щIэупщIэ зиIэну IэщIагъэ зэрызрагъэ­гъуэтым къы­дэкIуэу, конференцхэм, щIэ­ныгъэ зэ­хыхьэхэм зэрыхэтыр гукъынэж икIи сэбэп зэры­хъунур. «Фи щIэныгъэм, фи зэфIэкIым хэвгъа­хъуэурэ, ехъу­лIэныгъэу фиIэнум и лъабжьэр зэрывгъэтIылъыр, Урысейм къару лъэщ фызэрыхуэхъур зыщывмыгъэ­гъупщэ»,- жиIащ хьэщIэм. КIуэкIуэ Юрий дыщIигъуащ КъБКъУ-р УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфIхэм хабжэу къызэрыгъуэгурыкIуэр, абы зиу­жьынымкIэ республикэ унафэщIхэр дяпэкIи сэбэп зэрыхъунур. «Ехъу­лIэныгъэм и джэлэсыр уи къару къихьыр пщIэжу упсэунырщ. Си фIэщ мэхъу фэ фщыщ дэтхэнэ зыми езым и увыпIэ гъащIэм къызэрыщи­гъуэтыжыфынур, и зэчиймрэ университетым къыщIи-ха щIэныгъэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысейм­рэ къазэры­хуи­гъэ­сэбэ­пынур», - жиIащ Iэтащхьэм.

КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий хьэщIэхэм защригъэплъыхьащ университетым, щIэуэ яухуахэмрэ къагъэщIэрэщIахэмрэ яригъэлъэ­гъуащ. Мы махуэм къы­зэIуахащ Жылагъуэ жэрдэм­хэмкIэ центрыр. Ар сэбэп хъунущ КъБР-м и щIалэ­гъуалэм жылагъуэ, социальнэ, щIэныгъэ мыхьэнэ иIэу зэхалъхьэ проектхэр пхыгъэкIынымкIэ. Матовниковымрэ КIуэкIуэмрэ абы щIалэгъуалэм щахуэзащ икIи я упщIэхэм жэуап иратащ. Иджыри зы Iуэхугъуэ дахэм ­хэтащ къулыкъущIэхэр а махуэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ телевиденэм и студийнэ комплексыр къызэIуахащ. Иджырей мардэхэм изагъэ телестудие зэхэтым лэжьэн щIи-дзащ, дяпэкIэ абы эфир занщIэкIэ къыщатынущ адыгэ, балъкъэр, урыс нэтынхэр, хъыбарыщIэхэр.

НэщIэпыджэ Замирэ. Сурэтыр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.