Дунейпсо зэIущIэм ирагъэблагъэ.

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и IэщIагъэлIхэри студентхэри щIэх-щIэхыурэ хэтщ къэралпсо, дунейпсо зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Апхуэдэу, КъБКъУ-м и унафэщIхэм ящыщ Алътуд Юрийрэ Хьэшыр Светланэрэ иджыблагъэ ирагъэблэгъащ илъэс къэс екIуэкI «Гайдар и цIэкIэ зэхуэс» («Гайдаровский ­форум») дунейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцым. Абы хэтащ къэрал куэдым я эксперт ­цIэ­ры­Iуэ­хэр.
«Урысей Федерацэмрэ дуней псомрэ: Къэунэхуа илъэсипщIым къигъэув Iуэхугъуэхэр» фIэщыгъэр зиIа зэхуэсым апхуэдэу кърихьэлIащ теоретик цIэрыIуэхэр, практик Iэзэхэр, финансист ехьэжьахэр, хьэрычэтыщIэ ахъырзэманхэр. Форум иныр къалъытащ илъэсым и бизнес-къэхъукъащIэ нэхъ инхэм ящыщу икIи «TheMoskowTimesAwards» саугъэтыр ипэкIэ къыхуа­гъэфэщауэ щытащ. Урысей Федерацэм щIэх-щIэ­хыурэ зи гугъу щащI зэхуэсхэми яхэтщ ар. «The­Finan­sialTimes» журналми ар хигъэхьащ дуней псом и къэхукъащIэ нэхъ цIэрыIуитхум.
Зэхуэс иным и пленарнэ Iыхьэр зэфIэкIа нэужь, абы кърихьэлIахэм лэжьыгъэм щыпащащ секцэ щхьэ­хуэ­хэм. Ди щIыналъэм икIа щIэныгъэлIхэр хэтащ «Урысей Федерацэм и гъащIэм къыхыхьэ Iуэху зехьэ­кIэщIэхэр: къэкIуэнур доубзыху» псалъэмакъ щхьэ­пэм. Алътуд Юрий къызэхуэсахэм яхутепсэ­лъы­хьащ гъащIэм къыхыхьэ технологие пэрытхэр, еплъы­кIэ­щIэхэр, жэрдэмыщIэхэр еджапIэ нэхъыщхьэхэм шэ­щIауэ къы­зэрыщагъэсэбэп щIыкIэхэм. Псалъэмакъым хэтахэу - УФ-м щIэныгъэмкIэ и министру щыта Котюков Михаил, «РОСНАНО» IэнатIэм и пашэ Чубайс Анатолий, нэгъуэщI IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм и утыку кърахьа Iуэху­гъуэхэр епхат центрымрэ щIыналъэхэмрэ яку дэ­лъыпхъэ зэпыщIэныгъэхэм, ахэр сыт и лъэ­ныкъуэ­кIи дяпэкIи нэхъри гъэбыдэн зэрыхуейм.
КъБКъУ-м и проректор Хьэшыр Светланэ, «Наукометрие 2.0: бжыгъэхэр зи лъабжьэ зэхъуэкIыныгъэхэр» псалъэмакъым хэту, утыку кърихьащ иджырей лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм лъэпощхьэпо къыхуэхъу Iуэхугъуэхэр, апхуэдэуи жиIащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ технологие пэрытхэр сыт хуэдэ IэнатIэми шэщIауэ къызэрыщыгъэсэбэпыпхъэр.
Дунейпсо форумым щытепсэлъыхьащ ди къэралым и зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Апхуэдэхэм ящыщщ секцэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм къыщаIэта унэтIыныгъэхэу «Лъэпкъ тех­но­логие политикэмрэ щIыналъэхэм яIэ щхьэхуэныгъэхэмрэ», «Дунейпсо зэдэлэжьэныгъэхэр: IэщIагъэ­щIэхэр къызэрыунэхумрэ абыхэм зэрыхуегъэджапхъэ­хэмрэ», «Лэжьыгъэ IэнатIэхэр зыхуэныкъуэ технологие пэрытхэр», «Бжыгъэхэр зи лъабжьэ революцэр - егъэджэныгъэм», нэгъуэщIхэри.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.