Бзухэм я дахагъэр.

СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къы­щызэIуахащ. Журт Хьэ­сэн триха сурэтхэращ абы утыку къыщрахьар. Ди республикэм узыщрихьэлIэ бзу лIэужьыгъуэу щитI къиубыдащ абы и сурэттехым.
Журт Хьэсэн КъБКъУ-м и математикэ факультетыр къиухащ, Урысейм и Федеральнэ налог IуэхущIапIэм КъБР-м щиIэ и IэнатIэм хъы­барегъащIэ IэмалхэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ. Сурэт техыным 2006 гъэ лъан­дэрэ дехьэх, дыкъэ­зыухъуреихь дунеймрэ щIы­уэпсымрэ я дахагъэращ нэхъыбэу зыIэпы­зы­шэри. Абы и гъэлъэгъуэныгъэхэр Налшыки (2008, 2011 гъгъ.) Пятигорск къа­лэ­ми (2011, 2012 гъгъ.) щы­Iащ, сурэттеххэм я «Свой стиль» клубым илъэс къэс къы­зэригъэпэщ гъэлъэ­гъуэ­ныгъэхэм 2008 гъэм щегъэжьауэ хэтщ. «Best of Russia» («Урысейм и сурэт нэхъыфIхэр») зэхьэзэхуэм и сурэтитI 2013 гъэм, 2014 гъэм - и зы сурэт нэхъыфIу къыщалъытащ. Хьэсэн орнитологием (бзухэр зыдж щIэ­ныгъэ) дехьэх, фото­бёрдингым (бзухэм сурэт техыным) 2012 гъэ лъандэрэ иужь итщ. 2016 гъэм абы къыдигъэкIащ «Птицы Кавказа. Кабардино-Балкария» зыфIища сурэт альбом. 2012 гъэм къыщыщIэ­дзауэ Хьэсэн бзу лIэу­жьы­гъуэу­ 217-м сурэт ятрихащ, абыхэм ящыщу 13-р ­КъБР-м зэрыщыIэр япэу хэIу­щIыIу зыщIар Журтырщ.
Музейм и пэшым узэры­щIыхьэу нэм къыIуидзэр уи фIэщ пхуэмыщIыным хуэдизщ. Абы бзу зэмылIэу­жьы­гъуэу, нэхъ цIыкIу ды­дэхэм деж щегъэжьарэ аб­р­агъуэхэм деж щиухыжу, фIыцIэ-морафэхэм къы­щы­щIидзэрэ мы дунейм плъыфэу тетыр хэлъми ярейкъэ жыхуэпIэным хуэдизу щхъуэкIэплъыкIэхэу, щу­мылъагъур укIуэдыж. ПэшиплIри яуфэбгъуащ Хьэсэн и IэдакъэщIэкIхэм, зым ущIэкIым адрейм ущIы­хьэу зыщыпплъыхькIэ, укъыщыщIидзар къыпхуэ­мыщIэжу щхьэр мэуназэ. Зэщхьу техауэ сурэтитIи хэп­лъагъуэркъым лэжьыгъэхэм, дэтхэнэ зыми гъуаз­джэм и къэгъэщIыгъэ гъэщIэгъуэну уIуоплъэ. Ахэр­ уэгум хуиту ит бзухэрауэ пщIэнкъым, абыхэм су­рэт тепхыным гугъуехьу пы­щIари теплъэгъуэхэм ауи къатещыркъым. Къэ­тIы­су, езы Хьэсэн зэрыхуейр сыт хуэдэуми «яжриIэу», зытрагъэхам ещхьщ.
ИтIанэ, зы гъэщIэгъуэн, уасэ зыхуумыщIыфыну ­хъугъуэфIыгъуэ: сурэту ­хъуам якIэщIэтхащ бзум и щхьэ­хуэныгъэхэр, абы урысыбзэкIи, адыгэбзэкIи, балъ­къэрыбзэкIи зэре­джэр. Бзэм ирилажьэ дэтхэнэм и дежкIи ар къэ­сэбэпыну къудейкъым, ­нэгъуэщI зы щIы­пIи къы­щу­мыгъуэтынкIэ хъуну щIэ- ­ны­гъэ щхьэ­пэщ. Журтым ди пащхьэ кърихьа ­къуа­лэбзухэм ящыщу ­зыб­гъуп­щIщ, нэхъыжьы­Iуэхэм е абыхэм дахьэххэм тIэкIу нэхъыбэIуэщ яцIыхур, я фIэ­щыгъэхэм я гугъу тщIыххэнкъыми. Псалъэм папщIэ, хэт ищIэрэ жыгыуIу ­удзыфэр (зелёный дятел), къуршмыIэкIэпысыр (горная трясогузка), жэнэтбзур (щё­гол), бгъэжьейр (орёл-карлик), къэбцIацIэр (поползень кавказский), ­бзу­­пэгъумыр, бзупакъыр (обык­новенный дубонос), нэгъуэщIхэри.
И лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, сурэт техыныр зыми хэзымылъхьэ Хьэсэн и гуащIэм зэрыдихьэхыр, гъэ­лъэгъуэныгъэ зыбжанэ музейм абы къыхузэригъэ­пэщауэ зэрыщытар, IуэхущIапIэм и бжэхэр сытым дежи зэрыхузэIухар щыжиIащ выставкэм теухуауэ екIуэкIа зэIущIэм музейм и къудамэм и унафэщI, искусствовед Леонтьевэ Ни-нэ.
- Езы Хьэсэн зэрыжи­IэжымкIэ, ар зэрыцIыкIу лъандэрэ дехьэх ди щIыналъэм и щIыуэпсым, къыщалъхуа Зэрэгъыж къуа­жэм и мэзи, и къуэладжи къызэхикIухьу щытащ, щIэ­щыгъуэ гуэр зригъэлъагъу­мэ фIэфIу. ИужькIэ ар дахьэхащ ди щIыналъэм щыпсэу бзухэм, абыхэм су­рэт ятрихыуи хуежьащ. Абы Котляровхэ Мариерэ Вик­торрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIа альбомым бзу лIэужьыгъуэу щэрэ тхущIым щIигъу итщ, мы гъэлъэгъуэныгъэм а бжыгъэр щитIым щыщIригъэгъуащи, ди гуапэу до­хъуэхъу Хьэсэн, - жиIащ Нинэ.
КъэпсэлъапIэр хуит зы­хуа­щIахэу Котляров Виктор, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъы­барегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис, ди респуб­ликэм и цIыхубэ сурэтыщI, ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэн­хабзэ - методикэ центрым и уна­фэщI Жылэ Ана­толэ, Бгы­лъэ щIыпIэхэм я экологиемкIэ институтым и уна­фэщI Тембот ФатIимэт, био­логие щIэныгъэхэм я док­тор, профессор, «Урыс географие зэгухьэныгъэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Къуэ­жьокъуэ Мухьэмэд, «Свой стиль» фотостудием и тхьэмадэ Лукьяненкэ Иван, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Хьэсэн и адэ къуэ­шым и къуэ Журт Арчыл сымэ зыжьэу жаIащ Журт Хьэсэн и зэфIэкIым хуэдэрэ и шыIэм пэхъунрэ куэдрэ узэ­рыримыхьэлIэнур, абы и лэжьыгъэхэр профессиональнэ сурэттеххэм ейхэм емыфIэкIмэ, зыкIи къа­зэ­рыкIэрымыхур, нэхъ гугъу дыдэ Iэмалым, псэущхьэ щхьэхуитым гъунэгъу зы­хуэп­щIу сурэт тепхыным, зэрызрипщытам, ар фIы ды­дэу зэрызригъэхъулIам папщIэ пщIэ хэха зэрыхуа­щIыр.
Езы Хьэсэн псалъэ щратым зэIущIэм зыкърезыгъэхьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ, и гуащIэм ирата гулъытэм, дяпэкIи лэжьэн хуэдэу, гукъыдэж къы­зэ­рыритыр, къару къызэрыхилъхьэр жиIащ.
Гъэлъэгъуэныгъэр щIы­шы­лэм и 30 хъуху екIуэкIынущ, ар зэзыгъэлъагъуну хуей псори музейм фрагъэблагъэ.

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.