Тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур.

«Спартак-Налшыкым» и футболистхэмрэ унафэщIхэмрэ я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр яухри, ма-хуэку кIуам къызэхуэсыжащ. Абы ирихьэлIэу командэм и тренер нэ­хъыщ­хьэри ягъэуващ - ар иужь илъэс­хэм гупым и тренер нэхъыжьу лэжьа КIэбышэ Заурщ.
ЗэрыфщIэжщи, Урысей Феде­рацэм футболымкIэ етIуанэ ди­визионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэ­хьэзэхуэм ипкъ иткIэ нэгъабэ щэ­кIуэгъуэм (ноябрым) и 3-м 0:8-уэ «Спартак-Налшыкыр» «Алания»-м Вла­дикавказ къыщыхагъэща иужь­кIэ, ди командэм и тренер нэхъыщ-хьэу щыта Трубицин Сергей трагъэкI­ри, абы и къалэну щытахэр ­пIалъэ- кIэ и пщэ иралъхьащ КIэбышэ Заур.
-Тренер нэхъыщхьэм и къулыкъум дгъэу­выну щIалэ зыбжанэм дахэп­лъащ, - къыджиIащ «Спартак-­Налшык» профессионал футбол ­клу­бым и унафэщI Мэшыкъуэ Ас­-лъэн. - Дэтхэнэми зыхуэдгъэзащ, гуп­сэхуу деп­сэлъащ. ЗэдгъэщIащ я мурадхэр, тэмэму лэжьэн папщIэ зы­хуеинухэр. А псом иужькIэ КIэбышэ Заур дыкъы­теувыIащ. Ар илъэс куэдкIэ ди ко­мандэм щыджэгуащ, гупым и щIа­лэгъуалэр игъэсащ. Иужь илъэс­хэм «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыжьу лэжьащ икIи и IэщIагъэм фIыуэ хещIыкI. Абы иджы дэIэпы­къунущ Битокъу Тимуррэ Къумыкъу Артуррэ.
«Спартак-Налшыкым» и унафэ­щIы­щIэхэм къалэн щащIащ иджыпсту зыхэт 2019 - 2020 гъэхэм я зэхьэзэ­хуэр командэ нэхъыфIитхум ящыщу кърахьэлIэну. ЗэкIэ ар епщы­кIузанэщ. Къэнэжа джэгугъуэ пщы­кIутIым ди щIалэхэм хуабжьу ­гугъу зрагъэхьын хуейщ етхуанэ увыпIэр нэхъ мыхъуми зыIэрагъэхьэн пап­щIэ, иджыпсту абы очкои 8-кIэ зэ­ры­­пэ­жы­жьэр къэп­лъы­тэмэ. Арщ­хьэкIэ яху­зэфIэмыкIын Iуэ­хум хэлъкъым.
Медицинэ къэпщытэныгъэхэр зэ­фIа­гъэкIынурэ, щIышылэм и 20-м щы­щIэдзауэ «Спартак-Налшыкым» зэхьэзэхуэм зыхуэгъэсэн ди республикэм и къалащхьэм щыщIидзэнущ. Махуэм «ДыгъафIэ къалэм» и стадионым, пщыхьэщхьэм «Спартак» стадионым зыщагъэсэнущ дызэрыт мазэр иухыхукIэ. Абы иужькIэ Нартсанэ (Кисловодск) щыпащэну я мурадщ, зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэри ирагъэкIуэкIыурэ.
Мэшыкъуэм къызэрыхигъэщамкIэ, «Спартак-Налшыкым» щыджэгухэм ехьэлIауэ зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри щыIэкъым. ЗэкIэ зыри хэкIыжа-            къым икIи хагъэхьакъым. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр нэхъ щекIуэкI хабзэр мазае, гъатхэпэ мазэхэращ.
«Спартак-Налшыкым» и унафэщI­хэм я мурадщ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мыгувэу зыхуагъэзэну. А зэIущIэм нэхъ зыубгъуауэ щытепсэлъыхьынущ ди командэм адэкIэ и натIэ ­хъунум.

Жыласэ Заурбэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.