Iэзагъэ нэсым и джэлэс.

«Урысейр зэфIэкI инхэм я къэ­ралщ» президент платформэм и проектыщIэ «ХьэщIагъэм хуэ­Iэзэхэр» къэралпсо зэпеуэм хэтыну гукъыдэж зиIэхэм абы теухуа я тхылъхэр щэкIуэгъуэм и 13-м къы­щыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 20 пщIондэ «мастерагостеприимства.рф» сайтым ирагъэхь хъунущ.
Зэпеуэм щытекIуэнухэм я ущиякIуэ-гъэсакIуэу къагъэлъэгъуахэм ящыщщ «Кавказ Ищхъэрэм и ку­рортхэр» АО-м и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн, «Урысейтуризмэм» и Iэтащ­хьэ Догузовэ Заринэ, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ и чемпион хъуа Мастерковэ Светланэ, ресторатор Раппопорт Александр, цIыхухэр къызэрырашэкI транспорт компанием и тхьэмадэ Иванов Пётр сымэ, нэгъуэщIхэри.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIхэм, апхуэдэуи, Iэмал яIэнущ къыхаха унэтIыныгъэм ирилажьэу ди къэралым щыIэ компание нэхъ ин дыдэхэм зыщагъэсэнымкIэ, езыхэм я жэрдэмкIэ къыхалъхьэ проектхэр къыщыдаIыгъын, я IэщIагъэм къащыхуэщ­хьэпэн зэпыщIэныгъэхэм зра­гъэу­жьынымкIэ, Москва дэт «Сколково» бизнес-еджапIэм пIалъэ-пIалъэкIэрэ къыщызэрагъэпэщ ­дерсхэм щIэдэIуну хуит зыщI сертификатхэр къахьы­нымкIэ.
«Къыддэлажьэхэр, хьэщIэщхэр, шхапIэхэр къыщызэIуахкIэ, туриз­мэм, альпинизмэм пыщIа Iэмэп­сы­мэхэр хьэхуу щат IуэхущIапIэхэр къ­ы­щызэрагъэпэщкIэ, нэхъыбэ дыдэу зыIууэ гугъуехьхэм ящыщщ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхухэр къэгъуэтыныр, зэшэлIэныр. Абы къы­хэ­кIыуи фIыщIэ лей яхуэфащэщ мы зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм. Мыд­рейуэ, дэ, унафэщIхэри къуршхэм щыдиIэ курортхэм щылажьэхэри, дыхьэзырщ зэхьэзэхуэм и зы дэтхэ-нэ пычыгъуэри тэмэму егъэкIуэ­кIы­ным­кIэ дэIэпыкъуэгъу дыхъуну», - къыхигъэщащ ТIымыжь Хьэсэн.
Зэпеуэм щытекIуэну цIыху 50-м я цIэхэр 2020 гъэм и мэлыжьыхьым наIуэ къэхъунущ.

БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.