Гъуазджэм итхьэкъуа Бэгъуэтыж Светланэ.

Мы гъэм шыщхьэуIум и 13-м илъэс 80 ирикъуащ, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIына-лъэ Iэджэми къыщацIыху оперэ уэрэджыIакIуэ ­гъуэ­зэджэ, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и егъэджакIуэ Бэгъуэтыж Светланэ Батыр и пхъур. 1960 гъэм Налшык дэт музыкэ училищэр къэзыуха хъы­джэбзыр абдеж къызэрыщымыувыIэнур гурыIуэ­гъуэт. Абы иужькIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ ­Со­бинов Леонид и цIэр зэрихьэу Саратов дэт консер­ваторэм. 1965-1969, 1977-1998 гъэхэм ар щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал филармонием, а бжыгъэхэм я зэхуаку дэта илъэсийм ди республикэм      и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэщ. Абы и утыкум щигъэзэщIа оперэ партиехэмрэ романсхэмрэ, нэ­гъуэщI классикэ жыпхъэхэм щыщхэр, адыгэ лъэпкъ уэрэдыжьхэр цIыхухэм гуимыхуж ящыхъуащ. ЖыпIэнуракъэ, профессиональнэ гъуазджэм щыхузэ­фIэ­мыкIамрэ щызримыгъэхъулIэфамрэ укIуэдыж. 
Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым и егъэджакIуэ-гъэсакIуэу илъэс зыбжанэкIэ щытащ Светланэ, иужьрей илъэс зыбгъупщIым Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и лэжьакIуэщи, профессиональнэ уэрэджыIакIуэ хъуну хуейхэм ­гъуэгугъэлъагъуэ яхуохъу.

Лъагъуэхэш
Оперэ уэрэджыIакIуэ хъуным къыхуигъэщIа Светланэ къыхуи­хуащ зыми ямыгъэзэщIа лэжьыгъэхэр псоми япэ утыку къри­хьэну. Дауэ мыхъуми, оперэ уэрэд жыIэкIэр Къэбэрдей-Балъкъэ-рым щыцIэрыIуэтэкъым, цIыхухэм ­къа­гурымыIуэнми утешыныхь ­хъуну къыщIэкIынут а зэманым. Псалъэм папщIэ, Бэгъуэтыжращ Мадинэ (Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ зэдатха «Мадинэ» оперэм), Виолеттэ (Верди Джузеппе и «Травиата»-м) сымэ я пар­тиехэр япэу зыгъэзэщIар. ХьэIупэ ДжэбрэIил и адыгэ бзылъхугъэ уэрэдхэр 1983 гъэм япэу жызыIари Светланэщ, «Зу-зу, баринэ» Iыхьэм щыщ уэрэдипщIи Композиторхэм я унэу Москва дэтым ­щигъэIуат. Мыбыхэм я бжыгъэм адэкIи пхупыщэнущ. ГъэщIэгъуэ­ныр нэгъуэщIщ: сыт зыри зэ­ры­мыкIуа гъуэгум, утегушхуэу, уи ­лъагъуэ щыпхыпшыныр?
- Абдежым абы уегупсысыркъым. Уигу ирихьрэ - жыбоIэри, иужькIэщ къыщыбгурыIуэр зыми жамыIэфа е зыми хуамыгъэлъэ-гъуа гуэр цIыхубэм зэрахэпхьар. АтIэми, ар уи щIалэгъуэу къыщыхъум и деж фIы дыдэщ. Иджыпсту а лэжьыгъэхэр зыми къысхуигъэлъэгъуэну къы­щIэ­кIы­нтэкъым. Сэ си кIэн къикIри, лъагъуэхэш сыхъуащи, гъащIэм сахуэарэзыщ. Си макъым, си зэфIэкIым теу­хуауэ композиторхэм сэр папщIэ куэд ятхырт, романсхэри хэту. ­­Си ужькIэ ахэр щагъэзащIэкIэ цIыху­хэм зэрагъэп­щэн, зэралъытын щIадзэрт. Ауэ сэ къэслъытэр­-къым зым щхьэкIэ ятхар нэгъуэ­щIым жиIэ мыхъуну. Сэ сэмыщхьу, нэгъуэщI зыгуэру, нэхъ щIэщы­гъуэу къайхъулIэнри хэлъщ. Псалъэм папщIэ, Темыркъан Борис сэр щхьэкIэ лирикэ уэрэд цIэ­рыIуэр итхыу ар телевиденэкIэ, радиокIэ къата иужь, уэрэд­жыIакIуэ куэдым ар жаIэ ­хъуащ. Абы щыгъуэ си репертуарым хэтахэм щыщ зыбжани нэ­гъуэщIхэм ягъэзэщIащ. Абыхэм сфIэфIу содаIуэ, уэрэдхэр ноби зэры­мы­кIуэдыжар, зэрыпсэур си гуапэ мэхъу.
Композитору, усакIуэу сызы­дэмылэжьа щIагъуэ щыIэкъым. Темыркъан Борис, ХьэIупэ Джэб­рэIил, КIыщокъуэ Алим, Тхьэгъэзит Зубер, нэгъуэщIхэри я лэжьыгъэхэмкIэ си макъым къыпэ­джэ­жырт. ЩызгъэзащIэкIэ зэхуэмыхъуу е сигу иримыхьу зыгуэр къы­хэкIмэ, яжесIэрт, ды­щы­зэгуры­мыIуи къыхэкIыртэкъым. Жы­пIэнуракъэ, композитор - уса­кIуэ - уэрэджыIакIуэ зэпыщIэныгъэр гъэщIэгъуэну зэщIэжьыуэрт, я IэдакъэщIэкIым си макъыр зэрыщIэувэр ягу зэрырихьым сигъэинырт.

Псэм къыхихар
Филармонием зэрыщылэжьар и Iэзагъэм хигъэхъуэнымкIэ сэ­бэпышхуэ къыхуэхъуауэ къелъытэ Светланэ. Камернэ уэрэ­джы­Iа­кIуэм и пщэ къыдохуэ и закъуэу романсыр е оперэм и зы Iыхьэ ариер театреплъхэм я фIэщ хъууэ игъэзэщIэну. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ лэжьыгъэм уепсыхь, уи къэухьми зрегъэужь. «ИужькIэ ­театрым сыщыкIуам, мис мы­-ращ, нэгъуэщIкIэ схъуэж мыхъу-ну, сыкъызыхуигъэщIар, жысIат, - игу къегъэкIыж Бэгъуэтыжым. - Уи гъусэу утыкум итхэри оркестрри къыбдоIэпыкъу, уэри ууэрэджы­-IакIуэ къудейкъым, драмэ актрисэуи уоджэгу».
Опереттэ зыбжанэми хэтащ Бэгъуэтыж Светланэ. Сыт хуэдэ Iуэхуми еплъын, ар гъэунэхун ­хуейуэ къелъытэ уэрэджыIакIуэм. Сыт хуэдиз адыгэ уэрэдыжь жиIа абы, иджыпсту зыми зэхамыхыжу, щыIэуи ямыщIэххэу. «Шэрджэс цIыхубэ уэрэдхэр» Даур Аслъэн къыхуихьу «мыхэр схужы­-пIэн, Светэ?» щыжиIар, ахэр егъэтхыным яужь щихьар нобэ хуэ-дэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а Iуэху дахэр зэхэзыубла, оркестрым и гъусэу ахэр егъэтхын гукъэкI дахэр зыщIыгъа Аслъэн нобэ къытхэтыжкъым. «Илъэс щищ ипэкIэ ятхауэ зи IэрыкIыр ямыщIэж, ауэ зи макъамэр нобэм къэса уэрэдхэм сыщедаIуэм си щхъуэфэцыр тэджат, - къытхуе­Iуэтэж Светланэ. - Макъамэм ап­хуэдизкIэ фIыуэ, зыхуей хуэзэу елэжьыжат Аслъэни, «хьэуэ» жесIэфынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Иджы ахэр пластинкэм тету къызэрынам егъэлеяуэ сыщогуфIыкI». Апхуэдэу ХьэIупэ Джэб­рэIили оркестровкэ хуищIауэ щытащ Светланэ иригъэгъэзэщIа уэрэд зыбжанэм.
Куэдрэ къохъу щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу, нэхъы­бэу дирижёрым и зэранкIэ, уэ­рэджыIакIуэм и макъыр къарууншэ оркестрым щыщIэхъукI. Ап­хуэдэ зэи къыщыщIауэ къыхуэ­щIэжыркъым Светланэ.

Гъэхэр къызэзынэкI уэрэдхэр
Хэт зымыщIэр Шахгалдян Ар­темий и «Си нэ дахэ», «Университетский вальс» уэрэд цIэрыIуэхэр, Молэ Владимир и «Школьный вальс»-р, Къардэн Хьэсэн, Балэ Мухьэдин сымэ макъамэ зыщIалъхьауэ Светланэ жиIахэр. Ахэр псори Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуазджэм и дыщэ гъэтIылъыгъэ хъуащ.
- СыкъыщацIыхужкIэ, си гуа­щIэм и гугъу къыщысхуащIкIэ жызоIэ: «Дауэ мыхъуми, ауэ сытми сыкъытехьа къыщIэкIынтэ-къым сэ мы дунейм». Утыкум зэ укъихьэу къодаIуэхэм я нэхэм ущыщIэплъэкIэ, гухэхъуэгъуэу бгъуэтыр псалъэкIэ пхужыIэнукъым. Дэтхэнэ зыми езым къы­щыщIа гуэр игу къегъэкIыж, лъагъуныгъэм е фIыуэ зэрылъа­гъу­хэр зэпэIэщIэ зэрыхъуам теу­хуауэ жысIэхэм щедаIуэкIэ. Ара­гъэнщ сценэм зыIэпишар, Iэгуауэм и IэфIыр зыхэзыщIар абы тыншу къыщIимыкIыжыфыр, - жеIэ Бэгъуэтыжым.
 - Си профессорым къызжиIат: «Светэ, макъ мыин дыдэ уиIэу ар ебгъэфIэкIуэфынкIэ, абы зебгъэужьыфынкIэ мэхъу, ауэ псэр зыми къуитынукъым». Ар зэи зы­щызгъэгъупщэркъым, уэрэд­жы­IакIуэ щIыIэу, псэншэу сызэ­ры­щымытынми сыт щыгъуи яужь ­ситащ. Арагъэнщ театр пэшым щIэ­сыр си макъымкIэ схуэгъагъыу сыкъыщIэгъуэгурыкIуар».
Игъагъым и закъуэт, сценэм щекIуэкIхэр пэж дыдэу къэхъуам хуэдэу зыхэзыщIи къахэкIырт. Псом хуэмыдэу апхуэдэ нэхъыбэу къыщыхъур «Травиата» оперэрат. Бэрэгъун Владимиррэ Дэбагъуэ Хьэсэнрэ зэблэкIыу ягъэзащIэрт Альфред и ролыр. Зэгуэрым Бэ­рэгъуным и джэгугъуэу оперэм еплъащ Светланэ и пхъур. Иуха иужь, хъыджэбз цIыкIум IэплIэ къыхуэзыщIыну хуежьа Влади­-мир абы зыбгъэдигъэхьакъым: «Уи ягъэкIэ мамэ лIащ», - жиIэри.
Романс зыгъэзащIэхэм я Кав­-каз Ищхъэрэ щIыналъэ зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ Светланэ. Куэд мэхъу апхуэдэ лэжьыгъэхэр.
Фильмхэм зэрыщыджэгуар-щэ?! Абыхэм я зы щапхъэщ «ЩIы-махуэ жэщ» жыхуиIэр. Псалъэн­шэу, абы щыгъуэми и гурыгъу-гурыщIэ псори и нэгум къищу, ­актрисэр зэрыджэгур гуимыхужт. «Уэрэд щхьэ жыпIэрэ, театрым кIуэ» къызжезыIа щыIэщ абы щыгъуэ, ауэ сэ къызгурыIуэрт драмэри, комедиери, фIыуэ слъагъу уэрэд жыIэнри оперэм зэры­щыс­хузэдэхьынур», - жеIэ Светланэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­рал филармонием щыщыIа илъэс­хэми, иужькIи Светланэ щригъэджащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым щэнхабзэмрэ гъуазджэ­хэмкIэ и колледжым. Ирагъэблагъэ пэтми, илъэс куэдкIэ здахуэ­мыкIуа езы институтым иджыпсту щыIэщи, а IэнатIэр хуабжьу игу зэрырихьыр ибзыщIыркъым.
- Колледжым студентхэм щез­гъащIэр уэрэд жыIэным и щэху ­нэхъ мащIэхэрамэ, иджы езгъа­джэхэр нэхъ балигъщ, езы кол­ледж дыдэр къэзыухахэр яхэтщи, си псалъэр ныкъуэжыIэу сакъы­гуроIуэ. Абы си Iуэхур нэхъ тынш икIи нэхъ щIэщыгъуэ ещI. Институтым и ректорми профессор ­Гъэсашэ Натальи сахуэарэзыщ, щIэб­лэр гъуазджэ лъагъуэм тешэным си гъащIэм и зы Iыхьэ зэрыхухызагъэхам папщIэ.
Колледжым щезгъэджауэ зы щIалэ институтми щызгъасэрт. И гугъу зэхэфхагъэнщ - Мэкъуауэ Астемыр. ЕзгъэщIэнур пкърыслъхьауэ къыщысщыхъум, тезгъэ­гушхуэри консерваторэм згъэ­кIуащ ар - щIалэм цIыхухъу къы­дэлэжьэн хуейуэ къызолъытэ сэ. ЩIэтIысхьащ, илъэситIкIэ еджащ, Рахманиновым и цIэр зезыхьэ ­дунейпсо зэхьэзэхуэм япэ увы­пIэри къыщихьащ. Зы махуэ гуэ­рым къопсалъэри къызжеIэ си деж къигъэзэжыну зэрыхуейр. ЩIезгъэгъуэжыну сыхэтащ, ар­- щ­хьэкIэ къысхуидакъым. Оперэ уэрэджыIакIуэт и егъэджакIуэри, зэман зэримыIэм къыхэкIыу ­игъэ­зэщIэнухэр къыхухихырти, мы­хъуа­Iамэ зэригъэзэхуэжыну къыж­риIэу арат. УэрэджыIакIуэм удэ­лэжьэным къикIыр сыт? Абы махуэ къэс и щIэныгъэм хэб­ гъэ­хъуэнырщ, и макъым укIэ­лъып­лъынырщ, бгъэувынырщ. Сыт ­театрхэм репетиторхэр щIыщы­-Iэр, уэрэджыIакIуэ нэхъ цIэрыIуэу Iэджэ зыгъэзэщIахэ- ми егъэджакIуэ-гъэсакIуэ щIа­Iэр?! Си ­гуапэ хъуат си деж къызэригъэ­зэжар, дунейпсо зэ­хьэзэхуэш-хуэхэм мызэ-мытIэуи дыхэтащ.
Зы илъэскIэ си деж щеджэу ­утыкум илъэдэну щIэхъуэпсхэми зыкъыщысхуагъазэ щыIэщ. Ап­хуэдэхэм занщIэу яжызоIэ я жэрдэмыр зэрадэзмыIыгъынур. ЕгъэджакIуэ, оперэ уэрэджыIакIуэ, ­ка­мернэ уэрэджыIакIуэ IэщIагъэ­хэр иIэу консерваторэр къэ­зыуха сэ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ мыхьэнэншэ зэи си щхьэ хуэзгъэфэщэнукъым. Зыми я жагъуэ сщIынуи сыхуейкъым, щIэ­джы­кIакIуэхэм щхьэщытхъуу сыкъы­фщымыхъунуи сыныволъэIу. Бостей дахэ щатIагъэу сценэм зэрихьэу цIэрыIуэ хъуну зи гугъэ­хэр щоуэ. Апхуэдэ закъуэтIа­къуэ къахэкIмэ, «вагъуэ» дыдэу зыкъалъытэж, икIи слъагъу хуэдэщ ­ ахэр езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ мащIэ къэзылэжь доцентхэм къы­зэрытщыдыхьэшхыр.

Лъагъуэм и щIэдзапIэр
- «Мадинэ» оперэр щыдгъэувам дыгузавэрт къагурымыIуэнкIэ. Къуажэхэм кърашурэ абы щыгъуэ автобускIэ куэд къашэрт спектаклхэм. Утыкум къыщыхъум зэ­ригъэгузавэр, иуха иужь къэтэджу Iэгу зэрытхуеуэр щытлъагъукIэ, егъэлеяуэ дыгуфIэрт. Ар щIы­жысIэращи, щысабийм щегъэ­жьауэ дахагъэм щIупIыкIмэ, искусствэ нэсыр зищIысыр цIыхум къыгурыIуэнущ. Псалъэм папщIэ, сэ сыщыцIыкIум Шульженкэ и уэрэд жыIэкIэр зыхэслъхьэ щыIэу щытакъым. Шэнтым сытрагъэувэрэ абы и уэрэдхэр жызагъэIэу апхуэдэт. Патефоныжьым деда­Iуэрт, зауэ нэужь уэрэдхэр дахэ дыдэтэкъэ?! Си пхъурылъху цIы­кIур илъэсищ фIэкIа щымыхъум Моцарт едаIуэрт. Ар щIыжысIэ­ращи, цIыкIу щIыкIэ зыхамылъ­хьэр балигъ хъуа иужь я акъылым нэсыжынукъым.
Бэгъуэтыж Светланэ и адэ ­Батыри макъ гъэщIэгъуэн иIэт. Орджоникидзе къалэм дэт мыд­рисэм илъэсиблкIэ щеджа ады­гэлIым осетиныбзэри хьэрыпыбзэри уэрсэру ищIэрт, игъащIэ ­лъандэрэ школ унафэщIу лэжьауэ цIыху губзыгъэт. «Папэ «Сулико» къызжиIэрейуэ щытащ, - игу къегъэкIыж Светланэ. - ИтIанэ абы зэчыр щыжиIэкIэ апхуэдизкIэ ­макъ гуакIуэкIэ ахэр игъэIурти, сыщIэжеикIырт».
Артист IэщIагъэр зыгъэлъэхъшэну хэтхэм я жыIэм теп­щIыхь­мэ, абы уи бын хуумыгъаджэмэ нэхъыфIщ. Апхуэдэ гупсысэр зып­кърагъэхьа Iэминати хуейтэкъым и пхъур артисткэ хъуну, зыщIэ­хъуэпсыр дохутыр IэщIагъэрт. ЩIэтIысхьащ Светланэ ­медици- нэ колледжым. Мазэ нэхъ емыджауэ, и тхьэкIумэм къицыр­ хъащ музыкэ училищэ къы­зэ­рызэIуахар. ИкIи куэдрэ гупсы­сакъым. Абы зэрыщIэтIысхьар и адэ-анэм къыщащIар мазитI дэ-кIа нэужьщ. Адэр арэзыти: «Iэминат, и гугъу умыщI, мыр а Iуэхум хэзэгъэнущ», - щыжиIэм, адрейри тесабырэжащ. Светланэ цIэрыIуэ хъуа иужь, адэ-анэм зы спектакли благъэкIакъым емыплъу.
- Си анэр щыхущIэмыхьэм и деж папэ къакIуэрти, япэ сатырым щысу къызэплъырт, и нэпсхэр щIилъэщIыкIыу. СелъэIурт абдеж дыдэ къэмытIысыну, ар щы­гъкIэ сэри си гъын къызэригъакIуэм щхьэкIэ, - жеIэ Светланэ.

Зэи иущэхуакъым
КъызэрыщIэкIымкIэ, Светланэ и унэцIэр Гугъуэтыжщ. ЛУГ-м ­(Ле­нинскэ учебнэ городокым) ­ япэу щIэтIысхьауэ щытахэм ящыщ Батыр урысыбзэ ищIэртэкъым. «Уи унэцIэр хэт?» - жаIэу къыщеупщIым, адыгэбзэкIэ: «Гугъуэ­тыж», - жиIэри жэуап итащ. Дэф­тэрхэр Iызыхым зэрызэхихам хуэ­дэу итхащ. ИлъэсиплIыр дэкIауэ къызэриухамкIэ тхылъыр къыщ­ратыжым, абы итыр Бэгъуэтыжт. Мыр си унэцIэкъым жиIа щхьэкIэ, зыри къедэIуакъым. Арати, ап­хуэдэу къэнауэ нобэми йокIуэкI. «Дунейм щехыжам Гугъуэтыжу ­ятхыжауэ аращ ди адэр, - жеIэ Светланэ. - Сэ сценэ цIэ лей схуэхъуащ ар, си дэлъху нэхъыжьым-рэ дэлъху нэхъыщIэм и къуэмрэщ а унэцIэр зезыхьэр. Гугъуэтыжхэ зэрыщыту зэрызиблагъэри, си ­къуэпсхэр Урыху (Къуэгъуэлъ­къуей) къуа­жэм къызэрыщежьэ-ри зэи зы­щыз­­гъэгъупщакъым, пщIэ, нэмыс яхуэсщIу, сакIэ­лъы­кIуэу апхуэдэщ.

ХъуэпсапIэ
- Зы зэманым театрым и утыкум зэуэ къихьат Гъэсашэ Наталье, ПащIэ Ахьмэд, Гергоковэ Тамарэ, Бэрэгъун Владимир, Дэбагъуэ Хьэсэн, Жанатаев Исмэхьил сымэ хуэдэ оперэ уэрэджыIакIуэ лъэщ­хэр. Къапщтэмэ, цIыхухэми фIыуэ дыкъалъагъурти, Правительствэми пщIэшхуэ къытхуищIырт абы щыгъуэ. Иджыпсту гъуазджэм и Iуэхур тIэкIу дэхуэхауэ гу лъызотэри, хуабжьу си жагъуэ мэхъу. КъБР-м и унафэщIхэм хуабжьу ­сащогугъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ нэхъри гулъытэ хуащIы-ну.

КъомыхъулIа щыIэ?
- Хьэуэ. Си профессорым жиIэу щытащ: «Травиата» оперэм ущы­джэгуамэ, гъуазджэм щыпхуэ­щIэну псори къэбгъэлъэгъуащи, укъы­хэкIыжми хъунущ». Сы­хьэ­тищкIэ уитщ абы утыкум, цIыхум ягури я псэри пIыгъыу. Пэжщ, пасэIуэу, илъэс 35-рэ фIэкIа сы­мыхъуу, театрым сыкъыIукIыжащ. ЖызмыIауэ, сымыгъэзэ­щIауэ къэ­нахэм щхьэкIэ гуны­къуэгъуэ сы­щиIэ щыIащ, япэ илъэситхум а IуэхущIапIэмкIэ сыб­лэкIыну къы­зэхьэлъэкIырт. Ар­щхьэкIэ иужькIэ къызгурыIуэжащ сыт хуэдэ Iуэхури и зэманым щIэн зэрыхуейр икIи сыщыгуфIыкIыжащ пIалъэ кIыхь­кIэ абы сыкъы­зэры­щы­зэте­мыу­выIам. Уэ­рэд­жыIакIуэ цIэрыIуэ Патти Аделини зэрыжиIауэ: «Утыкум и зэманым укъикIыжыфын ­хуейщ». 
ИтIанэ. Унагъуэ гуныкъуэгъуэ сиIакъым. УэрэджыIакIуэ куэдым яхузэмыгъэпэщ унагъуэ дахэ сиIэщ: си къуэмрэ си пхъумрэ зыхуей хуэзэ, гъащIэм зи гъуэгу щыпхызышыфа цIыхухэщ, си щхьэгъусэрати, цIыху дыщэт. Куэд щIакъым дунейм зэрехыжрэ, сы­хуэарэзыщ, ахърэт нэху Тхьэм ­кърит. Си гуащэм, си адэ-анэм ­сигу мыныкъуэу сабийхэр къахуэзгъанэрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ сежьэу щытащ. Аращи, зэрыпсэу IэщIагъэмрэ ар къыдэзыIыгъ унагъуэрэ зэгъусэу щиIэм и деж, пхъу­рылъху-къуэрылъхухэмкIэ, абы­хэм къалъхужахэмкIэ щынасыпыфIэм и деж цIыхубзыр ­нэгъуэщI сыт зыщIэхъуэпсынкIэ хъунур?! ГукIэ сыщIалэ, япэми хуэдэу сыгушыIэрей щхьэкIэ, къызгуроIуэ гъащIэр псынщIащэу зэрыблэлъэтар. ЗэрыжаIэу, уи щIалэгъуэр щIэх-щIэхыурэ уигу къэбгъэкIыжмэ, жьыгъэр къып­кIэщIэзэрыхьауэ аращ. 
СыцIыхубз насыпыфIэу къызолъытэ, си теплъэмкIи, си дуней ­тетыкIэмкIи гурыIуэгъуэ къы­щIэ­кIынщ ар. Япэми хуэдэу сынэфIэгуфIэщ, сыжыджэрщ, гушыIэныр зыхэслъхьэ щыIэкъым.
Нобэр къыздэсым къысщыщIа дыхьэшхэн гуэрхэр ягу къагъэ­кIыж.
- ЕхъулIэныгъэ куэд дяпэкIи уиIэну, уи бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ узыншэу илъэс Iэджэ къахуэбгъэщIэну ди гуа­пэщ, Светланэ. Лъэпкъым и набдзэу узэрыщытым зы мэскъалкIи кIэрымыхуу, иджыри куэдрэ Тхьэм утхуигъэпсэу/

ИСТЭПАН Залинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.