115-нэ шуудзэ дивизэр къыщызэрагъэпэщауэ щыта махуэм и щIыхькIэ.

ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур гъэлъэ­пIэным теухуауэ ирагъэ­кIуэкIыну Iуэхухэм хиу­бы­дэу ­Бахъсэн районым ис­хэм ягу къагъэкIыжащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу­удзэ дивизэм хэтахэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр.
Дивизэр 1941 гъэм щэ­кIуэгъуэм и 25-м къызэрагъэпэщауэ щытащ Зыхъу­мэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым къыдигъэкIа уна­фэ №894-м ипкъ иткIэ. Абы хэтахэр псори республикэм щыщт икIи ахэр ди деж щызэхуашэсри щагъэсат.
ПэкIум хэта шууейхэр 910-нэ лъагапIэм деж къы­щы­зэхуэсащ, апхуэдэу республикэм и муниципалитетхэм я унафэщIхэр, министерствэ, ведомствэ зэмылIэу­жьы­гъуэхэм я лIыкIуэхэри къе­кIуэлIащ. Абыхэм зауэм хэта лIыхъужьхэм я фэеп­лъым удз гъэгъахэр тралъ­хьащ.
ПэкIум къыщыпсэлъахэу КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэ­жьэ­нымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор, Бахъсэн районым, Бахъсэн къалэм, Iуащхьэмахуэ рай­оным, Прохладнэ къалэм я щIыналъэ администрацэ­хэм я Iэтащхьэхэм жаIащ дивизэм хэтахэм лIыгъэшхуэ къызэрагъэлъэгъуар, абыхэм ящыщ куэдым я гъащIэр Хэкур хъумэным зэ­рыщIатар.
Дивизэм цIыху 5500-рэ хэтащ. Ди республикэ мыиным и дежкIэ ар мащIэтэкъым, псом хуэмыдэу а зэманым ирихьэлIэу цIыхухъухэм я нэхъыбапIэр фронтым зэрыIутар къэплъытэмэ. Шуудзэ дивизэр Донрэ Индылрэ я ­тIуащIэхэм щекIуэкIа лъы­гъажэ зауэхэм хэтащ, Сталинград яхъумэу. Нэхъ шынагъуэ дыдэу щытащ шууейхэр нэмыцэ танкхэм щапэщIэува зауэ гуащIэр. Абы гузэвэгъуэшхуэ къихьащ - ди республикэм и къуэ нэ­-хъыфI дыдэхэм ящыщу 4000-м нэблагъэ Сальск и губ­гъуэхэм щыхэкIуэдащ.

Чылар Аринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.