КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Президентым и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и президиумым и зэIущIэм.

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий Москва щригъэкIуэкIащ Урысейм и Президентым и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и президиумым и зэIущIэр. Видео зэпы­щIэныгъэмкIэ щыIэ Iэмалхэр къигъэсэбэпри, абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Дунейпсо кооперацэмрэ хамэ къэралхэм сату ядэщIынымрэ», «Лэжьыгъэм кърикIуа­хэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэ­пэ­щынымрэ», «Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэры­чэ­ты­щIэхэм къыхалъхьэ жэрдэмхэр ядэ­Iыгъыныр» лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум.
Премьер-министрым гулъытэ хэха хуи­щIу къытеувыIащ бюджет ахъшэхэр зыхухаха Iуэхум къызэрыхуагъэсэбэпым, къэ­рал мылъкур къызэрыIахын хуей щIыкIэм теухуа хабзэхэм зэрытетымрэ ар зратын хуейхэм и пIалъэм зэраIэрыхьэмрэ: «На­Iуэу зэрыщытымкIэ, ди къэралым, фэрэ дэрэ ди лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ ­нэхъыщхьэ дыдэщ ар икIи а лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным теухуа хабзэхэр ­къы­зэпызыудхэм икъукIэ ткIийуэ ябгъэ­дыхьэнущ, уеблэмэ уголовнэ жэуапым щра­шалIи къыхэхуэу», - къыхигъэщащ Мед­ве­дев Дмитрий.
Министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я унафэщIхэм пщэрылъ щащIащ мылъкур и чэзум къызэрамыгъэсэбэпым, Iуэхур кIыхьлIыхь зэращIым, апхуэдэу хуагъэува къалэнхэр и чэзум зэрамыгъэзащIэм ­теухуа ныкъусаныгъэхэр щыIэу ялъагъу­мэ, абы теухуауэ Прокуратурэ Нэхъыщ­хьэм зыхуагъэзэну.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр «Дунейпсо коо­пе­рацэмрэ нэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымрэ» лъэпкъ проектыр гъэзэ­щIэным унэтIыныгъиплIкIэ хэтщ. Ахэр ­мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, промыш­лен­нос­тым я продукцэр адрей къэралхэм яхуегъэшэным, Iуэхутхьэбзэ щIэным ехьэлIащ, дунейпсо кооперацэм зегъэужьыным пыщIащ. Программэм щыу­бзыхуахэр зэгъэхъулIэн мурадкIэ щIыналъэр яужь итщ нэгъуэщI къэралхэм щыпщэ хъуну мэкъумэшхэкIхэр гъэ­хьэ­зырыным. Къэралыр къазэрыдэIэпыкъум Iэмал ­къитынущ хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ щылажьэ IуэхущIапIэхэу хамэ къэралхэм зи продукцэхэр езыгъашэхэм я бжыгъэр 2024 гъэм ирихьэлIэу хэп­щIы­кIыу нэхъыбэ хъунымкIэ.
ХьэрычэтыщIэхэр дэIыгъыным хуэу­нэтIауэ республикэр лъэпкъ проектым унэтIыныгъитхукIэ хэтщ. Ахэр ехьэлIащ бизнес Iуэхухэр зэтеухуэнымкIэ щыIэ щытыкIэхэр егъэфIэкIуэным, хьэрычэт IуэхущIапIэ мащIэмрэ курытрэ зыгъэ­ла­жьэхэм льготэ яIэу мылъку яхухэхыным, фермерхэм грантхэмрэ зэрагъэгушхуэ ­Iэмалхэмрэ къахузэгъэпэщыным, мэкъу­мэш кооперацэм зегъэужьыным, нэ­гъуэщI зыбжанэми.
«Хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ куры­тымрэ» лъэпкъ проектым хыхьэу 2019 гъэм зэрыщIидзэрэ апхуэдэ IуэхущIа­пIэхэм финанс дэIэпыкъуныгъэу иратащ сом мелуани 193-м щIигъу, я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпыну щIыналъэ сакъылэт фондым кредиту сом мелуан 847-м ­щIигъу къыхахын папщIэ. Куэд мыхъу щIыхуэхэр тынымкIэ фондым илъэсыр къызэрихьэрэ хьэрычэт IуэхущIапIэ мащIэрэ курытрэ зыгъэлажьэхэм щIыхуэ 55-рэ яритащ, сом мелуан 57-м щIигъу хуэзэу.
«Лэжьыгъэм кърикIуахэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ» проектым щIыналъэхэр зэрыхыхьэ графикым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­мурадщ, а унэтIыныгъэм щызэфIигъэкIа щапхъэ нэхъыфIхэр къигъэсэбэпу, 2022 гъэм ирагъэкIуэкIыну зэпеуэм хэтыну.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ

Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.