ГъэщIэгъуэну, удихьэхыу екIуэкIащ.

Урысей МВД-м IэпщэрызауэмкIэ и урысейпсо чемпионат махуищкIэ, жэпуэгъуэм и 11-13-хэм, Налшык къалэ и «Гладиатор» спорт IуэхущIапIэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, Урысей МВД-м и еджапIэхэм щIэсхэр.
Командэ зэпеуэм и япэ гупым щытекIуащ Урысей МВД-м Краснодар краймкIэ и Управленэ нэхъыщхьэм и гупыр. Урысей МВД-м Мэзкуу областым щиIэ Управленэ нэхъыщхьэм и гупыр етIуанэщ. Ещанэ увыпIэр лъысащ Тэтэрстан Республикэм и МВД-м и лIыкIуэхэм.
ЕтIуанэ гупым бжьыпэр щиубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и командэм. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр Урысей МВД-м и управленэу Тулэ, Вологдскэ областхэм щыIэм я гупхэм ялъысащ.
Урысей МВД-м и еджапIэхэм я гупхэм я зэпеуэм щытекIуащ Урысей МВД-м и Краснодар университетым и лIыкIуэхэр. Кикоти В. Я. и цIэр зезыхьэ Мэзкуу университетым и гупыр етIуанэщ, Урысей МВД-м и Волгоград академием и спортсменхэр - ещанэщ.
Килограмм 65-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Абрамов Ярослав (Кикоти В. Я. и цIэр зезыхьэ Мэзкуу университет). Килограмм 85-рэ зи хьэлъагъхэм - Якушев Эдуард (Урысей МВД-м и КъуэкIыпIэ - Сыбыр институт).
Зи закъуэу зэхьэзэхуахэм, я хьэлъагъ елъытауэ, чемпион хъуахэщ Абрамян Роман (кг 55-м нэс, Урысей МВД-м Ставрополь краймкIэ и Управленэ нэхъыщхьэ), КIэщт Александр (кг 65-м нэс, Урысей МВД-м Краснодар краймкIэ и Управленэ нэхъыщхьэ), килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм Пщыбыхь Аслъэн (КъБР-м щыIэ МВД), Баший Альберт (кг 75-м нэс), Мырзэкъан Азэмэт (кг 90-м щIигъу), Алибулатов Артур (кг 85-м нэблагъэ, Тэтэрстан Республикэм щыIэ МВД).
Апхуэдэуи чемпионатым ещанэ увыпIэр къыщахьащ Тлъэкъущей Альберт (кг. 55-рэ хьэлъагъым нэс), Къамгъуэт Рустам (кг. 60-м нэс).
МахуищкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэр щызэхуащIыжым кърихьэлIащ икIи текIуахэмрэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьахэмрэ ягъэлъэпIащ Урысей МВД-м и УГОЗ-м и унафэщI Баев Алексей, Урысей МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэм и ОРЛС-мрэ КГУ-мрэ я унафэщIым и дэIэпыкъуэгъум и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Лавров Александр, КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Къазбэч, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Мамхэгъ Назир, IэпщэрызауэмкIэ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер, Къэбэрдей-Балъкъэрым IэпщэрызауэмкIэ и федерацэр къызэзыгъэпэща Мамхэгъ Хьэчим, ­КъБР-м щыIэ УФСИН-м и унафэщIым и къуэдзэ Лыхь Аслъэн, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI, Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, олимп чемпион Къардэн Мурат, Iэпщэрызауэ спортымкIэ дунейпсо федерацэм и президент Астахов Сергей сымэ.
Полицэм и полковник Баев Алексей къыхигъэщащ мы зэхьэзэхуэм зэфIэкIышхуэ зиIэ спортсмен лъэщхэр  къызэрызэхуишэсар.
Министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ полицэм и полковник Мамхэгъ Назир жиIащ зэхьэзэхуэм щытекIуахэм я ехъулIэныгъэхэр ерыщу зэрызыIэрагъэхьар, мыпхуэдэ чемпионатхэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я пщIэр зэригъэбыдэр.

Зыгъэхьэзырар Бахъсэн Азэмэтщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.