Си чэнджэщым тетщ.

КъызэрыгуэкI цIыху­хэм къащхьэщыкIыу, щэнхабзэм, гъуазджэм и лэжьакIуэхэм зы къару щэху гуэр яхэлъщ, езым я дуней лъа­гъукIэ, Iуэху еплъыкIэ яIэжщ.
Албэчрэ сэрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ дызэдолажьэ. Куэд дэзыхьэх макъ жьгъыру иIэщ. Спектакль зыбжанэм зэгъусэу дыщыджэ­гуащ, образ гъэщIэ­гъуэнхэр къызэдэдгъэщIащ. Ар зыхурагъэджар уэрэд жыIэнрат, актёр Iэзагъэм, псэ­лъэкIэм хуэхамэт. Ар къэслъытэри, дызэ­дэ­лэжьэн щыщIэддзагъащIэм чэнджэщ естауэ щытащ, уэрэд зэрыжиIэм хуэдэу спектакл­хэми зэхэщIыкIыгъуэу, гурыIуэгъуэу щыпсэлъэну. ИкIи си чэнджэщыр къищтауэ нобэр къыздэсым абы тетщ.
ПщIэшхуэ хузощI. Ди Музыкэ театрыр зыгъэбжьыфIэ артист нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ. Уэ­рэдхэри оперэхэри зэ­хуэдэу удихьэхыу дахэ дыдэу жеIэ. Тхьэм макъыфI, зэчий къритауэ бгъэдэлъщи, сыт хуэдэ жанрми полъэщ. Хуэфащэ дыдэу къыфIащащ «УФ-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр.
Албэч цIыху хъар­зынэщ, хьэл-щэн дахэ хэлъщ. Зыгуэрым щы­хуэпсэлъа срихьэлIауэ къысхуэщIэжыркъым. И щхьэгъусэ Людмилэрэ абырэ унагъуэ дахэ зэдаухуащ. Я пхъуищми гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ иратащ. Ахэри унагъуэ хъужащи, и ­пхъурылъхухэм ягъэгуфIэ, ягъэгушхуэ. И щхьэкIи, унагъуэкIи, лэжьыгъэкIи гукъеуэ имыIэу, ехъулIэныгъэр и бэу Музыкэ театрым и утыкур иджыри илъэс куэдкIэ игъэбжьыфIэну си гуапэщ.

Мэршэнкъул Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.