КIуэкIуэ Казбек Медведев Дмитрий щыгъуазэ ищIащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм и ехъулIэныгъэхэм.

Дыгъуасэ Москва, ВДНХ-м и хэщIапIэм лэжьэн щыщIидзащ «Дыщэ бжьы­хьэ-2019» ХХI Урысейпсо мэкъумэш гъэ­лъэгъуэныгъэм.
Выставкэр къызэIухыным ехьэлIа дауэдапщэхэр зэфIэкIа нэужь, УФ-м и Прави­тельствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий зи унафэщI правительствэ лIы­кIуэ гупым зыщаплъыхьащ щIыналъэ­-хэм къызэрагъэпэща стендхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым ираша эскпозицэр Урысей Прави­тельствэм и УнафэщIым иригъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэм. КIуэкIуэ Казбек Медведев Дмитрий и гугъу хуищIащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм щылажьэхэм я ехъулIэныгъэхэм, АПК-м щызэфIагъэкI инвестицэ проектхэм, апхуэдэуи IэфIыкIэ куэд республикэм нэгъуэщI къэралхэм зэрыригъашэм. Мы илъэсыр къызэрихьэрэ апхуэдэу ящам и уасэр доллар мелуани 3,5-рэ ноблагъэ.
Къэралым и мэкъумэшхозяйственнэ зэхуэс нэхъ ин дыдэм Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм щегъэлъагъуэ консерв щIыным, джэдкъаз гъэхъуным, пхъэ­щхьэ­мыщхьэрэ хадэхэкIрэ гъэкIыным, лы, гъэш­хэкI къэлэжьыным, минеральнэ псырэ ­псы­IэфIрэ къыщIэгъэкIыным елэжь IуэхущIапIэ 30-м я продукцэр. Урысейм ­ЩIэ­ныгъэхэмкIэ и Академием и Къэ­бэр­дей-Балъкъэр щIэныгъэ цент­рым, бгы­лъэхэм, бгы лъапэхэм жыг ха­дэхэр щыгъэкIыным елэжь Кавказ Ищхъэрэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым я IэщIагъэлIхэми я щIэныгъэ лэжьыгъэхэм я презентацэхэр йокIуэкI.
Мэкъумэш IэнатIэм къэралыр зэры­дэIэпыкъур, къуажэхэм зэдэууэ зегъэу­жьыныр, иджырей урысей мэкъумэш IэнатIэм щIэуэ къыхыхьахэр - а Iуэхухэращ нэхъ хэкъузауэ зыщытепсэлъыхьар «Бренд ­щхъуантIэ. ЩащIар Урысейрщ: ерыскъыпхъэхэр къэлэжьынымрэ щэ­нымкIэ щыIэ хэкIыпIэщIэхэр» I Дунейпсо мэкъумэш про­мышленнэ зэхуэсышхуэм и зэIущIэ нэхъыщхьэр.
Абы кърихьэлIахэм защыхуигъазэм Медведев Д. А. къыхигъэщащ «Дыщэ бжьы­хьэр» Агропромышленнэ IэнатIэм и тхьэмахуэ зыфIаща Iуэхум щынэхъыщ­хьэхэм зэращыщыр: «Мыпхуэдиз къызэ­щIэ­зыу­быдэ Тхьэмахуэ дэ япэу едгъэ­кIуэкIыу аращ. Я ехъулIэныгъэхэр ягъэ­лъагъуэ щIыналъэ 50-м щыщхэм, урысей бизнесым къыдэлэжьэну хуей хамэ къэрал компание 77-м. Дэ, шэч хэмылъу, адэкIи зыщIэдгъэкъуэнущ АПК-м. Сыту жыпIэмэ, дэ иджыри куэд зэфIэдгъэкIыну къытпэщытщ ди къэралым и мэкъу­мэш IэнатIэр технологие лъагэхэр къыщагъэсэбэп, куэд къыщIэзыгъэкIыф икIи нэгъуэщI къэралхэм япеуэфын тщIыным хуэунэтIауэ. Илъэс къакIуэ къыщыщIэ­дзауэ лэжьэн щIидзэнущ къэ­рал про­граммэщIэм. Абы ипкъ иткIэ дэ пытщэнущ псэупIэ унэхэр ухуэным, гъуэгу­хэр щIыным, газ, псы зимыIэхэм яхущIэт­шэным, къуажэхэр зэIузэпэщ тщIыным - дегугъунущ къуажэм ущыпсэуныр къалэм нэхърэ мынэхъыкIэ зэрытщIыным».
Властым и федеральнэ, щIыналъэ органхэм, хьэрычэт IэнатIэм, дунейпсо зэгу­хьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, ди къэралым, нэгъуэщI хэкухэм я компание нэхъ цIэры­Iуэхэм я экспертхэмрэ топ-ме­неджерхэмрэ, УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр тепсэлъыхьащ IэнатIэм ­зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхухэм, абыхэм ерыскъыпхъэрэ консерву нэгъуэщI къэ­ралхэм ирагъашэ­хэм хэгъэхъуэным теухуахэри яхэту. АбыкIэ бжьыпэр къэралым щаIыгъщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и агропомышленнэ IэнатIэм щыщ IуэхущIапIэхэм. 2019 гъэм республикэм хузэ­фIэ­кIащ хадэхэкIрэ пхъэ­щхьэмыщхьэрэ зэрылъ консерву банкI ­мелуан зы махуэм къыщIигъэкIыну. Ап­хуэдэ ехъулIэны­гъэхэр республикэм япэ дыдэу зыIэригъэхьэу аращ.
Урысей Федерацэм и Правительствэм и унафэкIэ «Дыщэ бжьыхьэ-2019» ХХI Урысейпсо мэкъумэш выставкэр Агропро­мышленнэ IэнатIэм и тхьэмахуэм хы­хьэу екIуэкIынущ жэпуэгъуэм и 9 - 12-хэм. Ар ирагъэхьэлIащ мэкъумэш IэнатIэмрэ ­ерыскъыхэкIхэм елэжь промы­ш­лен­нос­тымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэм.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.