Мэуэтхэр.

Вындыржьычу фIыцIэ щхьэц кIэ­щIыр тIууэ зэгуэхауэ Къатинэ и дамащ­хьэм тоуэ, и нэ фIыцIэ пIащитIыр хьэ­щIэхэм къатриубыдауэ зэпеплъыхь, и Iупэ дыкъуакъуэхэр зэрыпапцIэр и нэщэнэщ бзылъхугъэр ­ябгэм я нэхъ ябгэжу Псатхьэм къызэригъэ­щIам. Къурш щIыIэр зэрыблагъэм къы­хэкIыу, нэрыбгей лъахэр щIыIэ­ты­Iэщ, жьапщэщ, дыгъэм укъигъэхуабэ­р­къыми, щхьэгуащэм и лъэнкIапIэм мыщафэ бацэр ешэкIащ, гъуэншэдж фIыцIэм фэ етIуанэу исщ, кIэрыщIа Iэщэр щIихъумэу и дамэ лъэныкъуэм тепхъуа щIакIуэ фIыцIэ Iувым къыщIоплъ дэщI дыжьыныфэ екIур, и Iэ ижьыр хуиту и пкъым гуэлъщ. Ныбжь­кIэ ар Алэдамэ и анэм хуэдэнми, цIыхубзыр жанщ, зэкIужщ, и Iэпкълъэпкъыр жырым хуэдэщ. Абы и наб­дзэ псыгъуэ къурашэхэр зэхуишауэ, нэщхъкIэ къоплъ Удынэ, и пэ псыгъуэ кIыхьыр еIэтри, хьэуар къызэприхулыкIыу ину къопсалъэ:
- Къеблэгъэж, си хъыджэбз! Уи къу­лыкъур хъарзынэу епхьэкIауэ жаIэри.
Щхьэгуащэм и псалъэхэм щIэлъ щIагъыбзэр псоми къагурыIуащ. ИхъуреягъкIэ игъэзджызджу, иджыпсту ­къуакIэбгыкIэр зэщIичу зыгуэр къэ­уэным хуэдэу Къатинэ гуащIэ къып­къ­рокI, шыхэр къигъэпIейтеяуэ зэ­щIэпырхъэу, щIыр фIалъэхэмкIэ кърауду. Удынэ и гум шыни гузави икIуэдыкIа хуэдэ, и нэщхъыр зэхэлъу щхьэгуащэм и нэгум хуиту иплъэ мыхъу­мэ, зы псалъэ къыфIигъэкIакъым. Абы ищIар ещIэжри, нэхъ шына­гъуэ дыдэм хуэхьэзыру екIуэлIэжащ.
- Сэ узыхуейр къызэщIэ. Зыми зыри хищIыкIакъым сэ сщIам. Си закъуэщ къуаншэри, абыкIэ жэуап зыхьын хуейри сэ зырщ, - щэху дыдэу, гъэхуауэ жиIащ Удынэ. 
- Адрейхэм сыт есщIынуми сэ си Iуэхужщ. КъызжеIэт, Удынэ, илъэс мин хъуауэ дызытет хабзэм щхьэ уебэкъуэн хуей хъуа? Куэд щIа апхуэдэу щхьэ­зыфIэфI узэрыхъурэ? Нэхъыщхьэ дыдэу пхуэсщIа унафэм щхьэ пщIэ ­хуумыщIарэ? - Къатинэ и губжьыр зыхищIа хуэдэ, зытес шы къарэ лъэдий псыгъуэм и щхьэ кIыхьыр зэрехьэ, мэныкъуакъуэ.
- СхуэукIакъым. Си гум къысхуидакъым, - зегъэкIэщI Удынэ.
- Нэрыбгейм гу кIуэцIылъкъым. Уи гум имыдауэ щыжыпIэкIэ, пхуэфащэкъым уэ нэрыбгей щIыхьыр. Ап­хуэдэхэм иращIэр зыщ, узэрыщыгъуа­зэщи, - Къатинэ и Iэ ижьым IэщIэлъ бжыкI папцIэмкIэ щIым тоуэ, къриуду.
- Къысхуэбгъэфащэр си тезырщ, ауэ си гъусэхэр утIыпщыж, - жи пщащэм.
Алэдамэ и шым елъэдэкъауэри, пщIантIэкум ирагъэува Удынэ бгъурыу­ващ. Къатинэ ар нэкIэ илыгъуэ-­ным хуэ­дэу къыхуеплъэкIри, и напщIэ лъэ­ныкъуэр хишащ.
- ЛIо, Удынэ, укIыти шыни умы­щIэжыххэу, уи щIасэлIыр къыздэпшауэ ара? Ущысхьыркъэ? - хъыджэбзым щIэнакIэу пыдыхьэшхыкIащ щхьэ­гуащэр.
- Зи щIыхьыр ин щхьэгуащэ, куэдщ ар. Унафэ зыIэщIэлъыр уэращи, къытхуэпщIыр ди зэхуэдэщ. Ауэ япэщIыкIэ сыгъэпсалъэ, - зэпIэзэрыту жиIащ Алэдамэ, Къатинэ и нэгум хуиту иплъэу.
- Уэ слъагъур е ухахуэщ е уделэщ. ЖыIэ, ямыгъэпсалъэу яукIыркъым.
- Узэрыщыгъуазэщи, иджыблагъэ дэрдэнеипщыр Мэуэтейм къытеуэри, зауэшхуэ дыхэтащ. Ар я щыпэкъым алыдж лъэпкъхэм. Илъэс куэд щIауэ къыдоныкъуэкъу тенджыз Iуфэр яубыдыну, ди щIыналъэр тIэщIахыну хуейуэ. Алыджыкъуэхэм я хъуэпсапIэр къехъулIэрэ, Мэуэтейр яубыдмэ, абдеж къыщызэтемыувыIэу мыбыкIи къэIэбэнущ. Зы лъэныкъуэкIэ алы­дж­хэр, адреймкIэ чынтхэр, нэгъуэщI щIы­пIэкIэ гъуэтхэр къыщыдэ­ны­къуэкъу­мэ, Нарт хэкур дачэтхъэнурэ, ды­кIуэ­дыжынущ. Дызэкъуэувэмэ, зы дыхъу­мэ, зыри къыттегушхуэфынукъым, - жи щIалэм.
- Сыт сэ сыбгъэщIэну узыхуейр, Уэрышыкъуэ? - Къатинэ зыхимыщIыкI къыщыхъуртэкъым хэкуми, и пащхьэ къитыр хэтми ищIэрт, дауи.
- Илъэс миным щIигъужауэ фи за­къуэу нэрыбгейхэр фопсэу, нартхэми а фи хабзэм пщIэ хуащI. Ауэ дызэгухьэну и чэзу къэсауэ къысщохъу.
- Илъэс минкIэ лIыншэу дыпсэуами, нобэм дыкъэзышэсар а ди хабзэ ткIийхэращ. Ди анэжьхэм пщIэ хуащIу ­яхъума бзыпхъэр сэ уи жыIэкIэ зы махуэм щIэстIэжынумэ, сыт и мыхьэнэ къэзгъэщIа гъащIэм, цIыхухъу?! - и макъым зригъэIэтащ Къатинэ, и щIыбагъ къыдэт нэжьгъущIыдзэм зэхригъэ-­хыу.
- Биижь умыгъэблагъи, уи адэ и благъэжь умыбгынэ, жиIащ пасэрейм, къыдэбгъэрыкIуэхэр зэи благъэ тхуэхъунукъыми, нартхэр дызэфIэкIуэдми, зыри сэбэп къытхуэхъужынукъым. Мынобэми, пщэдей къыкъуэкIынщ нэрыбгей ябгэхэм къыфтекIуэн гуэр, - пидзыжащ абы Алэдамэ.
- Зыкъызэкъубохри, щIалэ! Хуэсакъ! УэркIэ шына сыхъунукъым, - погуфIыкI Къатинэ.
- Уэри, уи щIыбагъ къыдэт дэтхэнэ зыми ещIэ ар зэрыпэжыр. ПсалъэкIэ фымыIуатэми, фи гум илъщ, - щхьэ­гуащэр егъэлеяуэ зэрыпагэм къригубжьат Алэдамэ.
- Нэрыбгейхэр къызэрыгуэкI бзылъ­хугъэу дытIысыжмэ, нэжьгъущIыдзэр зэрыкIуэдыжынум уегупсыса хъунщ, апхуэдизу ущыгубзыгъэкIэ, - губжькIэ къыпэджэжащ абы щхьэгуащэри.
- Сегупсысащ. Ауэ щыIэщ нартхэми нэрыбгейхэми нэхърэ нэхъ лъэщыж... ТIуми я фIыр къэзыщта гуэрхэр. Нэрыбгей щылъхухэр, - кIыхьлIыхь зэрыгъэхъуа зэдауэм и гупсысэ нэхъыщхьэр, зыхуэмышыIэжу, утыку ­кърилъхьащ Алэдамэ. 
- ЩыIэкъым апхуэдэ! ПцIыщ! Нэрыбгейхэмрэ нартхэмрэ я зэхуаку хъы­джэбз мыхъумэ, щIалэ зэи къыдэ­хъуакъым, - идэркъым Къатинэ.
- ЩыIэщ, зи щIыхьыр ин. ЩыIэщ! - и макъ гъуагъуэм зригъэIэтащ Щэуей, къы­фIэмыIуэхущэ хуэдэ, лъэны­къуэкIэ еплъэкIыу.
Къатинэ и къуэр къицIыхуами, игу къэпIейтеяр игъэувыIэжын и гугъэу зишыIэми, къыIурыпкIыжыным хуэдэу и гур и къурмакъейм къыщIэ­гъуэлъ­хьауэ къыщыхъуащ, Щэуей и нэгум щиплъэм. Щхьэгуащэр апхуэдизкIэ къызэщIэнащи, и пэ псыгъуэ кIыхьыр къэпщIэнтIауэ, ткIуэпс цIы­кIухэр тесщ, и Iум гъуэз кърихум хуэдэу къэплъащи, и жьэр зэрызэтрихыу псалъэхэр зэ­хэзэрыхьыжауэ къыIуры­щэтыну къыщохъу, зэми и жьэ пхъэбгъур ­къемыдэIуэжу гужьеигъуэм зэ­хуешэ.
- ЩыIэмэ, мыбдеж къэгъэув апхуэдэ зы щIалэ, - лIыгъэм зригъэхьу щыжиIэм, и макъыр ехуэхащ Къатинэ.
Щхьэгуащэм и Iур апхуэдизкIэ игъущIыкIащи, псы Iубыгъуэ Iумыхуэмэ, и тэмакъыр къэчэну къыщохъу, и нэм пшагъуэ къытрихьащи, и нэбжьыц фIыцIэ кIыхьхэр щIэх-щIэхыурэ зэтрегъауэ.
- Си гуащэ, ди гъусэхэр нарт лIы­хъужь хахуэхэщ, гъуэгуанэ кIыхь къы­зэпытчащ, - щхьэщэ ищIри, жиIащ Жан, щхьэгуащэр зэрыхуа щытыкIэм къишын зэрыхуейм гу лъитэри.
Къатини, и бзэгур кърачам хуэдэу, зы псалъэ къыдримышеижыфу, и Iэр унэбжэмкIэ ищIащ, хьэщIэхэр иригъэблагъэу, и гъусэхэми нэкIэ яригъэлъэгъуащ Iэнэр къытрагъэувэну.
Дэтхэнэми зэригъэзахуэрт жиIэнумрэ зэрыжиIэнумрэ. Къатинэ псалъэмакъым зэрыпищэжынур къыхуэщIэртэкъым, унафэ гуэр имыщIуи хъунутэкъым. Щхьэгъэрыту къащхьэщыт нэрыбгейр мыхъумэ, тхьэкIумэ лей ­къахэттэкъым пэшым щIэсхэм. Къатинэ и щхьэр мащIэу щищIым, нэрыбгейм зигъэбзэхащ.
- КъызэрызгурыIуамкIэ, нэжьгъущIыдзэр зэрыщыту унагъуэ ихьэу, лъхуэрэ-пIэуэ бгъэтIысыжыну къыхыболъхьэ? - жи гуащэм, Алэдамэ зыхуигъазэу.
- Сэ къызгуроIуэ нэрыбгейхэм игъащIэ лъандэрэ къадекIуэкI хабзэр зы махуэм зэрыпхуэмыгъэкIуэдыжынури, ар псоми зэуэ къызэрамыщтэнури. Ауэ хэкIыпIэу диIэр аращ. ЩIэблэ лъэщ, узыншэ, быдэ, къарууфIэ дыхуеймэ, нэрыбгейхэм къалъху щIалэхэр ямыукIыжу, хъыджэбз цIыкIухэр зэ­рывгъасэм хуэдэу, ахэри пIын хуейщ, - жэуап щыпкъэ итащ Алэдамэ.
- Ди хъыджэбз цIыкIухэр зэрытпIым и щэхум и фIыгъэщ нобэм дыкъызэрысар, щIалэ. Уэ жыпIэм къикIыр - а щэхухэмкIэ нартхэм садэгуэшэн ­хуейуэ аращ.
- Нэрыбгейхэр дыкъызыхэкIыжа нарт­хэр дэрыншэу псэуащ, гуащэ. АдэкIи псэунщ. Мис, Щэуейрэ Тотрэшрэ зауэм зэрызыкъыщагъэлъэгъуар цIыху цIыкIум ягъэщIагъуэу, а тIум ялъэ­кIыр псалъэкIэ яхуэмыIуатэу, уэрэдыжьхэр траусыхьыжу къекIуэ­лIэжащ. Апхуэдэ защIэу дзэшхуэ диIэмэ, зэи зыри къыттегушхуэнукъым, къыдэбгъэрыкIуэри, шэмэ­джым ирихам хуэдэу, хэдгъэщIэнущ, - псалъэмакъым къыхэIэбащ Удынэ бгъурыту щыт Жан.
- Щэху лъэпкъ зэрызедмыхьэм хуэ­дэу, нартхэм я лIыгъэр здынэсыр уэри уощIэ, гуащэ. Нэрыбгейхэмрэ нартхэмрэ я зэхуаку къыдэкIа щIалэхэр сыт хуэдэу лIы телъыджэ хъунут! - и нэ фIыцIитIыр и анэм триубыдауэ щысщ Щэуей.
- Алъандэрэ дызытета псэукIэр зы махуэкIэ схуэгъэкIуэдыжынукъым! Ар нэрыбгейхэм къагурыIуэнукъым. Сэ бзаджагъэкIэ фыкъызбгъэдыхьащ, пэжщ, икIи сыкъэвгъэгумэщIащ, ауэ сыкъыфхуэгъэдаIуэми, адрейхэр пэкIэ псы ефэу зэхэткъым, си тетыгъуэр сIэпатхъыну пIэцIеиж Iэджи дэтщ мы быдапIэм. СыффIэхьэщхьэрыIуэми, сэ нэхърэ нэхъ Iеижи къытхэтщ. Укъызэмыплъ, Жан, къызгурыIуащ уи гум илъыр. УзыпIар сэращ, сэ узмыцIыхумэ, зыми укъицIыхуркъым. Пэжщ, тIасхъапIэ сиIэщ сэри, ар къэптIэщIыфащ. Ауэ щыхъукIэ, щхьэгуащэ къулыкъур схуэфащэкъым. Сэ жысIэр фщIэ, сэ сщIэр фымыщIэ жызыIам хуэдэ сыхъуащ... - зыгуэрым зэхихынкIэ шынэу, щэхуу жиIащ гуащэ набдзэгубдзаплъэм.
- Дауэ мыхъуами, унафэ гуэр умыщIу хъунукъым, гуащэ. Ауэ, зэгъащIэ, Удынэ игъэпщкIуа щIалэ цIыкIухэм Iэпэ хуэфхьынукъым. Лъэпкъ зауэ ­къисха пщIондэ, зы цIыкIум Iэпэ хуэфхьынукъым, - ткIийуэ жиIащ ­алъандэрэ псалъэмакъым щыму щIэдэIуа Тотрэш.
Гуащэр абы хуеплъэкIщ, пыгуфIыкIри, и щхьэр игъэкIэрэхъуащ. Удынэ псалъэмакъым хэмыIэбэххэу щытт и нэщхъыр зэхэлъу, жаIэр зэпишэчу.
- Тотрэш Ябгэ, си Iэнэщ узыпэрысыр. Зы щхьэгуащэ къыпхуимыдэн сыбгъэдэну яужь уиту укъекIуэлIами, хьэщIагъэ уэсхащ. Иумыгъэлей. Удынэ мы Iуэхум зыгуэру хэсшми, тезыркIэ сыпыкIми, нэрыбгей щылъху минит­Iым гущIэгъу яхуэсщIу нэжьгъущIы­дзэм къысхуадэнкъым. Фэри сэри дызэдрагъэхьынщ, - жи Къатинэ.
- Хъунщ ар, гуащэ. Ди Iуэху зыIутыр къыбгурыIуащ, зыгуэрым жэуап зэрихьын хуейр наIуэщи, сэ къыстекъутэ уи бампIэр, - хэкъузауэ жиIащ Удынэ.
- ЗэрыжысIащи, Удынэ теплъхьэр ди зэхуэдэщ, - зыкъиIэтащ Алэдамэ.
- Сэ жьэ сиIэкъым Удынэ згъэ­къуэншэну. Ауэ щыхъукIэ, зы хэкIыпIэщ щыIэри, уи насып тхьэм тригъакIуэ, Удынэ! НыщIэкI, - Iэнэ лъакъуищым IэштIымкIэ теуэщ зэпкъригъэщэщуи, Къатинэ къыщылъэтащ.
Нартхэр напIэзыпIэм къызэфIэуващ, щхьэгуащэм и щхьэм къищ­хьэрыуар къагурымыIуэу.
- НыщIэкI, жысIакъэ! - щIыбымкIэ щыIэхэм зэхахын хуэдэу ину къэкIиящ Къатинэ, Удынэ зыхуигъазэу.
Зи лъэпкъым «епцIыжа» нэрыбгейр япэ иту пщIантIэм къыдэлъэдащ Къатинэ, и дамэм едзэкIа щIакIуэр зыт­ридз­ри.
- Уи гум нэхъ Iэпихыр уи Iэщэщ, хэдэ! - жиIэри, щхьэгуащэм и джатэр Iэ ижьымкIэ игъэджэгуу, сэмэгумкIэ мэIу хъурейр и джабэм ирикъузылIэу къиуващ утыку. 
Iэщэншэу кърашэжьа Удынэ зэхэзехуэн хъуауэ Алэдамэ щыхуеплъэкIым, щIалэм и джатэр къыхуидзащ.
- КъедаIуэ си унафэм, Удынэ. ФыкъэдаIуэ псори. Удынэ лъэпкъым хуилэжьар къэплъытэмэ, напэтехыу кIуэ­ды­жыну хуэфащэкъым. КъытлъэIэсыжащ дэрдэнеипщыр зэрыбукIар. Иджы сэ укъыстекIуэмэ - хуитыныгъэр къэбзэуауэ бжы, сыптекIуэмэ - уи тезырыр упшынащи, уи хьэдрыхэ дахэ ухъу! Мы утыкум псэууэ икIынур зырщ, ауэ зэвгъащIэ, нэрыбгейхэ: ди лIы­хъужь хьэщIэхэм ялъ вгъажэу нартхэр бий фымыщI, хьэщIэукI дзыр къы­зэрыффIащын напэтех фымыщIэ, - жиIэри, иувыкIащ Къатинэ. 
Удынэ итIанэщ къыщыгурыIуар... ДжатэрыуэкIэ Удынэ нэхъ Iэзэ нэжьгъу­щIыдзэм зэрахэмытыр ищIэжу, Къатинэ и щхьэ хилъхьэну гурылъ ищIауэ арат, хэкIыпIэу илъагъур а зырати. ЗэрыжиIауи, Удынэ текIуэмэ, пщащэр щхьэхуитщ. ЗэрытекIуэнури нэрылъагъущ. Удынэ щIалэщ, нэхъ псынщIэщ, нэхъ лъэщщ. 
И щIасэм и къарум щыщи къып­къ­рыхьам хуэдэу, Удынэ и Iэпкълъэпкъым зрегуашэ Алэдамэ къы­IэщIилъхьа и джатэм къыпкърыкI гуа­щIэм. Пщащэр къызэщIонэ, ирогубжьыж Къатинэ и щхьэр хилъхьэну езыхулIа гъащIэм, и Iэпщэм и мыза­къуэу, и щхьэцыпэ нэгъунэ мафIэ бзий къыпихым хуэдэу къызэщIоплъэ. Езым и гъащIэм и закъуэкъым Удынэ зыщIэбэныр. Абы и щIыбагъ къыдэтщ цIыкIу-цIыкIу защIэу минитI. 
- Ерэхъу! УкъыстекIуэмэ - си ужьыр махуэ пхухъу, сэ сытекIуэрэ - Мэуэтейм согъэзэж, ди Iуэху зэхэмылъу, фыныткIэлъымыгъуазэу, - псоми зэхахыу жеIэ Удынэ. 
- Мы утыкум псэууэ уикIмэ, Мэуэтейм тыгъэ хуэсщIа нэрыбгейхэр фызэры­хуейуэ фыпсэу.
Лъымэ къызыщIихьа хьэщхьэры­Iуэм хуэдэу, зэрыIэтащ быдапIэм нэ­рыбгейуэ дэтыр, лIэщIыгъуэм зэ къэхъу зэхэуэ телъыджэ я нэгу зэрыщIэкIынум къызэщIигъэпIейтеяуэ зэрыгъэкIийуэ.
Алэдамэ шэч къытрихьэртэкъым Удынэ зэрытекIуэнум, ауэ къызэщIэIэ­та нэрыбгейхэм гупыр псэууэ быдапIэм дамыгъэкIыжынри хэлът. Зы телъыджэ гуэр къэхъурэ щыхупIэм щхьэщимышмэ, ахъырнэфэсэм тетт Удынэ. Сыту хуамыгъэгъурэт абы нэ­рыбгей щылъху минитI зэригъэпщкIуар! Уафэгъуагъуэу зэрызехьэ нэрыбгейхэр зэуэ щым щыхъужым, джатэхэр зэте­зышэщIа цIыхубзитIым къэхъуар къагурымыIуэу къызэплъэкIащ...
БыдапIэм и бжэ зэIухам къыдыхьэрт къыу фIыцIэу есу зы бзылъхугъэ. Абы и кIэ кIыхьышхуэр щIым хилъафэурэ ­къакIуэрт, щIыкIафIэу зекIуэ Iэпкълъэпкъ лантIэм нэр тедиеу. ПщIантIэм дэтхэр бэIутIэIуншэу къиплъыхьу, бзаджэу пыгуфIыкIыурэ, и нэ щIыхуитIым зэрыщыту игъэдиям хуэдэу, щIым трилъафэ и кIэм и щхъыщхъ макъыр зэхэпхыу утыкум къихьэри, цIыхубзитIым я зэхуакум иуващ ар.
- Емынэм къелар джэдылIэм ехь жыхуаIэракъэ! - Удынэ хуеплъэкIри, бзаджэу пыгуфIыкIащ цIыхубзыр.
Дауи, псоми къацIыхуат Маисэ удыр. А зырат нэрыбгейхэр зыпикIуэтыр. Абы къыпкърыкI щIыIэ уаем иригъэкIуэтырт псори. Зыщышынэри псалъэкIэ къахуэмыIуатэу, зыгуэр я тхыцIэм ирижэрэ щхьэкумкIэ щыхэкIыжу я щIыфэр тхытхырт нэрыбгейхэм, Маисэ ща­лъагъукIэ е и хъыбар щаIуэтэж-кIэ.
- Апхуэдиз илъэскIэ укъемыплъэкIауэ, щхьэ къэбгъэзэжа жыпIэу ара, ­гуащэ, укъызоплъри?! Ехьэх уи джатэр, нобэ зыми илъ щагъэжэнукъым мы быдапIэм, - жиIэри, и нитIыр къилыдыкIыу, Къатинэ дежкIэ зигъэзащ удым.
Щхьэгуащэм и джатэр сампIэм ирихьэхыжри, Маисэ гъунэгъу зыкъы­хуищIащ. Удыжьыр Удынэ щы­хуеплъэкIым, плъыртетми джатэр ирихьэхащ.
- Дэтхэнэри хуейщ зыгуэркIэ цIыхум игу къинэну, и цIэр тхыдэм къыхинэну. ДызыхэпсэукI зэманыр апхуэдэщи, ­къарукIэ мыхъумэ, нэгъуэщI щIыкIэкIэ къыпхуэзэунукъым а щIыхьыр. Удынэ и тхыдэр иусыжагъэххэщ, зэи зы нэрыбгей зытемыгушхуа Iуэхугъуэ илэжьри. Уэри, щхьэгуащэ, мы Iуэху­гъуэм уи щхьэр хыумылъхьэми, цIэрыIуэ узыщIын унафэкIэ ухэкIыфынущ. Уи псэр пыту, - Къатинэ и пащхьэм иувэри, гуащэм и нэ фIыцIэш­хуитIым щIэп­лъащ Маисэ.
- Ди лъэпкъым и лъабжьэр зыгъэтIылъа нэрыбгей хахуэхэм сеп­цIыжын хуейуэ къокI а уэ жыпIэм, - ину жеIэ щхьэгуащэм.
- УкъызытехъукIыжа нэрыбгейхэр илъэс минкIэ япэ ищу епцIыжащ я щIэблэм, ди цIыхубзыгъэр ттрахри. Абы уегупсысакъэ зэи? Мыбдеж дэт нэжьгъущIыдзэри, къримыхьэлIахэри, дэтхэнэ зыри щIохъуэпс къыпкърыкIа быным и нэгум зэ иплъэну, и бгъафэ зэ щIикъузэу и быдзышэ Iуигъэхуэну. Дэтхэнэми и гум щэхуу щегъафIэ зэгуэкIуа цIыхухъум хуищIа гухэлъыр. ЦIыхухэр апхуэдэу дыкъигъэщIащи, щхьэзакъуэу дыпсэуфыркъым. Дэ щхьэзакъуэу дымыпсэумэ, дыкIуэ­дыжыну ди фIэщ ящIащи, цIыхуфэ зэрыттемытыжым гу лъыттэжыркъым. Лъыттэми, идогъэнэх. Ди хабзэм ­къидэркъым апхуэдэ гупсысэ мы­фэмыцхэри, ди щхьэ къэдгъэпцIэжу дыкъэсащ нобэм. Аращ сэ жысIэмэ, къысхуэвмыдэу сыщIызыхэфхуар, Iумпэм сыщIэфщIар. Уи закъуэкъым, гуащэ, щыуар, зи къуэр и адэм езытыжар. Уи япэжкIи щыIащ апхуэдэ куэд, уи яужькIэ, гу лъумытэу, я къуэхэр ятыжащ нэрыбгей зыбжанэми. Ауэ, дызэригугъам хуэдэу, нэжьгъущIы­дзэр дикIуэдыкIакъым абы, къеухакъым мо уафэ къащхъуэр, къэ­хъуакъым фи къуэхэр хьэщхьэрыIуэу. Мес, къэхъуащ нарт лIыхъужьу, тхьэ­бын пэлъытэу, я лIыгъэр ягъафIэу, хъыбарыжьхэр хузэхалъхьэжу. Ап­хуэдэ хъыбархэм нарт анэхэм я бынхэр щIагъэдэIу, щIапIыкI. Апхуэдиз дапщэ фукIыжар, къытщIэхъуэфыну?! - и нэм уафэхъуэпскIыр къыщIихыу яхэплъащ удыр нэжьгъущIыдзэм.
- Куэдщ жыпIар, Маисэ, - псоми­ ­ялъагъуу и щIыхьыр къызэрещэтэхам иридзэлашхэу зыжьэдикъузыкIащ ­Къатинэ.
- Куэдкъым-тIэ, щхьэгуащэ! Куэдкъым. Пэжым и чэзур къэсащи, укъы­зэдэIуэнущ. Дэтхэнэ зыри фызыщIэгупсысыж, сыт фи лIыукI гъащIэм мыхьэнэуэ хэлъыр? Сыт фи ужькIэ мы щIыгум къытенэнур? Апхуэдизу фи щхьэр лъагэу фэзыгъэлъагъуж фипхъу­хэра? Зы нэрыбгей дэткъым мыбдеж бын дапщэ къилъхуами, хъыджэбз дапщэ абы хэтами ищIэу. Фи зы бын и нэгу зэ фиплъакъым. Сыт абы и мыхьэнэр? Гужьгъэжьым хихыу, зэгуэр Iэщэм епхъуа бзылъхугъэхэм я губжьыр нобэм къэтхьэсащ. Пэжщ, цIыхубз телъыджэхэр къэвгъэщIащ. Иджы а телъыджэр хьэщхьэрыIуэ мыхъуж щIыкIэ, цIыху гъащIэмкIэ къэвгъэзэж.
- СампIэм къитха джатэхэр псыф дымыщIу дауэ итлъхьэжын?! КIэух гуэр иIэн хуейщ мы Iуэхуми, екIуэтэкI, удыжь, - къолъ щхьэгуащэр.
- Уи джатэр сампIэм иплъхьэжакIэщ. Плъыжьыгъэ гуэркIэ уи Iэщэр ипIэн ­хуейуэ къыпхэхъыжьауэ арамэ, шагъыр текIи, пыкI, - щIэнэкIащ Маисэ гуащэм. - Мо Iуащхьэмахуэ и къуапитIыр зэб­лэкIуэтыкIа пщIондэ, щIэблэщIэ къэунэхуам илъ бгъэжэнукъым, Къатинэ. А щIэблэр дунейм къызэрыте­хьар зи фIыщIэми и насып текIуауэ, щхьэ­хуиту дэкIыжынущ мы быдапIэм. Ар тхьэхэм къытхуащIа тыгъэщ. Уафэр къызэрытхуэупса гуфIэгъуэшхуэщ. Нар­тыжьхэр лъэхъэнэщIэм зэрыхэ­бэкъуам, гъащIэщIэм и лъабжьэр зэрагъэтIылъам и нэщэнэщи, махуэ тхухъу! Тхуагъэгъункъым тхьэхэм, мафIэс ­гуащIэхэмрэ узыфэ шына­гъуэхэмрэ къытхалъхьэнщ. ДыкъэзыгъэщIахэм яфIэмыфI къэхъугъэкъым ари, щхьэж и унэ бжэн лъакъуэу фызэбгрыкIыж. Нобэ щыщIэдзауэ фи зы бын щыхупIэм щывдзыжынукъым. Зым и кIуэды­жыгъуэм адрейр къоунэху. Къэунэхуа­кIэщ лъэпкъыщIэр!
ПщIантIэм дэтхэр мыпсэлъэжыфу, мыбэуэжыфу, зэмыплъыжыфу къы­зэхэнат. АдэкIэ зэрыхъунури зэгуп­сысынури къахуэмыщIэу, я пIэм ижыхьауэ, ундэрэщхъуауэ зэхэтт ахэр. Дэтхэнэ зыми и гум къипсэлъыкIат Маисэ, егупсысыну зыщышынэр утыку кърихьати, я жьэкIэ зыкъаумысыжам хуэдэу укIытэжауэ я напIэр къахуэIэтыртэкъым.
Алэдамэ Удынэ и Iэр иубыдщ, утыкум къришри, гуп цIыкIур быдапIэм къызэрыдэхащ, Маиси дэтаи-дэмытаи жаIэу, зигъэбзэхыжащ.
Дуней къутэжыгъуэм ирихьэлIэу къызэщIэуша гурыщIэ къабзэр зи бгъэм щыгъэгъа нэрыбгей тхьэIухудым и фIыгъэкIэ апхуэдэу къэунэхуащ зы­хьэ лъэпкъыщIэр, зэи зы цIыхум имы­лъэгъуауэ лIыхъужь къарууфIэхэр, акъылыфIэхэр, пелуан зэкIужхэр, лъэпкъыр фIы и фIыжкIэ зыщыгугъ зауэлI телъыджэхэр.
Бгым къыщыщIэжу, тенджызым хэлъэдэж псы ежэхым зыщагъэ­щIыIэтыIауэ, мэзым щIэтт Алэдамэрэ Удынэрэ. Уи цIыху ущыхуэзам деж удэщымынуи гупсэхугъуэщ. Зэрызэрыгъуэтам иригуфIэу, псалъэр лейуэ, ­гъащIэр яфIэIэфIу, яфIэдахэу, я нэгум гупсэхугъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ къилыдыкIыу, хуэм дыдэу къаущыхьырт гъащIэ Iэлыр зыгъэIэсэфахэм.

Эпилог
Нарт хэкум къещэкIуэн щIэзыдза алыдж лъэпкъыжьхэр чэзу-чэзукIэ Iузэврэ Ахынрэ я псыхъуэм дэса пасэрейхэм къатеуэу, мыдрейхэми бийр зытрамыгъакIуэу зыкъомрэ екIуэкIащ. Зи чэзу теуэгъуэм биидзэм къыкIэрыхуахэр Iузэв Iуфэм деж къыщынэрэ, багъуэм, къыкIэлъыкIуэ зэхэуэм къелахэр абыхэм къахэтIысхьэжурэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ VII лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу алыджхэр щыбэгъуащ адыгэ щIыналъэм. Апхуэдэущ къызэрыунэхуар Боспор къэралыгъуэр.
Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 480 гъэм ирихьэлIэу Темэнрэ Пантикапейрэ ­куэ­дыIуэ щызэрыгъэхъуа алыдж ­къа­эхэр зэгухьэри, мэуэтхэмрэ щынд­хэмрэ я щIыналъэр яубыдащ, ­лъэп­­къыр тенджыз ФIыцIэмкIэ ­къра­­гъэкIуэтэхыу. Iузэв и Iуфэр зэ­рыщыту зыIэрыхьа зэрыпхъуакIуэхэм Щындейр дамэгъу ящIами, Боспор къэралыгъуэр зэрыщыIа илъэс щэ бжыгъэхэм къриубыдэу мэуэтхэр къагъэдэIуфакъым икIи зэман жыжьэм къыщежьэж гужьгъэжьыр я зэхуаку дэмыкIыу, зэрытемыгъакIуэу къэ­гъуэгурыкIуащ. Ди лъэхъэнэм ­370 - 400 гъэхэращ Боспор къэралыгъуэм и лъэр щыщIэкIар, Византиер къытекIуа нэужь.
2019 гъэ, мэлыжьыхь мэкъуауэгъуэ мазэхэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.