Китайм и лIыкIуэр хэту Iуащхьэмахуэ лъапэ щрагъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ди щIыналъэм адэкIи туризмэм зыщегъэужьыным пыщIа Iуэхухэм

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ туризмэм зыщегъэужьыным теухуауэ ира­гъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников А. А., КНР-м и лIы­кIуэу УФ-м щыIэ Хуэй Ли, Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Феде­рацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и ­къуэдзэ Умаханов И. М.-С., КъБР-м и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. сымэ. Ахэр тепсэлъыхьащ ди республикэм туриз­мэм дяпэкIи зыщегъэужьынымкIэ хэ­кIы­пIэхэм.

ЕтIуанэ махуэм Китайм и лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэм и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкIхэм щыгъуазэ ящIащ, кIапсэ гъуэгумкIэ Горабаши ­станцым нэс драшеящ. А станцыр метр 3850-м лъагапIэм щыIэщ икIи Ев­ропэм щынэхъ лъагэ дыдэщ. Ар 2015 гъэм хьэзыр ящIауэ щытащ икIи абы ­лъандэ- рэ Iуащхьэмахуэ курортым зыщы­зы­гъэпсэхухэм илъэс хъурейм лыжэкIэ къа­жыхьу хуежьащ. А станцым щегъэ­жьауэ хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ метр 4600-м нэскIэ ратракхэмкIэ дэкIуеящ. ИужькIэ ахэр Чегет, Нартсанэ лъэгу щIы­пIэхэм яшащ. ЗэIущIэшхуэм хэтахэр зэ­щIыгъуу еплъащ «Iуащхьэмахуэ лъапэ» дунейпсо курорт къызэгъэпэщыныр» инвестицэ проектым.
Абы щытепсэлъыхьым Матовников А. А. къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и турист-реакреацэ комплексми экономикэм и адрей IэнатIэхэми зэрыщы­зэ­дэ­лажьэм зегъэубгъунымкIэ хэкIыпIэ псори зэрыщыIэр икIи дяпэкIэ зэгурыIуэныгъэ пыухыкIахэр зращIылIэнухэм ягурыIуэн зэрыхуейр. Матовников Александр къы­зэрилъытэмкIэ, туризмэм и IэнатIэм зегъэужьыным сэбэпынагъышхуэ иIэщ икIи ар нэгъэсауэ щIэгъэкъуэн къэщIын ­хуейщ. Президентым и полномочнэ лIы­кIуэм зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым къыщыщIадзами, Китайм къикIахэр зэплъын куэд Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и адрей субъектхэми щыIэщ.
Китайм и лIыкIуэу Урысейм щыIэ Хуэй Ли къыхигъэщхьэхукIащ лъэныкъуитIыр зэрызэдэлажьэм зегъэубгъунымкIэ зы­хуей псори ди республикэм зэрыщыIэр.
Китайм и лIыкIуэхэр къызэрыкIуам ­икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къилъытащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и вице-спикер Умаханов Ильяс. Шэч лъэпкъ хэлъкъым лъэныкъуитIыр зытепсэлъыхьа Iуэхухэм ящыщ куэд гъэзэщIа зэрыхъунум, жиIащ абы.
МахуитI лэжьыгъэм къарикIуахэм щы­теп­сэлъыхьыжым, КIуэкIуэ Юрий къыхилъхьащ адэкIэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр зыубзыхун лэжьакIуэ гуп къызэрагъэ­пэ­щыну. КъБР-м и Iэтащхьэм Китайм къикIа хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIащ ди республикэм и зэфIэкIхэм набдзэгубдзап­лъэу щыгъуазэ зэрызащIам папщIэ.
Иужьрей махуэм КНР-м и лIыкIуэхэр щыIащ Урысей Ипщэм щынэхъ ин дыдэ бдзэжьей хозяйствэм, Тырныауз аргъейхэр щагъэхъуу щыIэ IуэхущIапIэм. Абы гектари 10 еубыд, илъэсым бдзэжьейуэ тонн 50, бжьэй хугуу тонни 3,3-рэ къыщалэжь.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.