КIуэкIуэ Казбек: Лъэпкъыр узыншэн папщIэ цIыхубэ спортым зегъэужьын хуейщ.

КIуэкIуэ Казбек ирихьэлIащ Налшык щыIэ Сабий стадионым Физкультурникым и урысейпсо махуэм и щIыхькIэ къыщызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм. Спорт­смен ныбжьыщIэхэр зэпеуащ футболымкIэ, теннисымкIэ, атлетикэ псынщIэмкIэ, гимнастикэмкIэ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм гъэсакIуэхэм, спорт­смен ныбжьыщIэхэм, абыхэм я адэ-анэхэм яхуэзащ, мы IуэхущIапIэм и зэфIэкIым, абы щылажьэ секцэхэм щыгъуазэ зищIащ. Стадионым спорт школу 2 щыIэщ икIи абыхэм зыщагъасэ зи ныбжьыр илъэси 6 - 18-м ­итхэм ящыщу мини 3-м щIигъум. Хабзэ ­хъуауэ, сабий стадионым республикэ, щIыналъэ зэхуаку, урысейпсо мыхьэнэ зиIэ турнирхэр къыщызэрагъэпэщ. Мыбы зы­щызыгъэсахэм дунейпсо класс зиIэ спортсменхэр, Урысейм, Европэм, дуней псом щытекIуахэр къахэкIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен ныбжьыщIэу, балигъыу къэралым и командэ къыхэхахэм 141-рэ хэтщ, спортсмен ­1200-м щIигъум разряд зэмылIэужьы­гъуэхэр, спортымкIэ мастерым и кандидат, Урысейм спортымкIэ и мастер, спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ мастер цIэхэр къыфIащын папщIэ зыхуэфащэ мардэхэр ягъэ­зэщIащ. Абыхэм я нэхъыбапIэм я спорт ­гъуэгуанэр Сабий стадионым къыщежьащ. Мы IуэхущIапIэм иIэ Iэмал псори нобэ нэгъэсауэ ­къагъэсэбэпу жыпIэ хъунущ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм жиIащ мыпхуэдэ IуэхущIапIэу республикэм щыIэхэр нэхъыбэ щIын, абыхэм я къудамэхэр район псоми къыщызэIухын хуейуэ къызэрилъытэр.
«Урысейм и Президент Путин Владимир зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуащ лъэпкъ проект нэхъыщхьэхэр зыхуэунэтIар. Апхуэдэхэм ящыщщ физкультурэмрэ спортымрэ зегъэужьыныр. А къалэныр нэгъэсауэ ди деж гъэзэщIа щыхъун папщIэ «Спортыр ­гъащIэм и мардэщ» щIыналъэ программэм тету спорткомплекс зэмылIэужьыгъуэхэр, джэгупIэхэр щаухуэ. Ди дежкIэ мурад нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ лъэпкъым и узыншагъэр гъэбыдэныр икIи а къалэныр дэкIын папщIэ цIыхубэ спортым зегъэу­жьынымкIэ, республикэм исхэм, псом хуэмыдэу къыдэкIуэтей щIэблэщIэр спортым хэшэ­нымкIэ Iэмал псори зэтегъэувапхъэщ», - жиIащ КIуэкIуэ К. В.
Стадионым щекIуэкIа псалъэмакъым ипкъ иткIэ Iуэху зыбжанэ яубзыхуащ. Абыхэм ящыщщ сабийхэм зыщагъасэ пэшхэр нэхъыбэ щIыныр, мини-футбол щыджэгу губгъуэхэм папщIэ алэрыбгъухэр къэ­щэ­хуныр, аргуэру зы теннис джэгупIэ къы­зэIухыныр, спортсмен ныбжьыщIэхэр нэ­гъуэщI щIыналъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм хэтын ­папщIэ ахъшэкIэ защIэгъэкъуэ­ныр.
Псалъэмакъым и кIэухым КIуэкIуэ Казбек тренерхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ ехъу­лIэныгъэхэр яIэну, къапэщыт турнирхэм ­те­кIуэныгъэщIэхэр къыщахьыну ехъуэ­хъуащ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ.

Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.