Пасэрей хьэпшыпхэр ягъэлъагъуэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ дыщэкI, IэпщIэлъапщIэ Габоев Му­сэбийрэ пасэрей упщIэ а­­лэ­рыбгъухэр зэхуэзы­хьэсыж Локьяев Рашитрэ я гъэлъэгъуэныгъэ. 

- IэпщIэлъапщIэ Габоев Мусабий и лэжьыгъэхэмрэ Локьяев Рашит зэхуихьэса упщIэхэмрэ я гъэлъэгъуэныгъэр зэуIу тщIащ нобэ. Ахэр щIэщыгъуэу зокIу, зэхозагъэ, - жиIащ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс гъэ­лъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат. 
- Хьэпшып гъэщIэгъуэнхэм­рэ упщIэхэмрэ щагъэлъагъуэ пэшым укъыщыщIыхьэкIэ, па­сэ зэманым бгъэзэж хуэ­дэщ. Балъкъэр лъэпкъым и гъащIэм IэпщIэлъапщIэ­ным, гъуазджэм увыпIэшхуэ щаубыд. Мыбы щIэлъ дэтхэнэ   хьэпшыпри   зэпыбоплъыхь лъэпкъ гупсысэхэм ухэту. Нобэ Мусэбий дигъэ­лъагъу хьэпшыпхэр балъкъэр щэнхабзэм поджэж. ФIыщIэ лей хуэфащэщ упщIэ алэ­рыбгъу телъыджэхэр зэхуэзы­хьэса, зыхъума Рашити. Са­хуо­хъуа-хъуэ адэкIи дахагъэ къагъэ-щIыну, - жиIащ абы. 
Урысейм гъуазджэхэмкIэ и академием и академик Пащ­ты Герман къыщыпсалъэм къыхигъэщащ зы гъуазджэ лIэужьыгъуэм адрейр игъэ­дахэу зэрызэщIагъуар игу зэрыдыхьар. 
- Лъэпкъ гъуазджэм и щапхъэ дахэ зыгъэлъагъуэхэм фIы­щIэ фхузощI. Лъэпкъыбзэхэр, лъэпкъ щэнхабзэр ­хъумэным псом хуэмыдэу ­дыщелIэлIэн хуей мы зэманым фи лэжьыгъэм псом хуэмыдэу и мыхьэнэр лъагэщ. Фэ фхъумэр лъэпкъ щIэинщ, - захуигъэзащ зи лэ­жьыгъэр ягъэлъагъуэхэм ЩIэ­ныгъэ­хэмкIэ Урысей академием    и академик Апшаев Магомед. 
КъБР-м и СурэтыщIхэм я ­зэгухьэныгъэм и унафэщI ­Къаныкъуэ Жаннэ жиIащ гъэ­лъэгъуэныгъэм зэуIу щащIа хъугъуэфIыгъуэхэм тхы-дэрэ щэнхабзэрэ зэрахъу-мэр.
- Iуэхур къызэзыгъэпэщахэми мыбдеж зи лэжьыгъэ щытлъагъухэми фIыщIэ фхузощI, япэрауэ. Мыбы ди ­щэнхабзэр ехъумэ, егъэдахэ. Псом хуэмыдэу мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм мыхьэнэ яIэщ щIэб­лэр тхыдэм хэгъэгъуэ­зэнымкIэ, пасэм IуэхущIа­фэ дахэу яIахэр яIэщIэмыхунымкIэ. Мыбыхэм бзэри, хабзэ-щэнхабзэри яхъумэ, - жиIащ генерал-лейтенант Аттоев ­Бо­рис къыщыпсалъэм. 
- Си гугъакъым зэгуэр си IэрыкIхэр мыпхуэдэу згъэлъэгъуэну. Илъэс куэд хъуауэ мыбыхэм селэжьми, си ныбжьэгъухэм сытрагъэгуш­хуэу, иджыщ япэу хьэпшыпхэр    утыку къыщисхьар. IэрыкIхэм елэжьын щIэздзауэ щытащ генерал-лейтенант Аттоев Борис и фIыгъэ­кIэ. Зэгуэр абы и унэм сы­щы­хьэщIэу, и унэм щы­хьыб­жьэ щIэлъыр сигу ирихьати, тыгъэ къысхуи­щIащ. Сэ щыхьыбжьитI сиIэт абы нэмыщI. Арати, сегуп­сысащ абыхэм къахэпщIыкI­ ­хъунум. Япэ дыдэу стIол сщIащ. Абы сызыIэпишэри, унэлъащIэ гъэ­­щIэрэщIа- хэр къы­хэсщIы­кIыу зезгъэсащ. Си Iэдакъэ­щIэкIхэр зылъагъу си ­ныб­жьэгъухэми емышу с­­хузэхуахьэсырт ахэр ­ къы­­­­зыхэсщIыкIхэр. Си хьэп­­шып­хэм, унэлъащIэхэм ­дэт­хэнэми фIэщыгъэ хуэс­щIащ. Псалъэм папщIэ, мы­быхэм куэду яхэтщ къызы­хэсщIыкIар тыгъэ къысхуэ­зыщIам я ­цIэр зыфIэсщахэр, - жиIащ Га­боевым. 
Илъэс куэд хъуауэ зэхуи-хьэс упщIэ алэрыбгъухэм теп­сэлъыхьащ, Iуэхур къызэ­зыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуи­щIащ Локьяев Рашит. 

ГУГЪУЭТ  Заремэ.
Сурэтхэр  Къарей  Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.