ЛЪЭПКЪЫМ И ГУМ НОБЭМИ ТЕЛЪЩ УIЭГЪЭ

Илъэс 80 ирокъу балъкъэрхэм ­политикэ щхьэусы­гъуэкIэ я хэкур зэрырагъэбгынэрэ. 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м ахэр я щIыналъэм ­залымыгъэкIэ ­ирахуауэ щытащ. СССР-м Зы­хъумэжыныгъэмкIэ и къэрал ­комитетым ищIа унафэм ипкъ иткIэ, Къэрал кIуэцI Iуэху­хэмкIэ цIыхубэ комисса­риатым а лъэпкъым ящыщ цIыху 37713-рэ ирашат ди республикэм. Ахэр Ку­-рыт Азиемрэ Къэзахъ­станымрэ я щIыпIи 120-м хагуэшат. 

Iуэхур абыи къыщынатэкъым. Къэрал унафэ хэхакIэ абыхэм я къэралыгъуэр щымыIэжу къалъытауэ щытащ. Лейр зэи гъуркъым - зэман докIри, щIэпхъаджагъэхэр зи IэрыкI­хэм хуэфэщэн къалъос, захуагъэри тепщэ мэхъуж. Балъкъэрхэм я дежи щыкъутакъым а гъащIэ хабзэр. 
А илъэсхэр хамэщIым зэрыщагъэ­кIуам и хъыбар гуузхэр къы­тхуи­Iуэтэжауэ щытащ балъкъэр тхакIуэ, усакIуэ, КъБР-м ­щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Кучинаев Ануар: «Ди лъэпкъыр щалъхуа щIыпIэм ирахуауэ щыщыта илъэсхэр сигу къыщыдри­дзеижкIэ, ноби си нэпсхэр къысфIокIуэ… Ар дауэ?.. Лъэпкъ псо залы­мыгъэкIэ щIыпIэм ипшыну, лажьэ ямы­Iэу. Зи цIыхухэм я процент 15-р фронтым Iутрэ бийм текIуэным къэ­мы­лэнджэжу яужь ит балъкъэр лъэпкъым апхуэдэ лей кIэлъызеп­-хьэ­ныр захуагъэтэкъым. Дэ абы щыгъуэ, дауи, ды­щыгъуазэтэкъым Сталинымрэ Бериерэ ди щIыналъэ дахэм, щIыуэпс къулейкIэ цIэрыIуэм ­гугъэ гъэтIылъахэр зэрыхуаIэм: абы­хэм я мурадащ балъкъэрхэр, къэ­рэшейхэр, шэшэнхэр, нэ­гъуэщIхэри ирахуу а щIыпIэр Куржым хагъэхьэну.
Нобэ хуэдэу си нэгум щIэтщ а пщэдджыжьыпэр. Гъатхэпэм и 8-м сыхьэти 4-хэм деж Iэуэлъауэшхуэм дыкъы­зэщIигъэушауэ щытащ унагъуэм щIэсыр. Сэ абы щыгъуэ илъэс 14 срикъуатэкъым. Дэ нэхърэ нэхъ бий къэ­ралым игъащIэм имыIа хуэдэ, ­НКВД-м и ­офицеррэ сэлэту мин 20-м щIигъум къаувыхьат дыщыпсэу жылэхэр, балъкъэритI къэс зы сэлэт е офицер къытхуэзэу. Машинэшхуэ­хэм драгуашэрт, щысхьырабгъу лъэпкъ ямыIэу къытхуэпхъашэу, дызэрадзэу… Ауэ щыхъукIэ, а зэман дыдэм ди адэхэр, къуэш ­нэхъыжьхэр зауэ Iэ­натIэм Iутт, Хэкум и щхьэхуитыныгъэм папщIэ лъы ягъажэу, лIыгъэшхуэ зэрахьэу, ­хахуагъэ яхэлъу. Абыхэм ящыщу зыкъом ягъэлъэгъуат «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къратыну, арщхьэкIэ, ди лъэп­къыр «къэралым и епцIыжакIуэу» къы­щалъытэм, абы ипэ­кIэ зратам иратауэ къанэри, адрейхэм я Iуэхур нэгъуэщI зауэ орденхэмрэ медалхэмкIэ зэфIагъэкIауэ щытащ.

Гугъут хамэ щIыналъэм ущып­сэуну. Япэ илъэсхэм лъэпощхьэпо куэд дрихьэлIащ: лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэм дгъуэтыртэкъым, жэуаплыныгъэ гуэр, куэд-мащIэми, зыпылъ къалэнхэм жы­жьэрэ гъунэгъуу дыбгъэдагъэ­хьэртэкъым. Сэ фIамыщI къы­щыщIах шахтэм сыщылэ­жьащ. Си къалэнхэр ныкъусаныгъэн­шэу зэрызгъэзащIэм, жэуап­лыныгъэ схэлъу сызэрылажьэм гу лъатащ. Зэман дэкIри, шахтэм и комсомол зэгухьэныгъэм и ­секретару сыхахауэ щытащ. Апхуэдэу къекIуэкIащ си лъэп­къэгъу куэдым я Iуэхур: нэхъ лэжьыгъэ хьэлъэ дыдэхэм пэрагъэувэри иужькIэ, езыхэм я пщIэмрэ щIыхьымрэ къихьауэ, унафэщI къалэнхэри дзыхь къы­зыхуащIахэр мащIэтэкъым. Ауэ ахэр къыщыхъуар нэхъ иужьы­IуэкIэщ…
ПсэупIэкIи гугъу дехьащ: къытхуагъэфэщар баракхэмрэ колхоз хьэмхэм щыIэ ухуэныгъэ­хэмрэщ. КъызэрыджаIэмкIэ, къэ­ралым и къалэнт ипэ ма­зэ­хэм псэупIэкIэ, шхынкIэ дыкъызэригъэпэщыну, арщхьэкIэ пщIэ зимыIэжу къалъыта лъэп­къым хэти елIэлIэнт? КарточкэхэмкIэ цIыху къэс къытхуэзэу мазэм къыдатырт гуэдзу грамм 300, фошыгъу килограмм зы­рыз, IэфIыкIэ сыт жыхуэпIэхэр тлъагъуххэртэкъым. 
Къэрал мылъкум щыщу Къэзахъстанымрэ Къыргъызымрэ Iыхьэшхуэ яутIыпщIырт. Вагонхэм ярызу а щIыпIэм нашэрт ди псэуалъэхэр щытщIкIэ къэдгъэ­сэбэпыпхъэ ухуэныгъэ материалхэр: пхъэхэр, абджхэр, нэ­гъуэщIхэри. Абыхэм ящыщу ­уеб­лэмэ зы гъущI Iунэ дэ къы­тIэрыхьэртэкъым, ауэ ихъуре­ягъкIэ, уэлбанэ нэужьым Iэгъэ­бэгухэр щIы щхьэфэм къызэ­рытехутэм хуэдэу, къыщыу­нэхурт щIыпIэ унафэщIхэм я уней псэуалъэ ­дэгъуэхэр, колхозхэм, совхозхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм я зыгъэпсэхупIэ екIухэр. 
Шэч зыхэмылъыр зыщ: къэрал унафэщIхэм фIэкIа нэгъуэщI дэIэпыкъуэгъурэ гугъапIэрэ дэ, балъкъэрхэм, а хамэ щIыпIэм дыщимыIауэ щытамэ, лъэпкъ­кIуэдыр къытхуэкIуакIэт. Ауэ ­хуабжьу зыкъытщIагъэкъуащ цIыху къызэрыгуэкIхэм, псэупIэ тхуэхъуа хьэблэхэм, жылэхэм дэс­хэм: къэзахъхэм, къыргъызхэм. Ди насыпти, дэ дахэхуащ зетхьэ динкIэ, тIурылъ бзэкIэ, ди хабзэхэмкIэ дызыпэгъунэгъу лъэпкъ­хэм. Абыхэм щIэх дыдэ къагурыIуащ дэ цIыхушх гуэру хьэмэрэ лъэпкъ хьэрэму дызэ­ры­щымытыр, атIэ дыIэпщIэлъапщIэу, лэжьыгъэм, гугъуехьым дакъыпимыкIуэту, зи псалъэм тебгъуэтэж цIыхуу гъащIэм ды­зэрыхэтыр». 
НэхъыжьыфIым жиIэжу зэры­щытамкIэ, япэ илъэсищым ­къриубыдэу хамэщIым я псэр щыщанащ абы нэсахэм я зэхуэдитIым нэсым, здашэм нэсын папщIэ зэпача гъуэгуанэ кIы­хьым щафIэкIуэда цIыху мини 5-р хэмыту. ЯгъэIэпхъуэным пы­щIа гугъуехьхэр псом хуэ­мыдэу къатехьэлъауэ щытащ жьыкIэ­фэкIэхэмрэ сабийхэмрэ. ИтIани, сыт хуэдиз гугъуехьрэ хьэзабрэ гъащIэм къапигъэтIылъами, ­балъкъэрхэм захъумэжыфащ. ХамэщIым абыхэм щагъэкIуэ­дакъым я хабзэр, я анэдэлъху­бзэр, псом нэхърэ нэхъыщ­хьэ­жыращи, я напэр. Ахэр хамэ­щIым зэрыщыIа илъэс 13-м ­къриубыдэу я бжыгъэр мин 40-м нагъэсыжыфат. 
Ди республикэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми хуэдэу, балъкъэрхэм я къару псори нобэ ­ирахьэлIэ ди Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъри зиужьыным, абы мамырыгъэрэ захуагъэрэ, зэгу­рыIуэныгъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ илъыным.

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.