Я ГУФIЭГЪУЭР ДАIЭТУ

Ингуш Республикэм и Конституцэмрэ Лъэпкъ зэхуэсымрэ (Парламентымрэ) илъэс 30 щрикъу махуэр ягъэлъапIэу иджыблагъэ Назрань къалэм щызэхашащ самбэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы кърихьэлIащ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм, Донецк Лъэпкъ республикэм я спортсмени 160-м щIигъу, илъэс 13 – 14 ныбжьхэм иту.

Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм медалитху къратащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Къумыкъу Ренат (кг 35-рэ), Ташу Рэмэзан (кг 38-рэ), Къудей Беслъэн (кг 50), Дэжыг Кемран (кг 59-рэ).
Дыжьын медаль зэпеуэм щызыIэригъэхьащ Бырхьэм Имран (кг 50).
ЩIалэхэм я тренерхэр ПшынащIэ Муратрэ Къарэмышэ СулътIанрэ.

ХЬЭЩОКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.