2024 ГЪЭМИ ПАЩЭНУЩКъуажэ гъащIэ УФ-м «Къуажэхэм зегъэужьын» и къэрал программэр гъэзэщIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым 2024 гъэми щыпащэнущ. Iуащхьэмахуэ щIыналъэм зи гугъу тщIы программэм хыхьэу IуэхущIапIэу 4-м псы езышалIэ бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ, къищынэмыщIауэ сабий сад, спортым щыхуагъасэ школ, ныбжьыщIэхэр гъуазджэм щыхурагъаджэ центр иджырей мардэхэм къитIасэу щызэрагъэпэщыжынущ. ИужьреитIым ехьэлIа лэжьыгъэхэр илъэситIкIэ екIуэкIынущ: 2024 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэри хыхьэу. Программэм ипкъ иту, Бахъсэн, Аруан районхэм я къуажэхэм пхрыкI гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Абы нэмыщI, 2023 гъэм республикэм и районищым къыщрахьэжьауэ щыта Iуэхухэм щыпащэнущ: ЩэнхабзэмкIэ унэхэр Псыхъурей, Эльбрус къуажэхэм щызэфIагъэувэнущ, спорт комплексыщIэрэ топ джэгупIэрэ Щхьэлыкъуэ къуажэм щаухуэнущ. Зи гугъу тщIы лэжьыгъэм, федеральнэ, республикэ бюджетхэм къыхэкIыу, 2024 гъэм, псори зэхэту, сом мелуан 387,4-м нэблагъэ трагъэкIуэдэнущ. Къэрал программэр республикэм зэрыщагъэзащIэм кIэлъыплъыр КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэрщ. КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|