КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм щекIуэкIащ коллегием и зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ я лэжьыгъэм кърикIуам.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений, КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и Советым и секретарь Тату Къазбэч, республикэ прокурорым и къуэдзэ юстицэм и чэнджэщэгъу нэхъыжь Дэрмывэ Игорь, Урысейм и МВД-м и Краснодар университетым IэщIагъэм& щыхагъахъуэ и Кавказ Ищхъэрэ институтым (СКИПК, Налшык къ.) и унафэщI полицэм и полковник Щхьэгъэпсо Заурбий, республикэ МВД-м и IэнатIэхэм я унафэщIхэр, министерствэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэм и къуэдзэ Петровский Владимиррэ Хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я советым и унафэщI Думай Борисрэ.
КъБР-м щыIэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министр полицэм и генерал-лейтенант Ромашкин Игорь къыщыпсалъэм къыхигъэщащ къапщытэж мазихым республикэ МВД-м зэрыщыпащар законым- рэ хабзэмрэ гъэбыдэным, цIыху-хэм, абыхэм я мылъкум я шынагъуэншагъэм ехьэлIа лэжьы гъэм.
- Республикэ унафэщIхэмрэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ дадэщIыгъуу едгъэкIуэкI лэжьыгъэм Iэмал къыдет республикэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм ди нэIэ тедгъэтыну, щIэпхъаджагъэм дызэрыпэщIэтыр дгъэбыдэну, зэфIэхыпхъэм и чэзум гу лъыттэну,- жиIащ Ромашкин Игорь.
Министрым къызэрыхигъэщащи, цIыхум фэбжь хьэлъэ къызыхих, хъунщIэн, дыгъуэн щIэпхъаджагъэхэр нэхъ мащIэ хъуащ.
ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъы-хьащ министерствэм и лэжьы-гъэр нэхъри егъэфIэкIуэным теухуауэ щIапхъэу къалъытэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ щыIэ министерствэм и лэжьакIуэхэм я IэщIагъэм СКИПК-м зэрыщыхагъахъуэм кърикIуахэм тепсэлъыхьащ институтым и унафэщI Щхьэгъэпсо Заурбий
Министерствэм и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм я Iуэхур зытетым тепсэлъыхьащ КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэшагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм, Наркотикхэм кIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм, УГИБДД-м, Экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и IэнатIэм я унафэщIхэр. Ахэр пыухыкIауэ къытеувыIащ я лэжьыгъэм пыщIа гугъуехьхэм.
ЗэIущIэм щагъэбелджылащ гу нэхъ зылъытапхъэхэр икIи министр Ромашкин Игорь ахэр пхыгъэкIыныр къалэн ящищIащ абыкIэ пщэрылъ зыхь лэжьакIуэхэм.
Коллегием и зэIущIэр Iуэху гуапэкIэ иухащ. Министерствэм и Iэтащхьэ Ромашкин Игорь зи къалэныр фIыщIэ пылъу езыхьэкIхэм ведомствэм и дамыгъэхэр яритащ.