КъБР-м и Правительствэр гъэунэхуныгъэм и телъхьэщ.

КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщI Мусуков Алий яIущIащ УФ-м щIэ­ныгъэмрэ егъэ­джэ­ныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Трубников Григорийрэ къэралым и щIэныгъэлI цIэ­рыIуэ­хэм­рэ. Ахэр Къэбэрдей­-Балъ­къэ­рым къэ­кIуащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием ядернэ къэ­хутэныгъэхэмкIэ и инс­титутым Бахъсэн щиIэ нейтринэ обсерваторэм щрагъэкIуэкIыну гъэу­нэхуныгъэм хэтын пап­щIэ.
ЗэIущIэм ирихьэлIащ КъБР-м цIыхухэр егъэ­джэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ, щIа­лэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректор Алътуд Юрий сымэ.
ПроектыщIэр официаль­нэу тхьэмахуэ махуэм ирагъэжьащ. Ар зытеухуар ней­тринэ «къабзэ» жыхуа­Iэр къэубыдынырщ. Трубников Георгий зэрыжиIамкIэ, Бахъсэн нейтринэ ­об­серваторэм дунейпсо ­мы­хьэнэ зиIэ гъэунэхуны­гъэ къыщызэрагъэпэщащ. Про­ектым и бюджетыр сом мелуан 300-м ноблагъэ.
ЗэщIыгъуу ягъэзэщIэну проектым илъэс зыбжанэ япэкIэ елэжьу щIадзащ Урысей Федерацэм Егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, ЩIэ­ныгъэ организацэхэм я федеральнэ агентствэр, «Росатом» къэрал корпорацэр, Дубнэ къалэм Ядер­нэ къэхутэныгъэхэмкIэ дэт институт зэгуэтыр, Курчатовым и цIэр зезыхьэ институтыр, нэгъуэщI щIэ­ныгъэ центр зыбжанэ. ЩIэ­ныгъэлIхэм проектыр гъэзэщIэнымкIэ методикэхэр зэхалъхьэрт, зыхуеи­ну къалъыхъуэ пкъыгъуэ­щIэр къэзыгъуэтыфыну обо­рудованэ зэрагъэ­пэ­щы­рт. Иджы а Iэмэ­псы­мэщIэр Бахъсэн и нейт­ринэ обсерваторэм щагъэуващ икIи къагъэсэбэпу щIа­дзащ.
УФ-м щIэныгъэмрэ егъэ­джэныгъэ нэхъыщ­хьэмкIэ и министрым и япэ къуэ­дзэм зэрыжиIамкIэ, гъэу­нэхуныгъэр Iыхьэ зыбжа­нэу зэпыудауэ щытынущ. Япэр мазищкIэ, жэпуэгъуэ мазэм и кум нэсыху, екIуэ­кIынущ, етIуанэр 2020 гъэм хиубыдэнущ.
Трубников Григорий ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий къелъэIуащ проектым инфраструктурэ дэIэпыкъу­ныгъэ иритыну, псом япэу, уэлбанэм къыгуилъэсыкI джабэхэр гъэбыдэнымкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм пыщIа Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ защIи­гъэкъуэну.
Мусуков Алий жиIащ ­Бахъсэн нейтринэ обсе­ваторэр республикэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхущIапIэу зэрыщытыр икIи къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Правительствэр Бахъсэн щрагъэкIуэкI проектым сыт и лъэныкъуэкIи сэбэп хуэхъуну зэры­хьэ­зырыр.
Мы проектыр гъэзэ­щIэ­ным хиубыдэу премьер-министрым къыхилъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правитель­ст­вэр, Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ егъэ­джэ­ныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэр, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и ака­демием ядернэ къэхутэ­ныгъэхэмкIэ и институтыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым зэры­зэ­дэлэжьэну зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэну. А документыр зэман кIэщIым ­къриубыдэу ягъэхьэзырынурэ, КъБР-м и Правитель­ствэм и зэIущIэм щыхэп­лъэнущ.

гъэрокъуэ Масирэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.