КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым и унафэщI Бечелов Ильяс зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ щIыналъэм и экономикэ зыужьыныгъэм епха хабзэхэр зыхуэдэмрэ ахэр зэрырагъэфIакIуэ щIыкIэмрэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Салим, депутатхэр, советым хэтхэр.
Жанатаев Салим къыхигъэщащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхамрэ абы ипкъ иткIэ языныкъуэ къэралхэр Урысейм лъэпощхьэпо къыхуэхъуну зэрыхэтымрэ гугъуехьхэр къашэми, къэралым и экономикэр зэрызэпIэзэрытыр. «Урысейм ар зэрыхузэфIэкIыр куэдым къагурыIуэркъым, ауэ абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр къэралым и цIыхубэр зэрызэкъуэтырщ, ди пашэм и дэIэпыкъуныгъэхэрщ, щIыналъэ унафэщIхэм социальнэ, экономикэ Iуэхухэр тэмэму къызэрызэрагъэпэщырщ, - жиIащ Жанатаевым.
КъаIэта Iуэхум теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмрэ хьэрычэт IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Войтов Алексей. Ар тепсэлъыхьащ экономикэ, хьэрычэт, инвестицэ Iуэхухэр егъэфIэкIуэным теухуауэ республикэм къыщащта законхэм, абыхэм я лъэныкъуэкIэ КъБР-м и Правительствэмрэ КъБР-м и Парламентымрэ зэрызэдэлажьэ щIыкIэм. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэ зыужьыныгъэм хуэунэтIауэ мы зэманым закон нэхъыщхьэу 16 республикэм къыщагъэсэбэп. 2020 гъэм и жэпуэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ, нэгъуэщI IуэхухэмкIи зэрызэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэр зэращIылIауэ щытащ. Мы зэманым комитетыр йолэжь «КъБР-м и сату-промышленнэ палатэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и проектым. 2024 гъэм КъБР-м и Парламентыр и гъатхэ зэхыхьэгъуэм зэлэжьынухэм къыщытеувыIэм, Войтовым къыхигъэщащ «Лъэпкъыбэ экономикэ зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэныр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ щIыпIэ унафэр зезыхьэ IэнатIэхэр зэлэжьыпхъэхэр» законопроектыр абыхэм зэращыщыр, хэхакIуэхэм зэраIущIэ Iуэхухэми адэкIэ зэрыпащэнур.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ - проект лэжьыгъэмкIэ департаментым и унафэщI ТIымыжь Хъусен жиIащ министерствэм и къалэнхэр Iуэху зэмылIэужьыгъуэу 60-м нэблагъэкIэ гуэшауэ зэригъэзащIэр.
- Ди лэжьыгъэм и нэхъыбэр къызыдогъэпэщ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и стратегие ухуэкIэм теухуауэ» КъБР-м и Законым тету. Абы ипкъ иткIэ къэрал программэхэр зэхэгъэувэнымрэ къэщтэнымрэ къызыдогъэпэщ. Мы зэманым къэрал программэу республикэм 27-рэ щагъэзащIэ, щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэдэну хуэдгъэфащэр гъэ къэс, республикэм и бюджетыр къыщащтэкIэ, зэхыдогъэувэ, - жиIащ къэпсэлъам.
ТIымыжьыр щхьэхуэу тепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ зыщегъэужьыным теухуауэ» КъБР-м и Законым. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, уз зэрыцIалэр щыщыIа зэманым щегъэжьауэ гугъуехьхэр нэхъыбэ хъууэ зэрекIуэкIами емылъытауэ 2023 гъэр еух, республикэм и экономикэм ехъулIэныгъэфIхэр иIэу. «Хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ къапщтэмэ, ахэри зэхъуэкIыныгъэ къэхъуахэм тэмэму хэзэгъэжащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, дызэрыт илъэсым и мазэ 11-м абыхэм къызэщIаубыдэ лэжьакIуэхэр цIыху мин 21-рэ мэхъу, - жиIащ ТIымыжьым. - ХьэрычэтыщIэхэм я бжыгъэми хэхъуащ - мин 15-м нос. КъищынэмыщIауэ, зи щхьэ хуэлажьэу зезыгъэтхахэми кIуэ пэтми къахохъуэ. Мы зэманым апхуэдэхэр республикэм цIыху мин 70-м щынэблэгъащ. Хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ зэрызиужьыр къэзыгъэлъагъуэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ абы къыхэкI налогым щIыналъэм къыхуихь хэхъуэр зыхуэдэр. 2023 гъэм и мазипщIым республикэм и бюджетым хьэрычэт Iуэхум хэтхэм налог хэхакIэ къыхуахьар нэхъыбэщ нэгъабэрейм елъытауэ (ар зы мелардрэ мелуан 658-рэ мэхъу). Промышленностым къыщIигъэкIамкIи, сатумкIи, инвестицэхэмкIи хэхъуэхэр диIэну худогъэфащэ.
ЗэIущIэм хэтахэм я Iуэху еплъыкIэхэр жаIа нэужь, КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ советым зэлэжьыпхъэхэр игъэбелджылащ.