Музыкэ къэрал театрым дыгъэгъазэм и 12-м щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухуд-2023» лъэпкъ зэпеуэр. Абы щытекIуащ «Призвание» медколледжым щеджэ Хьэбжокъуэ Тамилэ. Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ уэрэджыIакIуэ Теунэ Джэмалрэ Урыс Миланэрэ.
Тхыдэ дахэ къызыдекIуэкI зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щеплъыжащ зи ныбжьыр илъэс 16-м щыщIэдзауэ 27-рэ хъу пщащэ зэкIуж икIи акъылыфIэу 11. КъыжыIапхъэщ, мыгъэрей зэпеуэм «Мисс Русское радио» щIыхьыцIэр 2007 гъэм зыхуагъэфэща Жылэ Илонэ и щапхъэу зэрыщытыр. Къэбгъэлъагъуэмэ, хъыджэбзхэм я нэхъыбапIэр ди республикэм щопсэу. Абыхэм къадэкIуэу, зэпеуэм и зэфIэкI щеплъыжащ Беларусым щыщ, Гъуаз- джэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал университетым щеджэ, абы щекIуэкIа «Мисс СКГИИ» зэхьэзэхуэм щытекIуа, илъэситI хъуауэ Налшык щыпсэу Клундук Софьи.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIухуд-2023» зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэ, продюсер, режиссёр икIи сцена-рист Къамбий Амир жиIащ нэхъапэкIэ екIуэкIа мыпхуэдэ зэпеуэхэм Интернет IэIэтыр щыхабзэу щытами, мы гъэм абы зэхъуэкIыныгъэ зэрыхалъхьар. Музыкэ театрым кIуахэм Iэмал яIащ абы и щIыхьэпIэм деж щагъэува, тхылъымпIэ пхъуантэм зи сурэт тет, нэхъ ягу дыхьэ хъыджэбзым я Iэр хуаIэтыну.
ЕгъэджакIуэ Iэзэхэм я нэIэм щIэту, хъыджэбзхэм мазэрэ ныкъуэкIэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыращ: утыку итыкIэ, зыIыгъыкIэ, лъэдакъэ тетыкIэ, къафэ, нэгъуэщIхэми. ЖыпIэнуракъэ, лъэпкъ фащэхэр къызыщыпсу, зэкIужу зыкъэзыгъэлъэгъуа дэтхэнэ пщащэми хуэфащэт тхьэIу-худ щIыхьыцIэр. ЗэрытщIэщи, мыпхуэдэ зэпеуэхэм зэрыщыхабзэу, фIым я фIыжыр къыхэхыныр зи къалэн къэпщытакIуэ гупым хэтхэми, дауи, я лэжьыгъэр тынштэ-къым.
КъэпщытакIуэ гупым хэ-тащ модель IуэхущIапIэхэм-рэ щэнхабзэ центрхэмрэ я лIыкIуэхэр, егъэджэныгъэм, спортым, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, жылагъуэм щыщхэр, дахагъэмкIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэ щыхъуахэр. Абыхэм къапщытащ пщащэхэм я Iущагъыр, IэпэIэсагъэр, я лъэпкъ фащэхэр зыхуэдэр, къафэхэм зэрыхуэмыхамэр. Апхуэдэу Кавказым щызекIуэ хабзэхэм, лъэпкъ щэнхабзэм зэрыщыгъуазэр ягъэнэIуащ, зэпеуэр езыгъэкIуэкIым и упщIэхэм жэуап иратащ, я акъыл жанагъэр къагъэлъагъуэу.
Пшыхьыр и кIэм щынэблагъэм, къэпщытакIуэ гупым хэт Къардэн Залинэ жиIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхьэIуэхуд-2023» щIыхьыцIэр Хьэбжокъуэ Тамилэ зэрыхуагъэфэщар. Зэпеуэм зэрихабзэу, нэгъабэ мыпхуэдэ зэпеуэм щытекIуа Гулиевэ Зульфия и тажыр иритащ Тамилэ. Япэ вице-мисс хъуащ Тау Дианэ. ЕтIуанэ вице-миссыр Хьэлышх Алинэщ. ТекIуахэм яхуэупсащ щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ.
Зэхьэзэхуэр щIэщыгъуэ икIи гукъинэж хъуащ. Ар къызэзыгъэпэщахэм мыбыкIэ къалэну зыхуагъэувыжар щIалэгъуалэр лъэпкъ щэнхабзэм драгъэхьэхыныр, пщащэхэм я дахагъэр, акъылыфIагъэр, щэныфIагъэр къагъэлъэгъуэныр, зэфIэкI зиIэхэр къагъэнэIуэныр, нэхъри зрагъэужьынырти, къехъулIауэ жыпIэ хъунущ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ республикэм и артист цIэрыIуэхэм. Зэпеуэр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр я дэIэпыкъуэгъуу.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.