Ди республикэм и къалащхьэ Налшык мы махуэхэм щекIуэкIащ «Хэкум хуэпэжхэр» ныбжьыщIэ зэхуэс иныр. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щылажьэ кадет школ куэдым я лIыкIуэхэу 100-м щIигъу. Апхуэдэу зэхуэсым кърагъэблэгъащ кадет школхэм я егъэджакIуэхэр, къэрал гъэзэщIакIуэ IэнатIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр.
Апхуэдиз цIыху зыхэт зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэ-хэм ящыщщ кадет зэщIэхъееныгъэм адэкIи зегъэужьыныр, абыхэм щадэлажьэ IуэхущIапIэхэм я зэхуаку зэпыщIэныгъэщIэхэр дэлъхьэныр. Мыхьэнэшхуэ иратащ ди къэралым къитаджэ щIэблэм хэкуп-сэ гъэсэныгъэ егъэгъуэтыным нэхъри зегъэужьыным, псом хуэмыдэу иджырей лъэхъэнэм.
ЗэIущIэм кърихьэлIа псоми гуапэу захуигъэзащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз. Абы и псалъэм къыхигъэщащ зэхуэсышхуэр хьэщIэр зи щIасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыщызэрагъэпэщар зэригуапэр икIи ди деж абы хэтхэм щагъэкIуэну зэманыр купщIафIэу, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмрэ зэхуэзэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIауэ зэрыщрахьэкIынур.
- Кадетхэр ди къэралым и къэкIуэнур зыгъэбелджылыну, абы и гъащIэр зыубзыхуну щIэблэм ящыщщ. Ди фIэщ мэхъу фэ, нобэ зэхуэсым хэт ныбжьыщIэхэр, ди Хэку иным и ехъулIэныгъэхэм хьэлэлу хуэлэжьэну хэкупсэ нэсхэу фызэрыщытыр, - жиIащ Мокаевым, ныбжьыщIэхэм захуигъазэу. - Шэч къытесхьэркъым мы зэIущIэм къриубыдэу куэдым ныбжьэгъущIэхэр къызэрывгъуэтынум, щIэныгъэщIэхэр зэрызэвгъэгъуэтынум. ЕхъулIэныгъэфIхэр фиIэу лэжьыгъэ купщIафIэ къефхьэлIэну, ди ныбжьэгъу лъапIэхэ!
ЩIыналъэпсо мыхьэнэ зиIэ зэIущIэр махуитIкIэ екIуэкIащ. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту къызэIуаха нэужь, абы хэта ныбжьыщIэхэм лэжьыгъэм гуп-гупу пащащ. КъинэмыщIауэ, кадетхэр жыджэру хэтащ дзэ-хэкупсэ джэгу гъэщIэгъуэнхэм, егъэджэныгъэ купщIафIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Я проект лэжьыгъэхэр утыку ирахьэурэ ахэр пхагъэкIащ. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэр зэдэгуэшащ ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ. Псоми яфIэхьэлэмэтащ форумым къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэр, ныбжьыщIэ куэд зыхэта лъэпкъ, щэнхабзэ Iуэхугъуэхэр.
Къыхэдгъэщынщи, «Хэкум хуэпэжу» кадетхэм я щIыналъэпсо зэхуэсыр къызэрагъэпэщащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «Урысей Федерацэм и цIыхухэр хэкупсэу гъэсэн» федеральнэ программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ. Ар зэгъэуIунымрэ къызыхуэтыншэу егъэкIуэкIынымкIэ фIыщIэ зыбгъэдэлъыр КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэм, УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм КъБР-мкIэ щиIэ IэнатIэм я IэщIагъэлIхэращ.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.