ВДНХ-м щекIуэкI «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ иным Iуэху гъэщIэгъуэн куэд щокIуэкI мы махуэхэм.
2024 гъэм ди къэралым щекIуэкIыну ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестивалыр къызэIуахыным къэнэжа махуи 100-р къыпыбжыкIын щыщIадзащ абы. Дунейпсо зэхыхьэхэм зэрыпежьэ хабзэр мызыгъуэгуми IэщIыб ящIакъым. Олимпиадэхэр, чемпионатхэр къызэзыгъэпэщ къэралым ар къыщызэIуихынум махуи 100 къыщынэм деж хьэщIэхэм ирагъэлъагъунумрэ ирагъэщIэнумрэ наIуэ къэзыщI «Iупхъуэхэр» зэIуех.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестивалым къызэхуишэсынущ егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, хьэрычэт, псапэ щIэным, волонтер Iуэхухэм, медиам, щэнхабзэм, спортым, нэгъуэщI IэнатIэ куэдым щыпашэ щIалэгъуалэу мин 20-м нэблагъэ. Абыхэм ящыщу мини 10-р нэгъуэщI къэралхэм къикIынущ. Иджы япэу апхуэдэ щIалэгъуалэ зэхыхьэхэм хэтынущ илъэс 14 - 17 зи ныбжь ныбжьыщIэу мин, 500-р ди къэралым щыщу, 500-р хамэ щIыпIэхэм къикIауэ. Ар 2024 гъэм гъатхэпэм и 1 - 7 махуэхэм «Сириус» федеральнэ щIыналъэм щекIуэкIынущ. ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестивалым и щIыналъэ программэр гъатхэпэм и 10-м щегъэжьауэ 17 хъуху екIуэкIынущ. Абыхэм къызэхакIухьынущ Урысейм и хэгъэгу 30.
КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, зэхыхьэм хэтынущ къэрал пщIы бжыгъэхэм къикIахэр. ИджыкIэ я тхылъхэр ирагъэтхащ Австралием, Вьетнамым, Индонезием, Канадэм, Китайм, Кореем, США-м, Таиландым, Японием, нэгъуэщI къэралхэми я лIыкIуэхэм.
ВДНХ-м щагъэува ЩIалэгъуалэм я унэм щIалэгъуалэ мин къыщызэхуэсащ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэм хэтыну, абы зыкърагъэхьэлIат спортсмен цIэрыIуэхэм, артистхэм, волонтерхэм, политикхэм. Зи гугъу тщIы зэхыхьэр егъэкIуэкIыныр зи пщэ дэлъ, Урысейм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и агентствэм и жэрдэмкIэ, къэнэжа махуи 100-р къыпабжыкIын щIадзащ. А махуэм утыку кърахьащ дунейпсо мыхьэнэ зиIэну фестивалым и дамыгъэу щытыну Чебурашкэри. Ар ауэ сытми къыхахакъым. АтIэ а псэущхьэ гуакIуэ цIыкIур зэныбжьэгъугъэмрэ пщIэ зэхуэщIынымрэ я дамыгъэу къалъытэ. КъищынэмыщIауэ, ар къэралу хъуам къыщацIыху. Гъатхэпэм и 1-м щегъэжьауэ къэрал куэдым щылажьэ социальнэ сетхэм нэхъыбэ дыдэу итынур Чебурашкэращ.
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир фестивалым теухуауэ къыщыпсалъэм жиIащ ЩIалэгъуалэм я дунейпсо зэхыхьэм хэтынухэр хьэщIэ нэхъ лъапIэ дыдэм хуэдэу Урысейм къызэрыригъэблэгъэнур икIи ди къэралым и ехъулIэныгъэхэмрэ щалъагъунухэмрэ ахэр зэрыдихьэхынур, нэхъыбэм зэрытри-
гъэгушхуэнур и фIэщ зэрыхъур къыхигъэщащ.
Къэрал унафэщIым зэрыжиIамкIэ, нобэкIэ къэрали 183-м къикIа тхылъ мин 250-рэ къаIэрыхьащ къызэгъэпэщакIуэхэм. «Апхуэдэ жэрдэмым къегъэлъагъуэ ныбжьэгъугъэм нэхърэ нэхъ къару лъэщ зэрыщымыIэр», - жиIащ Путиным. Апхуэдэуи къэрал унафэщIым къелъытэ Урысей Федерацэм и щыIэкIэ-псэукIэр, тхыдэр, хабзэр, лъапIэныгъэхэр зэрагъэщIэну куэд къыхуэпабгъэу. Путиным жиIащ ди къэралым и ехъулIэнгъэхэр куэдым зэрафIэтелъыджэр. «И хэкум и зыужьыныгъэм папщIэ къалэн нэхъ гугъу дыдэхэми зезыпщыт жылагъуэращ псори зи фIыщIэр, ахэр сыт хуэдэ лъагапIи нэсыфынущ. Псом хуэмыдэу Урысейр Iэмалхэм я къэралщ, ар щIалэгъуалэм я дежкIэ хуабжьу сэбэпщ», - жиIащ къэрал Iэтащхьэм.
ЩIалэгъуалэ зэхыхьэ иным хэтынущ Урысейм и щIыналъэщIэхэм щыщ волонтер 200-м щIигъу. Зэхуэсышхуэм щылэжьэну, къызэгъэпэщакIуэхэм ядэIэпыкъуну хуейуэ жэрдэм зыщIа щIалэгъуалэм я бжыгъэр мин 40 мэхъу. «А бжыгъэхэм къагъэлъагъуэ, санкцэхэмрэ зэпэщIэувэныгъэхэмрэ емылъытауэ, цIыху зэхущытыкIэм гъуни нэзи зэримыIэр. Урысейр япэми ещхьу фIыуэ ялъагъу, цIыхухэр къэкIуэну хуейщ. Дэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым хьэщIэхэм ягу дрихьын щхьэкIэ», - жиIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэ.
Мыбы ещхь фестиваль Урысейм щыщекIуэкIар 2017 гъэращ. Абы лъандэрэ Урысейми, хамэ къэрал куэдми яIэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэмрэ зэщIэхъееныгъэмрэ куэдкIэ нэхъ лъэрызехьэ хъуащ. Мы гъэм фестивалым нэхъыщхьэу щагъэлъэгъуэнур гуапагъэр зэрылъапIэрщ, урысей цIыхухэм я псэм и къабзагъырщ, урысей щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ зэрыгъунэншэрщ. КIэщу жыпIэмэ, щIалэгъуалэр Iуэхугъуитхум нэхъ теухуауэ лэжьэнущ. Дауи, япэ махуэр зыхухахынур мамырыгъэр дунейм щытепщэу щытынырщ, етIуанэр - лъэпкъ зэкъуэтыныгъэрщ…
Зэхуэсым хэтынущ зэпсэлъэныгъэхэр, лекцэхэр, жэрдэмщIакIуэхэм я зэIущIэхэр, зэхьэзэхуэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, мастер-классхэр, нэгъуэщIхэри.
«ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI Древаль Максим зэрыжиIамкIэ, фестивалым спикер цIэрыIуэу кърагъэблэгъахэм ящыщщ режиссер, продюсер Бессон Люк. Абы къызэхуэсынухэм яжриIэнущ иджырей кинор зэрытрах щIыкIэр, абы лъабжьэ хуэхъур, кином гъащIэм щигъэзащIэ мыхьэнэр. Къапщтэмэ, махуитхум къриубыдэу фестивалым и утыкухэм къыщыпсэлъэнущ спикер зы минрэ ныкъуэрэ. Концертым артист мини 3-м зыкъыщагъэлъэгъуэнущ. Зэхыхьэм щрагъэкIуэкIыну я мурадщ документальнэ кином и фестиваль, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы щIалэгъуалэр хуабжьу дехьэх. Къызэхуэсахэм ящIа сурэтхэр щагъэлъэгъуэн, я Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэр щащэн утыкухэр щыIэнущ. Абы хэтынущ Урысейм ис лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэм ущедзакъэ хъун утыкуи.
Фестивалым и къалэн нэхъыщхьэр дунейпсо зэдэлэжьэныгъэр гъэбыдэнырщ, щэнхабзэ, лэжьыгъэ зэпыщIэныгъэхэр егъэфIэкIуэнырщ, псом хуэмыдэу хамэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ щIалэгъуалэр зэшэлIэнырщ.
ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестивалым Кавказ Ищхъэрэм щыщу хэтыну волонтёрхэр ягъэхьэзырын щIадзащ. Ахэр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетымрэ Пятигорск къэрал университетымрэ щрагъэджэнущ. Волонтер 260-рэ икIынущ Дагъыстэным, Ингушым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Шэшэным, Ставрополь крайм.
НэщIэпыджэ Замирэ.