Налшык щагъэув япэ ИлъэсыщIэ псейхэр. Дыгъуасэ жьыуэ Абхъазым и утыкум псей IэрыщI дахэр зыIыгъыну гъущI конструкцэр щагъэуври, псей къудамэхэр дахащэу ирагъэубыдыжащ. КъыкIэлъыкIуэ махуэхэм ар ягъэщIэрэщIэнущ.
Къалэм и сату щIапIэхэми хьэпшып цIугъэнэхэр къыщIалъхьащ. Дауэдапщэхэр къэсыным иджыри зэман иIэ пэтми, щэхуакIуэхэр куэдщ.
Абыхэм яхэтщ микрофибрэ, пластикэ пкъыгъуэхэм къахэщIыкIахэр. Ахэр нэм къыфIэнэу зэрыщIам удехьэх. Псалъэм папщIэ, абджыпсым хуэдэу узэпхыплъу щIа пхъуантэ гъэщIэрэщIахэм къопсэлъэным хуэдэу ирагъэтIысхьа уэс IэшкIэхэмрэ уэсэпсыр къызытещ розэхэмрэ дахащэщ. Тыгъэхэм яхэтщ Уэс гуащэ, мыл кIанэ, уэсым щIигъэна пхъэ дакъэхэр, Уае Дадэм и Iэлъэ, и баш нэгъунэ…
ИлъэсыщIэ скульптурэ цIыкIухэм елэжьхэми яхузэфIэкI къагъэнакъым: щIымахуэ тхыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа фалъэхэр, псейхэр, сыхьэтхэр, гъэр зей «благъуэр» - нэр яхьэхуу илъэсыщIэ тыгъэ хьэзырщ.
ИлъэситI ипэкIэ махуэшхуэм ехьэлIа псори «ретро» щапхъэм нэхъ иту екIуэкIащ, мы гъэр мардэ пыухыкIа гуэрми тегъэщIауэ щымыту, лъэхъэнэ псори зэхуэдэу къызэщIиубыдэ хуэдэщ, тлъагъухэм тетщIыхьмэ. Хьэпшып цIыкIухэм яхыболъагъуэ зэман жыжьэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, псейр зэрагъэдахэу щыта щыгъэхэм, сурэтхэм тращIыкIахэри, абы зэуэ къыхэбэкъукIыу арт-дизайн гъэпсыкIэм хуэкIуэхэри.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, илъэсыщIэм япэу зыхуэзыгъэхьэзыр сату щIапIэхэм мыгувэу къакIэлъыкIуэнущ сабий IэпщIэлъапщIэ-хэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ выставкэхэри. Гъэ къэси хуэдэу, абыхэм кърахьэлIэнущ щхьэж зыхуэIэзэм теухуауэ игъэхьэзыра, зыми емыщхь хьэпшып гъэщIэгъуэныщэхэр. Сыт хуэдэ лъэхъэнэми ахэр къазэрыдекIуэкIыр гуапэщ. КъищынэмыщIауэ, унагъуэхэм иджыпстуи щахъумэ абдж пIащIабзэхэм, тхылъымпIэ щабэ зэгъэлъахэм къыхэщIыкIа пасэрей хьэпшып цIыкIухэр: мэз псэущхьэхэр, къуалэбзухэр, шэху уэздыгъэхэр, щыгъэ блахэр… Зэманыр зезыгъакIуэ ИлъэсыщIэми иIэжщ зыми емыщхь езым и тхыдэ къулей.
Шэрэдж Дисэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.