Робот-хирургым и зэфIэкIыр инщ

Дон Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и дохутырхэм иджыблагъэ робот-операцэ хуащIащ Луганск ЦIыхубэ Республикэм щыщ пенсионерым.

Илъэс 65-рэ зи ныбжь цIыхухъум щахэ лышх къыпкъры­хьауэ къахутат. Узыфэр 2-нэ лIэужьыгъуэм ­нэсати, операцэр сэбэп хъуну дохутырхэм щыжаIэм, ­Луганск  къикIри, Ростов къэкIуащ. ИкIи IуэхущIапIэм и он­коуро-лог­хэм я Iэмэпсымэ лъэщхэмкIэ операцэ телъыджэ хуа­щIащ сымаджэм. 
- НобэкIэ щIэныгъэр здынэсам тещIыхьауэ дунейм ­нэхъ Iэмэпсымэ лъэщ дыдэу тетхэр диIэщ, - жеIэ лышх узыфэхэмкIэ щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и уна­фэщI профессор Кит Олег. - Абы къыхэкIыу, щахэ лыш­хым ебэнынымкIэ ехъулIэныгъэфIхэр къыдогъэлъагъуэ. Узым къыщIидзагъащIэмэ, брахитерапиекIэ доIэзэ ­сымаджэм е роботкIэ операцэ дощI. Луганск къикIа цIыхухъум и ныбжьымрэ къефыкI лышх лIэужьыгъуэмрэ зэпэтшэчри, роботкIэ операцэ тщIыну тедухуат. Къыхэгъэщыпхъэщ иужьрей зэманым ди IуэхущIапIэм роботхэр куэду къызэрыщыдгъэсэбэпыр. Сыту жыпIэмэ, цIыхур зэгуэдмыгъэжу, лъы куэд фIэмыкIуэду, узышхуи имышэчу зэфIокI, псынщIэуи зэфIоувэж. 
«Узыншагъэ» лъэпкъ Iуэхум и фIыгъэщ Дон Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм робот-хирург къызэрищэхуфар. АбыкIэ доху­тырхэм хуиту операцэ ящI зи тхьэмбылыр, лъатэр, кIэ­тIийр, гъутхьэпсылъэр, лъхуалъэр, лъхуадэхэр, щахэр лыш­хым иубыда сымаджэхэр. 
- Робот-хирургыр уэздыгъэ нэхукIэ, сурэттехкIэ, ды­зы­хуэныкъуэнкIэ хъуну Iэмэпсымэ псомкIи къызэгъэпэщащи, сымаджэр зэгуэгъэжауэ ущхьэщытым хуэдэу, хуиту операцэ уощIыф, ауэ куэдрэ кIыж, хьэлъэу къеуз уIэгъэшхуэхэр пщIыкъым, уеблэмэ операцэ нэхъ хьэлъэ дыдэу къалъытэхэр пхуогъэкIуэкI. Мы лIым къеуэлIа лышхыр зэрыщыту къыхэдгъэжащ, абы уз лей химыхыу, сэкъат имыгъуэту къызэтенащ, - къыхегъэщ онкоурологие къудамэм и унафэщI, профессор Шевченкэ Алексей. 
Фырэ Анфисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.