Къэрал, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Мэлбахъуэ Тимборэ къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу абы и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м исхэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ уполномоченнэ Зумакулов Борис, КъБР-м и Парламентым и депутат, КПРФ-м и щIыналъэ къудамэм и япэ секретарь Пащты Борис, КъБР-м и Парламентым и депутат Кебеков Владимир, нэгъуэщIхэри.
Библиотекэм и лэжьакIуэхэм «Имя - как примета эпохи» тхылъ дапхъэ ягъэхьэзыращ, лъэпкъым и къуэ щэджащэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ.
Пшыхьыр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ библиотекэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емуз Анатолэ. Абы и псалъэм къыхигъэщащ Мэлбахъуэ Тимборэ и уна-фэм ущIэту улэжьэным зы лъэныкъуэкIэ пщIэрэ щIыхьрэ пылъами, тыншу зэрыщымытар, и лэжьэгъухэми и щхьэми къалэн инхэр яхуигъэуву къызэрекIуэкIам къыхэкIыу.
- Къэрал лэжьакIуэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщу щытащ Мэлбахъуэр. Лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэр, нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна хьэл-щэн нэхъыфIхэр дэплъагъурт а цIыху акъылыфIэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIым хузэфIэкIырт щIыналъэм щыпсэу лъэпкъ псори зэкъуигъэувэну. Ар шыIэныгъэ зыхэлът, къулыкъушхуэ иIыгъми, пагэтэкъым. Абы и щхьэ, и унагъуэ IуэхукIэ къыхуей хъуахэр Мэлбахъуэм хуэзэфынут. Аращ егъэлеяуэ пщIэ хуащIу щIыщытари, - жиIащ Емузым. - ЩIэнгъуазэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ Мэлбахъуэм и щIалэгъуэм щыщIэдзауэ тхылъ зэхуихьэсащ. Абыхэм ящыщ куэд библиотекэм тыгъэ къыхуищIыжащ ипхъу Ольгэ. Абы щылэжьа нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, Мэлбахъуэр я IуэхущIапIэм къэкIуэрейт икIи тхылъхэр хуэсакъыу зэрихьэрт. Классикэ теплъэ зиIэ библиотекэ нэхъыщхьэр абы и щIэинщ. 2007 гъэм щыщIэдзауэ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зэрехьэ республикэм и библиотекэ иным.
Зумакулов Борис Мэлбахъуэ Тимборэ и дуней тетыкIар игу къыщигъэкIыжым, и псалъэм къыхигъэщащ япэщIыкIэ Хэкум, иужькIэ и щхьэм егупсысхэм ящыщу ар зэрыщытар.
- Мэлбахъуэ Тимборэ и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ, псэемыблэжу къэралым къулыкъу зэрыхуищIар, и унафэм щIэта республикэр сыт и лъэныкъуэкIи зэрыригъэфIэкIуар щIалэгъуалэм я дежкIэ щапхъэфIщ, - жиIащ Пащты Борис.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.