Лъагъуныгъэр, пщIэр, нэмысыр.

«Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ», - жыIэгъуэ пэжым къегъэлъагъуэ ар къэралым и зы Iыхьэу, жылагъуэм и быдапIэу зэрыщытыр. Аращ къыщежьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл дахэ псори: лъа­гъуныгъэри, пщIэри, нэмысри, гумащIагъри, пэжыгъэ­ри… Апхуэдиз мыхьэнэ цIыху гъащIэм щызиIэ уна­гъуэм гулъытэшхуи щегъуэт ди хэкум. Мы гъэм илъэс 11 мэхъури ди къэралым щагъэлъапIэ Уна­гъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэ­пэжыным я махуэр.
Мы тхьэмахуэм ди республикэми щаIэт а махуэшхуэр. Апхуэдэт Бахъсэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэхыхьэр. Абы щагъэлъэпIащ районым щыщ зэщхьэгъусэ зыбжанэ. Махуэшхуэр гъэлъэпIэнымкIэ къэралпсо комитетым къыбгъэдэкI «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ» медалыр хуагъэфэщащ Куба къуажэм щыщ зэщхьэгъусэхэу Чэтбийхэ Малиррэ Ленэрэ, Псыхъурей щыпсэухэу КIужхэ Мухьэдинрэ Iэсиятрэ, ПсыкIэху щыщхэу Къэрмокъуэхэ Iэхьедрэ Розэрэ, Къэсейхьэблэ дэсхэу Гуанэхэ Юрийрэ Сусаннэрэ я уна­гъуэхэм.
ЩIыпIэ администрацэм къыб­гъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ «Илъэсым и унагъуэ» урысейпсо зэпеуэм щытекIуа унагъуэхэм. Апхуэдэхэт «Уна­гъуэр лъэпкъ хабзэхэм я ­хъумакIуэщ» унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщызыхьа, Жан­хъуэтекъуэ щыщ БатIитIэхэ я унагъуэр. Ахэр хэтынущ зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэм. «УнагъуэщIэ» унэтIыныгъэм ещанэ увыпIэр къыщызыхьа ­Гъутхэ я унагъуэри щагъэ­лъэпIащ зэхуэсым.
Апхуэдэ Iэгуауэ зыхуаIэтахэм ящыщщ «Си унагъуэ» сурэт зэпеуэм щытекIуахэри. Апхуэ­дэхэщ Ислъэмей щыщхэу Къэжэрхэ Наурызрэ Маринэрэ, Зеикъуэ дэсхэу Щомахуэхэ Ибрэхьимрэ Таисэрэ, Кременчуг-Констатиновскэ жылэм щыпсэухэу Къуэдзокъуэхэ Казбекрэ Инессэрэ. А унагъуэхэм хуагъэфэщащ удз гъэгъаи саугъэт лъапIэхэри.
- Нобэ дгъэлъапIэ махуэшхуэр епхащ дэ тщыщ дэтхэнэми и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэм: унагъуэм, абы илъ лъагъуныгъэмрэ пэжыгъэмрэ, зэгурыIуэныгъэмрэ гуапагъэмрэ, - къыхигъэщащ унагъуэхэм щехъуэхъум Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур. - Унагъуэращ псоми тхэлъыфыну хьэлыфIхэм я къежьапIэр. «Унагъуэр быдэмэ, къэралыр лъэщщ», - жиIащ псалъэжьым. Дэтхэнэ унагъуэми сохъуэхъу насыпыфIэу, щIэблэ узыншэ къащIэхъуэу, я мурадхэр къайхъулIэу псэуну.
Бахъсэн къалэми щхьэхуэу щекIуэкIащ гуфIэгъуэ зэхуэс. Къалэ администрацэм и унэм ирагъэблэгъат унагъуи 4. Апхуэдэхэт Ковпаковхэ Геннадийрэ Ольгэрэ, Бещтохэ Мухьэрбийрэ Ларисэрэ, Хъуэтхэ Арсинрэ Iэминатрэ, Беты­гъуэнхэ Анзоррэ Ларэрэ я унагъуэ дахэхэр: нэхъыжьхэри, бынхэри, къуэрылъху-пхъу­рылъху­хэри. ЗэIущIэм хэтащ къалэ советым и депутатхэр, администрацэм и лэжьакIуэ­хэр, Бахъсэн къалэм щыIэ ­IуэхущIапIэ зыбжанэм я унафэщIхэр, ЗАГС-м и щIыналъэ къудамэм и IэщIагъэлI­-хэр. Ар иригъэкIуэкIащ къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Бырхьэм Залинэ. «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ» медалыр, удз гъэгъахэмрэ саугъэтхэмрэ унагъуэхэм иратащ.
Iуащхьэмахуэ щIыналъэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ а махуэр. Илъэс 25-кIэ е нэхъыбэкIэ зэдэпсэуа зэщхьэгъусэ зыбжанэ кърагъэблэгъат махуэшхуэм хузэхаша пшыхьым. А хьэщIэ лъапIэхэм: Неппеевхэ Борисрэ Халкечевэ Заремэрэ, Ахъмэтхэ Мурадинрэ Ферузрэ, Атмурзаевхэ Сапаррэ Латенэ­-рэ - гуапэу зыхуагъэзащ Iуа­щхьэмахуэ щIыпIэ админист­рацэм и Iэтащхьэ Залиханов Къанщобий, щIыпIэм щыпсэу бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и пашэ Ахъмэт Марьям сымэ.
«Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэ­жыныгъэмрэ» медалыр зы­хуагъэфэща зэщхьэгъусэхэм фIыщIэ ин ящIащ къыхуащIа гулъытэр. Ахэр тепсэлъыхьащ ­ я унагъуэ быдэхэм икIи насыпыфIэхэм илъ хабзэм, пщIэмрэ нэмысымрэ. Адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм жылагъуэм щаIэ апхуэдэ пщIэ лъагэм щыгуфIыкIащ абыхэм я бынхэри я къуэрылъху-пхъу­рылъхухэри.
Махуэшхуэ зэхыхьэхэр гуфIэгъуэ концертхэмкIэ яIэтащ, абыхэм джэгу дахэхэри зэхашащ. Зэхуэсхэм я кIэухыу абы хэтахэм сурэтхэр зытрагъэхащ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.