ДЭНЫР БЗЫЛЪХУГЪЭМ ЙОКIУ

Къэшэж - Шыбзыхъуэ Иннэ Иджырей модэмкIэ лицейм щеджащ, Iупхъуэхэр щид и IуэхущIапIэ цIыкIу къызэригъэпэщауэ, и псэм дыхьэ IэщIагъэм гурыфIыгъуэ къыхех. Щыгъын дынырщ нэхъапэкIэ зызыхуигъэсар, ауэ Iупхъуэхэрщ нэхъыбэу идыр. «Щхьэ абы удихьэха?», - жыпIэмэ, «сыунэгуащэщи», - жи. Унэр игъэщIэрэщIэну, Iэхуитлъэхуит ищIыну фIэфIщ. 
Иннэ и IэщIагъэр къыхихауэ щытащ и адэшхуэ-анэшхуэм я чэнджэщкIэ. ЗэрыцIыкIурэ ищIэрт, ин хъумэ, дахэу дэф зэрыхъунур. «Бзылъхугъэм и дежкIэ дэрбзэрыным нэхъ IэщIагъэ дахи щыIэкъым, унэгуащэм екIури, нэхъыбэ дыдэу къыхуэсэбэпынури аращ» жиIэрейт и адэшхуэм. Бзылъхугъэм адэшхуэм и псалъэхэр игъэунэхуащ. 
Хъыджэбз цIыкIу куэдым хуэдэу, гуащэхэм фэилъхьэгъуэхэр яхуидыну фIэфIт Иннэ щыцIыкIум. ЩэкI бзыхьэхуэ зэмыфэгъухэр зэхуихьэсырт, дэн-бзэн хьэпшыпхэр зыдэлъ пхъуантэ гъэщIэрэщIа цIыкIуи зэригъэпэщат. 
- Зэгуэр си шыпхъум сэрэ дызэдэIэпыкъурэ дда бостей цIугъэнэмкIэ школым ИлъэсыщIэ псейм щытхуращIэкIа пшыхьым срикIуауэ щытащ. А махуэм сэ зыкIэ сынасыпыфIэти! - жеIэ. 
Иннэ и Iупхъуэхэм ягъэдахэ унагъуэ куэдым я пэшхэр. ФIыщIэ къыхуащI, къытрагъазэурэ ягъадэ. Аращ и гур хэзыгъахъуэр, зимыгъэпсэхуу нэхъыбэрэ дэмэ нэхъ къыщIищтэр. 
Иннэ къелъытэ унагъуэр гъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэу. Унагъуэ насыпым IэщIагъэр щекIум деж нэхъыфIыжщ. 
- ЗэрыжаIэщи, уи псэм фIэфI гуэр IуэхущIафэ пщIымэ, зы махуи улажьэу зыхэпщIэнукъым. Унэгуащэу, анэу сыщытыныр тынш къысщещI дэрбзэрыным. Арауэ си гугъэщ бзылъхугъэм и дежкIэ нэхъыщхьэри – и псэм фIэфI гуэр илэжьмэ, гукъыдэжи иIэщ. Зи Iэпэм дахэ гуэр къигъэщIыр абыкIэ и псэми еIэзэу жыпIэ хъунущ. Сэри си IэщIагъэм сесащи, ар си унэ къалэнхэм ящыщу къызолъытэ. 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.