БЗЭМ ХУЭСАКЪЫМ ЛЪЭПКЪРИ ЕХЪУМЭ

Адыгэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм пшыхь гуапэ ще­кIуэ­кIащ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэр щагъэлъапIэу. 

«Адыгэбзэ - адыгэпсэ» зы­фIа­ща зэхыхьэм кърагъэблэгъат Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм ­ады­гэбзэкIэ къыщыдэкI тхылъ­хэм я редактор Джэрыджэ Арсен, Кэнжэ къуажэм и щIыпIэ ­ад­министрацэм и Iэтащхьэ Степан Эдуард, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Налшык къудамэм и уна­фэщI НафIэдз Мухьэмэд сымэ.
Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIым и къуэдзэ Балэ Людмилэ пшыхьыр къыщызэIуихым, къызэхуэсахэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи ар илъэс куэд-кIэ ягъэлъэпIэну къахузэпищэну зэригуапэр жиIащ. «ЗэрыфщIэщи, 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсщ. Ар ­къалъытэри, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Му­хьэмэдрэ гупыж ящIащ щIыхь тхылъхэмрэ тхылъ саугъэтхэмкIэ ди егъэджакIуэхэр ягъэгушхуэ-ну. Анэдэлъхубзэм хуэсакъым лъэпкъ­­ри ихъумэу аращи, мы Iуэхугъуэр икъукIэ ди гуапэу къызэдгъэпэщащ. Егъэджа­кIуэ­хэр фыжыджэру, фи дерсхэр щIэ­щыгъуэу къызэвгъэпэщу, щIэблэр анэдэлъхубзэм девгъэ­хьэхыфу иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэм фигъэлажьэ», - жиIащ Балэм.
Степан Эдуард адыгэ лъэп­къым ехъуэхъуащ нэхъыжьыфI­хэр ущиякIуэу иджыри куэдрэ  япэ итыну, ныбжьыщIэхэр узын­шэу, Iущыцэу къыхуэхъуну. «Адыгэм хабзэ дахэхэр диIэщи, абыхэм тетын, лъэпкъыр зыгъэпэжын дэтхэнэри Тхьэм дищI», - къыхигъэщащ абы. 
- Ди егъэджакIуэ дыщэхэ! Фигу къэзгъэкIыжынщи, КъБР-м Егъэ­­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр ди дэIэпы­къуэгъуу, 1999 гъэм «Си бзэ, си псэ - си дуней» зэпеуэр едгъэ­жьауэ щытащ, егъэджакIуэхэр дгъэ­пажэу, - пищащ адэкIэ Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд. - Абы лъандэрэ илъэс тIощIрэ плIырэ дэ­кIащи, ди къуажэхэр псори къы­зэхэткIухьащ, егъэджакIуэ нэс куэди дгъэпажащ. ИкъукIэ си гуа­пэщ Адыгэхэм я махуэм теухуа мы пшыхьым абыхэм ящыщ куэд нобэ къызэрырихьэлIар. Фи Iэ­щIагъэр нэхъ пажэхэм, мыхьэ­нэшхуэ зыпылъхэм ящыщщ. Адыгэм и щIэблэ дахэм я анэ­дэлъхубзэр ивогъащIэри, Тхьэм фыхущIигъэхьэ, гукъы­дэжрэ узыншагъэрэ къывит. 
Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъыр иратыжащ илъэс 50-м щIигъуауэ егъэ­джэныгъэ лэжьыгъэм хэт Къэ­рэжь Тамарэрэ Сэрахъэ Людэрэ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и бгъэхэIу дамыгъэр ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд хуигъэфэщащ адыгэбзэм зегъэужьыным зэпымыууэ егугъу Балэ Людмилэ. 
НафIэдз Мухьэмэд ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэм ­фIы­щIэ яхуищIащ, адыгэ Iуэхум теухуауэ сыт щыгъуи зэхыхьэ щIэ­щыгъуэ куэд зэрырагъэ­кIуэ­кIыр къыхигъэщу. 
ЕгъэджакIуэхэр ягъэпажа нэужь, абыхэм я нэгу зрагъэужьащ «Нэмыс» сабий къэфакIуэ гупым хэтхэм, ТхьэкIу­мащIэ Аслъэн, ШыкIэбахъуэ Ислъам, Хъупэ Марьянэ, Къагъырмэс ФатIимэ, Щокъуий Мурат, Iэпсэ Дианэ сымэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.