«ПУШКИНЫМ И КАРТЭР» МЭЛАЖЬЭ

Зэры-Урысейуэ къапщтэмэ, «Пушкиным и картэр» зыIыгъхэм я бжыгъэр цIыху мелуаниблым щIигъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм иджыблагъэ хъыбар къызэритамкIэ, ди щIыналъэ щIалэгъуалэм ящыщу апхуэдэ картэр цIыху 44045-м яIэщ. Абы къызэщIеубыдэ зи ныбжьыр илъэс 14-м щегъэжьауэ 22-м нэс ныбжьыщIэхэр, икIи, къыхэгъэщын хуейщ, абыхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.

«Пушкиным и картэмкIэ» махуэ къэс щэнхабзэ Iуэхугъуэ мин 25-м щIигъум уеплъыфынущ. Картэр зыIэрызыгъэхьа щIалэгъуалэм ар нэхъыбэ дыдэу къызэрагъэсэбэпыр кино еплъыну щыкIуэрщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, картэр зытегъэпсыхьа программэм киногъуазджэр хэтакъым, ауэ абы къыщIэупщIэр куэд зэрыхъур къалъытэри, блэкIа илъэсым и мазаем и 1-м щегъэжьауэ хагъэхьащ. Абы лъандэрэ картэм и программэм къэралым и кинотеатрхэм я процент 80-р къепхауэ мэлажьэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, зи гугъу тщIы «Пушкиным и картэр» УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ къыхалъхьа Iэмалщ – ныбжьыщIэхэм я щэнхабзэ зэхэщIыкIым хэгъэхъуэн икIи зиужьын папщIэ. Абы ипкъ иткIэ зи ныбжьыр илъэс 14-м щегъэжьауэ 22-м нэс щIалэгъуалэм къэралым щекIуэкI хэкупсэ хуэIухуэщIэхэм хыхьэну, театр, макъамэ икIи гъуазджэ IуэхущIапIэхэм щIыхьэну Iэмал яIэщ. Гу лъытапхъэщ картэм илъ ахъшэр музей, театр икIи кино гъэлъэгъуэныгъэхэм, концертхэм фIэкIа нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм тебгъэкIуадэ зэрымыхъунум. Апхуэдэу жыIэн хуейщ къэралым картэм кърилъхьэ сом мини 3-р минитху зэрищIар.

«Пушкиным и картэмкIэ» хуиту ущIыхьэфынущ зэрыдунейуэ щыцIэрыIуэ Третьяков Павел и сурэт гъэлъэгъуапIэм, Мэзкуу дэт «Panorama 360» «Эрмитаж» къэрал музейм, «Бродвей Мэзкуу» мюзикл джэгупIэм, пащтыхь гуащэ Марие и цIэр зезыхьэ театрым, нэгъуэщIхэми.

Апхуэдэу «Пушкиным и картэм» и лэжьэкIэр зыубзыху программэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ IуэхущIапIэ зыбжанэ хэтщ: Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал Макъамэ театрыр, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрыр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал Гуащэгъафэ театрыр, Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ музейр, Сурэт гъуазджэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ къэрал музейр, Темыркъан Борис и цIэр зезыхьэ къэрал филармониер, «Кабардинка», «Балкария», «Тэрч къэзакъхэр» къэфакIуэ гупхэр.

«Пушкиным и картэр» зыIэрызыгъэхьэну хуейхэм Iуэхугъуэ зыбжанэ ящIэн хуейщ:

1. «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» интернет утыкум зыщебгъэтхын хуейщ. Апхуэдэ Iэмал яIэщ зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуауэ къэралым зэрицIыхумкIэ щыхьэт тхылъ зрата дэтхэнэри.

2. «ЩэнхабзэмкIэ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» зи фIэщыгъэ программэ гуэдзэнхэр телефоным требгъадзэ хъунущ. Ар къыщыбгъуэтыфынущ AppStore, Google Play, App Gallery жыхуаIэ телефон программэхэм. Апхуэдэу узыхуэныкъуэну QR-жыпхъэри «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» интернет утыкум къыщыбгъуэтынущ.

3. Зебгъэтха нэужь, «Пушкиным и картэм» узэрыхуейр къыбогъэлъагъуэ. Ар зыщыIэрыбгъэхьэжыфынущ Урысейм и Банкым и IуэхущIапIэм, паспортымрэ СНИЛС-мрэ ебгъэлъагъумэ.

4. «Пушкиным и картэмкIэ» уздэкIуэну Iуэхугъуэр Урысейм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и сайтым илъ хъыбарегъащIэм хэтмэ, еплъын хуейщ е билет къыщыпщэхукIэ, ар къыщыпщэху IуэхущIапIэр а программэм хэтмэ, зэгъэщIэн хуейщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.