Щэнхабзэмрэ спортымрэ я зэхыхьэ ин

Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ спортымкIэ фестивалым Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри хэтащ.

КъызэгъэпэщакIуэхэм хъыбар къы­зэ­рыдагъэщIамкIэ, мы гъэм а зэхуэсым къызэрымыкIуэу куэд къыхыхьащ. Кавказ Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ, Донецк, Луганск республикэхэм, Запорожьем, Херсон щIыналъэм къабгъэдэкIыу гуп 19 екIуэлIащ абы.
Фестивалыр «Спортыр ди гъащIэм и мардэщ» федеральнэ Iуэхум ипкъ иткIэ зэхашащ.
Ар къыщызэIуахым хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ Чайкэ Юрийрэ республикэхэм я лIыкIуэхэмрэ.
- Урысейм и хэгъэгу 16-м я лIыкIуэхэр щызэхуэсащ мыбы, - жиIащ Чайкэ Юрий. - Мы Iуэхум япэу къыхыхьащ Луганскэ, Донецкэ республикэхэр. Мы зэхуэсым и инагъыр, къызэщIиубыдэр къэплъытэмэ, спортым зегъэужьынымрэ Урысейм и Ипщэ щIыналъэм хэку щэнхабзэр хэIущIыIу щы­щIынымкIэ мы зэхыхьэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жиIащ абы.
Спортсменхэм ехъулIэныгъэхэр яIэну, артистхэр гушхуэныгъэ щымыщIэну ехъуэ­хъуащ Чайкэ Юрий.  
Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм а зэ­хыхьэм лъэпкъ пщIантIэхэр щагъэуващ, абы и фIыгъэкIэ къызэхуэсахэр ди республикэм щыпсэухэм я щыIэкIэ псэукIэм, лъэпкъ хабзэхэм нэIуасэ хуэхъуащ. Лъэпкъ IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэр, художественнэ тхыгъэхэр, хьэкъущыкъухэр утыку къыщрахьащ абы. КъБР-м и Лъэпкъ музейм декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэрагъэпэщащ абдеж.
Щэнхабзэ дауэдапщэхэм хэтащ гъуазджэм и лэжьакIуэхэмрэ республикэм и творческэ гупхэмрэ. 
Тэрчокъуэ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.