Адыгей кхъуейм и махуэшхуэ

Тхьэмахуэ блэкIам и щэбэтым яублэри, Адыгэ Республикэм и Мейкъуапэ районым хыхьэ Дахъуэ кIейм махуитIкIэ щызэхэтащ Адыгей кхъуейм и щIыналъэ­псо фестивалышхуэ. Унэкхъэжь бгылъэ щIыпIэм пэмыжыжьэу къызэрагъэпэща а лъэпкъ, щэнхабзэ, хьэрычэтыщIэ зэхуэс иныр иджы 12-нэу щрагъэкIуэкI гъунэгъу адыгэ щIыналъэм. Абы кърихьэлIат АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, республикэм и Министрхэм я Кабинетым хэтхэр, абы и министерствэхэм я унафэщIхэмрэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэмрэ, нэгъуэщIхэри. АР-м и Министрхэм я Кабинетым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ илъэс бжыгъэ хъуауэ зэхашэ махуэшхуэм хэтащ КъБР-м, КъШР-м, гъунэгъу щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм къикIа цIыху куэд. 

КъулыкъущIэхэми унэгуащэхэми, балигъхэми ныбжьыщIэхэми, цIыхухъухэми бзылъхугъэхэми, хэкурысхэми хамэ щIыпIэхэм къикIахэми – псоми зэхуэдэу яфIэхьэлэмэт махуэщIыр гъэщIэгъуэну, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ гъэнщIауэ екIуэкIащ. Фестивалым кърихьэлIа псоми фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат. 
- Къэралым, дунейм и щIыпIэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуа ди адыгей кхъуейм и щIыхькIэ нобэ ди республикэм 12-нэу щызэхэтша гуфIэгъуэ зэхуэс иным кърихьэлIа псоми сэлам фызох. Ди гуапэ зэрыхъущи, мы Iуэхугъуэр щIыналъэм зэрыщедгъэкIуэкIынум и хъыбарыфIыр нэхъапэIуэкIэ щызэлъащIысащ Кавказ Ищхъэрэми гъунэгъу щIыпIэхэми. Абы и щыхьэтщ нобэ Iуэхум кърихьэлIа ­нэгузегъэужьакIуэхэм ящыщ куэдым республикэм зэрыщыIэну я зыгъэпсэхугъуэр мы махуэхэм зэрытрагъэхуар, Адыгейм кхъуейм щращIэкI дауэдапщэ хьэлэмэтым щыгъуазэ зыхуащIын, езыхэри абы жыджэру хэтын папщIэ, - жиIащ КъумпIылым. – Къыхэзгъэщынщи, зызыужь, ефIакIуэ зэпыту екIуэкI ди щIыналъэм зыщеузэщI экономикэм и унэтIыныгъэ куэдым. Кхъуейрэ абы къыхащIыкI ерыскъыпхъэхэу нэгъабэ и закъуэ тонн мин 26-рэ щащIащ республикэм. Ипэ ита илъэсым еб­гъапщэмэ, ар процент 20-кIэ нэхъыбэщ. Ди кхъуейр щыцIэрыIуэр Адыгейм и закъуэкъым, атIэ Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэ куэдым щызэбграх, щIэупщIэшхуэ иIэу. Адыгэхэм ди лъэпкъ шхыныгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ кхъуейм нобэ хузэхэтша дауэдапщэр абы кърихьэлIа дэтхэнэми гукъинэж дахэ хуэхъун папщIэ, махуэщIыр къызэзыгъэпэщахэм ялъэкI псори зэращIэнум шэч хэлъкъым. Зывгъэпсэху, адыгей кхъуейм, нэгъуэщI ерыскъыпхъэхэми къахэщIыкIа лъэпкъ шхын зэмылIэужьыгъуэхэр зыIувгъахуэ, фи нэгу зевгъэужь, ди къуэшхэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ.

Мейкъуапэ къалэм и утыку нэхъыщхьэм 2012 гъэм япэ дыдэу щрагъэкIуэкIа махуэшхуэм и купщIэкIи, и теплъэкIи зиужьащ, Iуэхугъуэ хьэ­лэмэт куэди къыхыхьащ. Дахъуэ губгъуэм щагъэуват лъэпкъ пщIантIэхэр, абы къыщызэIуахат кхъуейм къы­дэкIуэу, нэгъуэщI гъэшхэкIхэри, хьэп­шып цIыкIухэри, саугъэт хьэлэмэтхэ­-ри щащэ жармыкIэхэр. Щыкуэдт лъэпкъ IэфIыкIэхэу тхъурыжьыр, хьэ­лыуэр, зэкIэрысыр, хъарбыз фор, апхуэдэуи лэкъумыр, лыр, пIастэр, шыпсыр. Лъэпкъ пщIантIэхэм бы­сым­хэм ирагъэблагъэрт махуэшхуэм ­къекIуэлIахэр, адыгей кхъуейм и лIэу­жьыгъуэхэм хьэлэмэту къахутеп­сэлъыхьу, ар куэду зытет Iэнэ къы­хуащтэу. Языныкъуэ пщIантIэхэм ­унэгуащэхэм щагъэлъэгъуащ кхъуей зэрыхах щIыкIэр. Абдеж щыхахагъащIэ кхъуей хуабэр, шэжыпс къы­зыпыжыр, дауи, IэфIыщэт.
Лъэпкъ пщIантIэхэм дыхьэурэ абыхэм махуэшхуэм къыщыхузэрагъэпэща Iуэхугъуэ псоми, гъэлъэ­гъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэри кхъуей хэхынымкIэ мастер-классхэри яхэту, щыгъуазэ зыхуащIащ республикэм, абы и къалащхьэмрэ хиубыдэ щIы­пIэхэмрэ я пашэхэм. ЩIыналъэм и Iэтащхьэм хуэдэу, дауэдапщэм жы­джэру хэтащ ахэр. ЦIыхухэм уа­хэп­лъэмэ, гу лъыптэрт АР-м щэнхаб­зэмкIэ и министр Iэулъэ Юрэ, АР-м Лъэпкъ Iуэхухэм, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хъыбарегъащIэ ­IэнатIэхэмкIэ и комитетым и пашэ Щхьэлахъуэ Аскэр, Мейкъуапэ къалэм и администрацэм и Iэтащхьэ ­Митрофанов Геннадий сымэ, нэ­гъуэщI къэрал къулыкъущIэхэри жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэри махуэщIым кърихьэлIахэм епсэ­лъы­лIэу, Iуэхум ехьэлIа хъыбар хьэ­лэ­мэтхэр ираIуэтылIэу зэрахэтым. 
КъинэмыщIауэ, Адыгей кхъуейм и фестивалым хэтащ АР-м Лъэпкъ щэнхабзэмкIэ и центрым и IэщIагъэлIхэр. Абыхэм къызэрагъэпэщащ лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэмкIэ, IэрыщI гъуазджэмкIэ гъэлъэгъуэныгъэ-жармыкIэ хьэлэмэт. Центрым и лэжьыгъэм щыгъуазэ зыхуэзыщIа республикэ Iэтащ­хьэми адрей къулыкъущIэхэми а ­псори хуабжьу гунэс ящыхъуащ. Гъэ­лъэгъуэныгъэм кърахьэлIа хьэпшып хьэлэмэтхэм ящыщт пхъэм, мывэм, ятIагъуэм къыхэщIыкIахэр, апхуэдэуи дыщэидэ хьэпшыпхэр, сурэтхэмрэ Iэмэпсымэ гъэщIэгъуэн цIыкIухэмрэ. Абдеж дыдэм IэпщIэлъапщIэхэм ­щрагъэкIуэкIащ мастер-классхэр. Тхы­пхъэщIыпхъэ зыхэлъ хьэпшып ­дахэхэр пхъэм къыхиIущIыкIащ бжьэ­д­ыгъу щIалэ Къуэстэкъуэ Руслан, адыгэ арджэн екIу абдеж щызэIуищащ абазэхэм ящыщ Даур Рэмэзан, дыщэидэмкIэ дерс гъэщIэгъуэнхэр ирагъэкIуэкIащ зи Iэпэм дыщэ къы­пыщхэу кIэмыргуей пщащэ Сет Софят, шапсыгъ бзылъхугъэ Мыгу Ру­заннэ, къэбэрдей цIыхубз БытIэ Азэ сымэ, урыс лъэпкъым щыщ Волгин Александр ятIэгъэкIыргъкIэ ятIагъуэм кхъуэщын пщэ псыгъуэ ныбэф дахэкIей къыхищIыкIат. Махуэшхуэм ­кърихьэлIа куэдым ягу ирихьащ адыгэ лъэпкъ псэукIэр зи лъабжьэ, бгъэIэпхъуэ хъу унэ-музейр. «Лъэужь» фIэ­щыгъэр зиIэ а лъэпкъ проектым и жэр­дэмщIакIуэри къызэзыгъэпэща­-ри «Матэ» адыгей кхъуей лIэужъьы­гъуэр щащI IуэхущIапIэм и унафэщI, беслъэней хьэрычэтыщIэ щIалэ жы­джэр ЦыщIэ Къазбэчщ. 
Фестивалым утыку къришат адыгэ­хэм я мызакъуэу, къэралым щыпсэу лъэпкъхэм я лIыкIуэ куэд. ЖыпIэну­рамэ, гуфIэгъуэр хъуат лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, зыузэщIыныгъэм я махуэщI. 
А псоми къадэкIуэу фестивалым и утыкушхуэм щекIуэкIащ Шу Хасэм къызэригъэпэща шыгъажэ, кхъуейм­рэ адрей лъэпкъ шхыныгъуэхэмрэ ятещIыхьа зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэ­хэр, сабийхэм папщIэ зэхьэзэхуэ хьэ­лэмэтхэр, аттракционхэр лэжьащ, цIыху куэд зыхэта кхъуейплъыжь­кIэ­рыщIэ гъэщIэгъуэныр, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри. Республикэм и Джаджэ ­районым гъэшхэкIхэм щелэжьу щыIэ заводым и IэщIагъэлIхэм къыхалъ­хьэри, мыгъэрей фестивалым хьэ­лэмэту щызэпеуащ кхъуей зы­фIэфI­хэр. IуэхущIапIэм гъэунэхуныгъэхэр щрагъэкIуэкI и лабораторэм и пашэм и къуэдзэ Гъурыжь Маринэ зэрыжиIамкIэ, заводым и унафэщIхэм я жэрдэмым тету, мыбдеж щрагъэ­кIуэ­кIащ адыгей кхъуейр зэгъусэу шхы­нымкIэ цIыху куэд зыхэта флэшмобыр. Грамм 70 - 100 хъууэрэ зэпагъэ­лъэлъа кхъуей Iыхьэ цIыкIухэр зэпеуэу зэдашхащ махуэщIым къекIуэлIахэм ящыщу цIыху 254-м. Хэт нэхъ псын­щIэу нэхъыбэ имышрэ, жаIэу къыхалъ­хьа зэхьэзэхуэм щытекIуар бгъэ­нэIуэну тынштэкъым, атIэми, апхуэдиз цIыху зыхэтар хьэлэмэтт икIи гукъы­дэжыр къэзыIэтт. Нэхъыщхьэращи, эксперт-кIэлъыплъакIуэхэм зэры­жа­­IамкIэ, абдеж щагъэуващ кхъуей зэ­гъусэу шхынымкIэ урысейпсо рекорд. Ар иратхэнущ «Урысейм щагъэува ­рекордхэм я тхылъым». 
КъыкIэлъыкIуэ махуэми пащащ ­гуфIэгъуэм. Iуэхум и кIэухыу хэIущIыIу ящIащ абы къыщызэрагъэпэща зэ­пеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм, гъэлъэ­гъуэныгъэхэм пашэ щыхъуахэр. Ап­хуэдэхэт лъэпкъ пщIантIэхэм я нэхъыфIу къалъыта Куэшхьэблэм щыщ­хэм къызэрагъэпэщар, ерыскъы нэхъ IэфI дыдэ зыпщэфIауэ къалъытахэу Адыгейск къалэм щыщ Хьэкужь Замирэрэ Джаджэ районым и лIыкIуэ Гъыш ФатIимэтрэ. Тохъутэмыкъуей районым щыщ Ачмыжь Мысырхъан хуагъэфэщащ «Адыгей кхъуей нэхъыфI дыдэу зыщI» саугъэт лъапIэр. 
ГуфIэгъуэр щекIуэкIа Iуэхугъуэ псори къызэщIикъуэжу, абы къекIуэлIа журналистхэм иужькIэ яхуэзащ ­КъумпIыл Мурат. ЗэфIагъэкIа лэ­жьыгъэмкIэ арэзы хъуа Iэтащхьэм фIыщIэ яхуищIащ ар къезыхьэлIа ­псоми. Абы зэрыжиIамкIэ, фести­валым дяпэкIи пащэнущ, «Адыгей кхъуей» фIэщыгъэ цIэрыIуэр нэхъри нэхъ хэIущIыIу ящIу. ДяпэкIэ ар щрагъэкIуэкIынущ, Iэтащхьэм и псалъэм къызэрыхигъэщамкIэ, Щхьэгуащэ (Белая) псым и сэмэгурабгъу Iуфэм къедза Дэгъуэкъуэ губгъуэм деж. Мы зэманым абы щокIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр. 
КъумпIылым жэуап яритащ журналистхэм зэрызыхуагъэза упщIэхэм. Фестивалым ирагъэблэгъа, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Жыласэ Заурбэч и упщIэр теухуат «Адыгей кхъуейм и фестивалым» и гъунапкъэхэр нэхъри ишэ­щIыным - гъунэгъу адыгэ щIыналъэ­хэри абы къыхэгъэхьауэ, зэхуэсми «Адыгэ кхъуейм и фестиваль» фIэ­щыгъэр епт щхьэ мыхъурэ? Абы и жэуапу щIыналъэм и Iэтащхьэм жи­Iащ «Адыгей кхъуей» фIэщыгъэр къэ­рал псом цIэрыIуэ щыхъуа сату фIэ­щыгъэу зэрыщытыр икIи юридическэ и лъэныкъуэкIэ къару зэриIэр. «Абы къыхэкIыу фестивалым и цIэр ап­хуэдэу къанэмэ, нэхъыфIщ, атIэми, «Адыгэм хьэщIэ и щIасэщ», - жы­хуиIэращи, ди гуапэщ ди къуэш Къэбэрдей-Балъкъэрри Къэрэшей-Шэрджэсри абы къыхыхьэмэ», - къыхигъэщащ КъумпIылым. 
Фестивалыр ягъэдэхащ абы и  утыкухэм къыщызэрагъэпэща концерт зэмылIэужьыгъуэхэм. Iуэхум жы­джэ­ру хэтащ «Мейкъуапэ и пшэплъ­хэр» творческэ гупыр, республикэм и ар­тистхэр, нэгъуэщIхэри. Ди респуб­ликэм икIауэ концертым хэтащ зи уэрэдхэр куэдым фIыуэ ялъагъу, Кавказым и артист вагъуэхэм халъытэ Хъыжьрокъуэ СулътIан. Iэгуауэш­хуэхэм щIэту адыгэ щIалэм игъэзэщIа уэрэдхэм гур къызэщIаIэтэрт, псэр яхьэхурт, лъэр ягъэжанырт. 
Лъэпкъ шхыныгъуэм и щIыхькIэ ­зэхаша махуэшхуэм къримыхьэлIэфахэм папщIэ «эфир занщIэ» къы­щызэрагъэпэщат «Вконтакте» Интернет напэкIуэцIым. 
МахуитIкIэ екIуэкIа гуфIэгъуэр зэ­хуащIыжащ адыгэ джэгу екIукIэ. ИужькIэ пщыхьэщхьэм хьэрэкIытIэ зэмыфэгъухэр ягъэлъэтащ. Абы хэ­-тахэм фэеплъ сурэт куэд зытрагъэ­хащ, а Iуэху дахэм и гукъэкIыж хъун хуэдэу. 

КЪАРДЭН  Маритэ. 
Налшык - Мейкъуапэ -
Налшык.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.